И пэщIэдзэм ирихьэлIэу къэпхутэмэЛышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ Лышхыр гъэхъужыгъуей узыфэ шынагъуэщ. Ауэ и чэзум къахута дэтхэнэ зы узыфэми хуэдэу, пасэу къапщIэмэ, куэдкIэ нэхъ тыншу пхуэгъэхъужынущ ар зэуэлIар, абы и Iэпкълъэпкъым зыщиубгъуным хунэмысу къыпхузэтегъэувыIэнущ. ЦIыхур нэхъыбэу зэрылIыкI узыфэхэм я деж етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ лышхым. Дуней псор зыщыщтэ уз шынагъуэм илъэс къэс цIыху мелуани 8-м нэблагъэ йолIыкI. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, нэхъыбэу абы ихьыр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, илъэс 60 - 70-м итхэрщ. Апхуэдэу щытми, кIуэ пэтми узыфэ бзаджэм зыIэщIилъхьэ щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я бжыгъэми хохъуэ. Медицинэ щIэныгъэлIхэм илъэс бжыгъэкIэрэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ абы и Iэзэгъуэ зэхуэмыдэхэр къагъэнэхуащ, а лэжьыгъэм адэкIи къыпащэ. - Лышх узыфэр цIыхухэм илъэс куэд щIауэ къадэгъуэгурыкIуэми, абы къежьапIэ хуэхъу дыдэр нэсу зэхэгъэкIа хъуакъым. Ар цIыхум къыдалъхункIэ хъунущ, и Iыхьлыхэм ящыщ гуэрым ар япкърытамэ, езыми ар къеузынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Узыфэр къэзыхэкIынкIэ хъуну щхьэусыгъуэхэм ящыщщ тутыныр, фадэр, наркотикыр, шхын мыузыншэр, физическэ жыджэрагъ зэримыIэр. Апхуэдэу егъэлеяуэ зыгъэгуауэщхьэуэн Iуэху хэхуа е зи нэгу щIэкIа цIыхуми а узыр къылъыкъуэкIынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Мыхэр щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щыткъым, ауэ узым «лъабжьэ» хуэхъуфынущ, - жеIэ Лышх узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерым и поликлиникэ къудамэм и унафэщI Ахматовэ Адинэ. Куэдым апхуэдэу къащыхъуми, лышхыр зыпкърыт цIыхур Iэмал имыIэу абы илIыкIын хуейуэ щыткъым икIи илIыкIыркъым. Узыр зэуэлIам игъуэт Iэзэгъуэм елъытауэ, ар пкърытуи илъэс куэдкIэ псэуфынущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдым я дежкIэ ар фIэщщIыгъуейщ, лышх шыкъырыр Iэпкълъэпкъым хэтмэ, абы уеIэзэкIи зыри пхуемыщIэну къалъытэу. ЦIыхухэм яIэ апхуэдэ еплъыкIэм зрагъэхъуэжын, узыфэм теухуауэ нэхъыбэ кърагъэщIэн папщIэ, Лышх узыфэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ а Iуэхум махуэ щхьэхуэ хухахащ. 2006 гъэм щегъэжьауэ мазаем и 4-р Лышх узыфэм пэщIэтыным и махуэу къокIуэкI. Лышх узыфэм щысхьырабгъу лъэпкъ имыIэу Iэпкълъэпкъым и дэтхэнэ зы Iыхьэри еубыд, уеблэмэ зы пкъынэлъынэм икIыурэ апхуэдэ зыбжанэ къызэщIиубыдэфынущ. Дунейм псом нэхъ зыщызыубгъуауэ къалъытэр бгъэ лышх узыфэрщ, абы къыкIэлъыкIуэу ар нэхъ зыхуэлъэр тхьэмщIыгъурщ. Германием щыIэ Гейдельберг къалэм дэт, Лышх узыфэхэмкIэ нэмыцэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ центрым и унафэщI, профессор Бауманн Михаэль зэрыжиIэмкIэ, узыфэм и лIэужьыгъуэ 30-р къызыхэкIыр тутынырщ икIи нэхъ псынщIэу ар зэрыхыфIадзэным цIыхухэр къыхуреджэ. «Лышх узыфэм упэщIэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъарзынэу щыIэр къэуат зыщIэлъ ерыскъы узыншэмрэ спортымрэщ. Мис абыхэм гулъытэ нэхъыбэ хуэфщI», - жеIэ нэмыцэ дохутырым. УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, гъэ къэс лышх узыфэр япкърыту къахутэ цIыху мин 600-м нэблагъэ. 2017 гъэм Урысейм щызэхалъхьащ Лышх узыфэм пэщIэтынымкIэ лъэпкъ программэ щхьэхуэ. КъищынэмыщIауэ, ар «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектми щагъэнэхъыщхьэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Хабзэ хъуауэ, илъэс къэс мазаем, Лышх узыфэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, къэралым щрагъэкIуэкI а Iуэхум хуэгъэпса зэхыхьэхэр, цIыхухэм узым зэрызыщахъумэным теухуа Iэмалхэр зэрырагъэщIэным хущIэкъуу, абы земыгъэубгъунымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм щагъэгъуазэу, гъащIэ узыншэ ирахьэкIыным къыхураджэу. Абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм и медицинэ IуэхущIапIэхэми лэжьыгъэ щхьэпэхэр къыщызэрагъэпэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъыбэм я узыр хэтIэсауэщ дохутырхэм зыщыхуагъазэр. ЩIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ профилактикэ кIэлъыплъыныгъэхэр сэбэпышхуэ мэхъу узыфэр и чэзум къахутэнымкIэ. ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, пасэу еIэзэн щIадзэмэ, цIыхур куэдкIэ нэхъ гъэхъужыгъуафIэ хъунущ. - Пхуэгъэхъужынущ, узыфэр зыхуэдэмрэ абы и щытыкIэр здынэсамрэ елъытауэ, - жеIэ Ахматовэ Адинэ. - Апхуэдэуи, адэкIэ зимыужьу, пIалъэ кIыхькIэ пхуэгъэужьыхынущ. ЩыIэщ лышх узыфэм и лIэужьыгъуэ «бзаджэхэр»: пхуэмыгъэхъужыххэхэр, пIалъэ гуэркIэ къыпхузэтегъэувыIэми, адэкIи зэуэ зыкъызэкъуихыу зызыужьхэр. Узым и пэщIэдзэм ирихьэлIэу къэпхутэмэ, ар пхуэгъэхъужынымкIэ Iэмал нэхъыбэ щыIэщ. Узым и ещанэ, еплIанэ лIэужьыгъуэхэм нэсамэ, Iэзэгъуэ Iэмалхэр нэхъ мащIэ хъуурэ макIуэ, Iэпкълъэпкъым и пкъыгъуэ нэхъыби зэщIещтэ.
Поделиться:
Читать также:
15.02.2026 - 11:18 →
ЛIэщIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ
15.02.2026 - 11:18 →
Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ
14.02.2026 - 17:09 →
Тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэ
14.02.2026 - 12:26 →
Ащхъуэтым къигупсысахэр иджыри къагъэсэбэп
14.02.2026 - 11:18 →
Зи къарум щемыблэж унагъуэм иралъхуат
| ||




