Щыхэхъуи щыхэщIи щыIащ

Урысейм и Банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, 2025 гъэм и дыгъэгъазэм ди республикэм щыщыIа инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэгъэлъэгъуауэ, проценти 5,28-рэ хъуащ, ипэ ита щэкIуэгъуэм щыIа проценти 5,9-м и пIэкIэ. 
«Дыгъэгъазэм Iуэхутхьэбзэхэмрэ ерыскъымрэ я уасэм хэхъуащ, ауэ ерыскъыуэ щымыт продукцэхэм ейм кIэрыхуащ. ЖыпIэнурамэ, илъэсым къриубыдэу ерыскъымрэ ерыскъыуэ щымыт продукцэхэмрэ я уасэм хэхъуэурэ кIуащ, цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэр инфляцэм щхьэщыкIащ», - къитащ банкым и пресс-IуэхущIапIэм.
2025 гъэм и дыгъэгъазэм ерыскъым и уасэр, илъэс пIалъэм тещIыхьауэ, проценти 3,93-кIэ ехащ - щэкIуэгъуэм проценти 5,63-м нэсырт.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу гъэшхэкIым: кхъуейлъалъэм, шатэм, сгущенкэм я уасэм хэхъуащ. IуэхущIапIэхэм уасэм хагъэхьащ лэжьакIуэхэм я улахуэм зэрыхухагъэхъуам, къыщIагъэкIыр зыкIуэцIалъхьэхэм, ахэр къешэлIэным е Iушыным трагъэкIуэдам ихьахэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, илъэсым къриубыдэу гъэшхэкIым и уасэм хэхъуащ проценти 5,79-кIэ.
Нэгъабэ и дыгъэгъазэм хадэхэкIым и уасэми хэхъуащ, хуабэщхэм къыщагъэсэбэп электрокъарумрэ хуабэмрэ трагъэкIуэдар абы зэрытрагуэшам щхьэкIэ. Апхуэдэу щыхъукIи, илъэсым къриубыдэу пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ я уасэм процент 13,18-кIэ кIэрыхуащ. 
Нэгъабэ и дыгъэгъазэм ерыскъыуэ щымыт продукцэхэми я уасэр проценти 3,51-рэ хуэдизкIэ ехащ щэкIуэгъуэм щыIа проценти 4,12-м и пIэкIэ.
А пIалъэм къриубыдэу кIэрыхуащ машинэхэм ирагъахъуэ гъэсыныпхъэхэм я уасэми. Ар къызыхэкIар къэралым щIыдагъэм щелэжь и заводхэм ящыщу пIалъэ гуэркIэ ягъэувыIауэ щытахэм лэжьэн зэрыщIадзэжарщ. Апхуэдэу щыхъукIи, абыхэм я щхьэусыгъуэкIэ, 2025 гъэм и шыщхьэуIум – фокIадэм гъэсыныпхъэр проценти 7,1-кIэ нэхъ лъапIэ хъуащ.
Нэгъабэ и дыгъэгъазэм КъБР-м и цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм проценти 10,07-кIэ хэхъуащ - щэкIуэгъуэм зэрыщытар проценти 8,98-рэщ. 
А пIалъэм къриубыдэу санаторэхэмрэ курортхэмрэ я Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэми фIыуэ хэхъуащ. Абыхэм яIэ щIэупщIэм зэрыхэхъуэм къыхэкIыу, ерыскъымрэ хьэщIэщхэр зехьэнымрэ трагъэкIуэдар уасэм хагъэхьащ. Транспорт Iуэхутхьэбзэхэм я уасэми хэхъуащ. 
Инфляцэ нэхъыщхьэм и инагъыр нэгъабэ и дыгъэгъазэм КъБР-м проценти 6,11-рэ хуэдизкIэ щыкIэрыхуащ, абы ипэ ита щэкIуэгъуэм щыIа проценти 6,41-м и пIэкIэ.

 

БЭБЭЧ Болэ.
Поделиться: