БэраIэт жэщым теухуауэ

Шэхьбаным и 14 - 15-хэм хуэзэ БэраIэт жэщыр къэсыным иIэжыр махуэ зыбжанэщ. Мы гъэм ар тохуэ мазаем и 3-м и пэ къихуэ жэщым. 
Мы жэщ лъапIэм теухуауэ хьэдис куэд щыIэщ. Алыхьыр арэзы зыхуэхъун ХьаIишэ къыбгъэдэкIыр нэхъ дахэхэм язщ.
«Уа ХьаIишэ, - жиIэри зыхуигъэзат ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и щхьэгъусэм. - Уэ пщIэркъэ мы жэщыр Шэхьбаным икурауэ зэрыщытыр? А жэщым Алыхьталэм и пщылIхэм ящыщу жыхьэнмэм къригъэлхэм я бжыгъэр Бану Къэлб лъэпкъым я мэлхэм цыуэ ятетым нэхърэ нэхъыбэщ, ауэ абыхэм яхиубыдэркъым фадэкIэ ерыщыр, адэ-анэм емыдаIуэу, абыхэм зи зэран езыгъэкIыр, зинэм къыхэмыкIыр, благъагъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ зэпызыудхэр, бзэгузехьэхэр, фитIнэ къэзыгъэхъейхэр». 
Ардыдэр нэгъуэщI псалъэхэмкIэ ХьаIишэ къиIуэтэжу къокIуэ: «Алыхьым и ЛIыкIуэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар жэщым къэтэджыжри, нэмэзым теуващ. И сэждэр апхуэдизкIэ кIыхьти, и псэр хэтыж си гугъакъым. Апхуэдэу щыслъагъум, сыбгъэдыхьэри, и лъэхъуамбэшхуэм сеIусащ, езыми ар игъэхъейри, сэждэм здэщыIэм, мыпхуэдэу жиIэу зэхызох: «Уи гъэгъуныгъэм сожалIэ, тезыр къыстеплъхьэным зыщыздзейуэ, Уэ къызэпщIэфынум сыщыщтэу, Уэ сыножэлIэж, Уэ Езым зэрызыбгъэлъэпIэжам елъытауэ, сэ УзэрызгъэлъапIэм зыри и мыхьэнэкъым». 
ИтIанэ и щхьэгъэтIылъыр зэпигъэущ, и щхьэр къиIэтыжри зыкъысхуигъэзащ: «ПщIэрэ уэ мы жэщыр зыхуэдэр?» Жэуап естащ: «Алыхьымрэ абы и ЛIыкIуэмрэ нэхъыфIу ящIэ». «Мыр Шэхьбаным и курщ. Шэч хэмылъу, Алыхьу Лъагэрэ Лъэщыр и пщылIхэм къахоплъэ Шэхьбаным икуми, тобэ къэзыхьыжхэм яхуегъэгъу, бзаджагъэ зигу изылъхьахэм, абы хущIегъэжыху, тезыр яхуигъэпсар яхуегъэIэпхъуэ». 
Шэхьбаным гулъытэ зыхуэпщI хъуну Iуэхугъуэхэм язщ Алыхьталэм зэрызыхуэбгъэзэну псалъэ лъапIэхэр зэбгъэщIэныр. Апхуэдэхэм я щапхъэщ нобэ зи гугъу тщIыну «Нарият» щэлэуатыр. 
 Муслъымэныр гъэунэхупIищым я зым итщ, жаIэ щIэныгъэлIхэм: е и узыншагъэкIэ гугъу йохь, е мылъкукIэ хэщIыныгъэ егъуэт, е и щхьэкIэ пудыныгъэ ешэч. «Сэ Сыгъунэгъущ, къызэлъэIуу зыкъысхуэзыгъазэм жэуап изот», - щIыжиIар арагъэнщ Алыхь Лъагэми. 
 Зэрыт щытыкIэр яхъуэжын мурадкIэ Алыхьым зэрызыхуагъазэ Iэмалхэм язщ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и щэлэуатхэр. Псом хуэмыдэу къаруушхуэ иIэу къалъытэ «Нарият» щэлэуатым. Девгъэплъыт абы и мыхьэнэм и дахагъым: 
 «Алыхьу ди Тхьэ! Уи хъуэхъум я нэхъ нэгъэсамрэ уи сэламым я нэхъыфIымрэ лъыгъэс зи фIыгъэкIэ гугъуехьхэр IукIуэт, хьэзабымрэ гуныкъуэгъуэхэмрэ зыдэкIуэд, хъуэпсапIэхэр къозыгъэхъулIэ, плъапIэхэм уатезыгъэIэбэ, IуэхуфIхэр дахэу езыгъэух, зи хьэтыркIэ уэшх къиутIыпщ ди зиусхьэн Мухьэммэд. Хъуэхъурэ мамырыгъэрэ ялъыус абы и унагъуэми, и гъусахэми тэлай къэс, бэуэгъуэ къэс, Уэ зэрахуэбгъэфащэ бжыгъэм хуэдизкIэ». 
 Щэлэуатыр къэзбжынщ жызыIэхэм папщIэ, и къэпсэлъыкIэр адыгэ хьэрфкIэ къэтхьынщ: 
«Бисмиллахьи. Аллахьуммэ! Щэлли щэлатэн камилэтэн уэ сэллим сэламэн таммэн гьэла сэйидина Мухьэммэдинил лэзий тэнхьэллу бихьил гьукъэду, уэ тэнфэриджу бихьил курэбу, уэ тукъда бихьил хьэуаIиджу, уэ туналу бихьир рэгъаIибу, уэ хьуснул хъэуатими. Уэ юстэскъэл гъэмаму би уэджхьихьил кэрийми, уэ гьэла Iалихьий уэ щэхьбихьи фий кулли лэмхьэтин уэ нэфэсин би гьэдэди кулли мэгьлуумил лэк». 
 «ХъуэпсапIэхэр зэрызрагъэхъулIэ Iэмал щэху» зыфIаща мы щэлэуатым и цIэр «нар» - «мафIэ» псалъэм щIрапхауэ жыхуаIэр, абыкIэ узыщIэлъэIу псоми мафIэм хуэдэу псынщIэу узэрытеIэбэрщ. 
 Пасэ зэманым Мароккэ щыпсэуа муслъымэнхэр щытыкIэ гугъу щихуэм деж, мы щэлэуатыр 4444-рэ къабжу щытауэ жаIэж. 
 «КъуртIубий и щэлэуат» цIэри зэрехьэ мыбы, КъурIэныр тэфсир зыщIа Iэл-КъуртIубий щIэныгъэлIым и цIэм къытекIауэ. Щэлэуатым теухуауэ абы жиIэу щытащ: «Iуэхушхуэ гуэр къехъулIэну е гузэвэгъуэ гуэр щхьэщыкIыну хуей цIыхум хуэфэщэн гухэлъ ирещIи, мы щэлэуатым 4444-рэ кърыреджэ, иужькIэ зыхуеймкIэ Алыхьым ирелъэIу». Иджыри жеIэ: «Мы щэлэуатым махуэ къэс 41-рэ е 100-рэ къеджэ цIыхур хьэзабуи бэлыхьуи зыхэт псоми Алыхьталэм къыхишынущ, къыщыщIынкIи хъуну псоми щихъумэнущ, и дэтхэнэ Iуэхури псынщIэ щищIынущ. Апхуэдэм и гур Алыхьым и нурым къигъэнэхунущ, и ерыскъыр бэгъуэнущ, фIыгъуэм и бжэхэр къыхузэIукIынущ, нэхъыщхьэ зызыхуигъазэхэм и хьэтыр къалъагъунущ, сыт хуэдэ бэлыхьми, гузэвэгъуэми, насыпыншагъэми, гуауэми къелынущ, цIыхухэм пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIу хъунущ, езыр Алыхьым сыткIэ елъэIуми, къыхуищIэнущ». 
А псор цIыхум къыщехъулIэнур щэлэуатым къеджэ зэпыту щытмэщ. 
НэгъуэщI жыIэгъуи щыIэщ «Нарият» щэлэуатым теухуауэ: «Махуэ къэс абы 11-рэ къеджэм и ерыскъыр уэшхышхуэм удзхэр къызэрыхигъэжым хуэдэ дыдэу къиутIыпщынущ». 
4444-рэ укъеджэным теухуауэ жаIэ: ар зы цIыхум и закъуэ игъэзащIэми, цIыху зыбжанэм зэхуагуэшми, хъунущ. Сымаджэ хьэлъэ щаIэм деж, псалъэм папщIэ, апхуэдэу ящI хабзэщ.  

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: