Школхэр зыхуей хуагъазэТэрч районым и курыт еджапIэу 12 къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ икIи «ЕгъэджэныгъэмкIэ школ IэнатIэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэр къызэрыхалъхьэрэ блэкIа илъэсищым къриубыдэу Тэрч къалэм ейуэ щы, Терекскэ, Акъбащ Ипщэ, Красноармейскэ, Дей, Урожайнэ, Новэ-Хьэмидей, Арыкъ, Курп Ищхъэрэ, Хьэмидей къуажэхэм зырыз школ зыхуей щыхуагъэзащ. ЩIыIэми хуабэми щахъумэу«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ илъэс блэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкIащ гъуэгум щызекIуэхэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэгъэпэщыным, гъуэгум къыщыхъу насыпыншагъэхэр гъэмэщIэным хуэунэтIауэ. Къуажэдэсхэри хеубыдэ
2025 гъэм Бахъсэн щIыналъэм и цIыхухэм я псэупIэхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ къэрал, щIыналъэ пэхуэщIэ зыбжанэ районым щагъэзэщIащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ, унэгъуипщIым псэупIэхэр къащэхуащ е щIэуэ яухуащ. Ахэм псоми зэхэту сом мелуани 10-м щIигъу иратащ. Iуэхутхьэбзэхэм пагъакIуэ2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэ 1986-м субсидиехэр иратащ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм пагъэкIуэн папщIэ. Абыхэм щхьэкIэ щIыналъэ бюджетым къыхэкIащ сом мелуан 48-м щIигъу. ПсыкIэ къызэрагъэпэщАруан щIыналъэм и Мэрзэхъу къуажэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр къыщагъэщIэрэщIэж. ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ псори зэхэту зы километрым нэблагъэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр зэрахъуэкIынущ икIи, абы иужькIэ, къуажэдэс 1200-м зэпымыууэ псы къабзэ яIэрыхьэн щIадзэнущ. Гулъытэ хуащI
Пенсэм тIысыжауэ мылажьэу щысхэм щIыналъэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэр республикэм щрат икIи лэжьапIэ Iут цIыхур псэун папщIэ зы мазэм нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинум нэхърэ нэхъ мащIэ къызыхьхэм я ахъшэм худыщIагъу. Зэ тыгъуэу иратКъэбэрдей-Балъкъэрым сабий къызыхэхъуа унагъуэм щIыналъэ пособиеу зэ тыгъуэ ахъшэхэр ират хабзэщ икIи нэгъабэ апхуэдэ гулъытэ хуащIащ унагъуэ 6253-м. Абыхэм иратащ псори зэхэту сом мелуан 26,5-м щIигъу. Ахъшэр къратын щхьэкIэ, сабийр дунейм къызэрытехьэрэ мазихым щIимыгъу щIыкIэ лъэIухэр ягъэхьын хуейщ. БынитI-щы зэуэ къызыхэхъуахэм дэтхэнэми хуэзэ ахъшэхэр щхьэхуэу хуагъэувынущ.
Поделиться:
Читать также:
15.02.2026 - 11:18 →
ЛIэщIыгъуэхэр блэкIми, Пушкиныр псэущ
15.02.2026 - 11:18 →
Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ
14.02.2026 - 17:09 →
Тхыдэм и напэкIуэцI щхьэхуэ
14.02.2026 - 12:26 →
Ащхъуэтым къигупсысахэр иджыри къагъэсэбэп
14.02.2026 - 11:18 →
Зи къарум щемыблэж унагъуэм иралъхуат
| ||




