Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэм къыщылъ щIыхэм адыгэхэр щопсэу Мэздэгу быдапIэр къызэрыунэхурэ. ЛIэщIыгъуитIым щIигъуауэ абыхэм я адэжь хабзэхэр яхъумэу къогъуэгурыкIуэ…
1763 гъэм Екатеринэ II и унафэкIэ Мэздэгу быдапIэр яухуэ. А зэманым ирихьэлIэу, дунейм йохыж Къэбэрдей ЦIыкIум и пщы лъэрызехьэхэу Джылахъстэн Адылджэрийрэ Къаншокъуэрэ (Мудар лъэпкъым щыщхэт). Къаншокъуэм зы къуэ къыщIэнат, КургъуокъуэкIэ еджэу. Къэбэрдеишхуэр зыIэщIэлъ пщыхэм я дэкъузэныгъэр имыдэу, абы мурад ещI Iэпхъуэну. Пащтыхь гуащэм лъэIукIэ зыхуегъазэ, и унафэм щIэт цIыхухэр и гъусэу, Мэздэгу пэгъунэгъу Тэрч щIыпIэм итIысхьэну хуит къищIыну, урыс пащтыхьыгъуэм и жьауэм щIэту.
Тхыдэдж Прокоповэ Любовь етх: «Дэфтэрхэм япэ дыдэу Къаншокъуэ адыгэ унэцIэр Мэздэгу епхауэ ущрихьэлIэр и шыпхъурылъхуиплI и гъусэу ар Санкт-Петербург щыкIуарщ. ЛIыкIуэ тхыгъэм къыщыхэгъэщащ ахэр Мэздэгу деж щIы къратыну лъэIуакIуэ зэрыкIуар».
Пащтыхь гуащэм Сенатым зыщыхуигъазэм, Къаншокъуэ Кургъуокъуэ гъэIэпхъуэныр «сэбэпышхуэ хъу Iуэхуу» къызэрилъытэр къыхигъэщат. ИпщэкIэ зыщыгъэбыдэным Урысей пащтыхьыгъуэм нэгъуэщI фIагъи хилъагъуэрт: Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэр псэупIэ ящIмэ, мэкъумэшымрэ сатумрэ абдежи зыщрагъэужьыфынут. Адыгэпщым пащтыхь гуащэр къигъэгугъащ нэгъуэщI я лъэпкъэгъухэри абы здашэфыну. И псалъэр зэрыбыдэм и щыхьэтуи, чыристан диныр къищтащ. Екатеринэ Iэ щIидзащ Кургъуокъуэ Мэздэгу Iэпхъуэну хуит зыщI тхылъым.
«Къаншокъуэ Кургъуогъуэ тхыдэм къыхэна цIыху цIэрыIуэщ, Къэбэрдей ЦIыкIум и адыгэпщыр Мэздэгу и къызэгъэпэщакIуэщ. Абы езыми и Iыхьлыхэми чыристан диныр къащтат», - етх Мэздэгу члисэм и благочиннэ, протоиерей Пономаренкэ Артемий. Адыгэпщым Черкасскэ (Къаншокъуэ) Андрей цIэр къыфIащащ, и щхьэгъусэм - Верэ, ипхъухэм - Надеждэрэ Любоврэ. Кургъуокъуэ подполковник къулыкъур иратри, улахуэу сом 500 хуагъэувыжащ. Адыгэпщым и ужь иту, Мэздэгу Iэпхъуэу хуежьащ Къэбэрдейм щыщу мылъку зыбгъэдэлъ нэгъуэщI унагъуэхэри. Ауэ Iэпхъуэшапхъуэхэм я нэхъыбэр къэбэрдей мэкъумэшыщIэ щIэпхъуэжахэрт. Языныкъуэхэм я унэцIэхэр урыскIэ яхъуэжырт, тепщэныгъэр зыIэщIэлъхэм я жыIэм къыщIэкIын папщIи чыристан диныр къащтэрт. Апхуэдэу къэбэрдейхэр Мэздэгу къалэщIэм япэу Iэпхъуахэм ящыщщ. Ахэр щитIысыкIа щIыпIэм деж мэз пэгъунэгъут, арат къызытехъукIар щIыпIэм и цIэри.
1764 гъэм Мэздэгу цIыху 200 щыпсэурт. Абыхэм я нэхъыбэр чыристан диным ихьа къэбэрдейхэрат. Дзэ быдапIэм и япэ илъэсищым адыгэпщхэм мэкъумэшыщIэ унагъуэу 26-рэ яфIэкIуэдащ, хуит хъужу. ЩIыпIэм къэIэпхъуэхэр къыпхуэгъэувыIэжынутэкъым - Мэздэгу дэтIысхьэм щIы иратырт, и щхьэ Iуэху зэрихуэжыфын хуэдэу, мэш зэрищIэну Iэмал игъуэтырт.
«Хэти муслъымэнт, хэти чыристан диныр иIыгът. А зэманым нэгъуэщIу Мэздэгу уагъэIэпхъуэнутэкъым: щIы къыпIэрохьэ, ахъшэ хэха гуэр къуат, уэ - чыристан диныр къыбощтэри уопсэу , - жеIэ Мэздэгу Адыгэ Хасэм и унафэщIу щыта Дербит Валерий.
Тхыдэдж Серебряков Вячеслави етхыж гъунэгъу щIыналъэхэр зэпымыууэ къазэрытеуэм къыхэкIыу, Къэбэрдей ЦIыкIум щыпсэухэр мащIэ дыдэ хъуауэ зэрыщытар. «Ахэр хуейт я щхьи я унафэм щIэт цIыхухэри сыт хуэдэ IэмалкIи кърагъэлыну. Арат я диныр щIахъуэжыр. ИтIани, нэхъыбэу езым я диныр, адыгагъэр яIыгъыжт. Абыхэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт я хабзэм хуэпэжу къэнэну», - етх Серебряков Вячеслав.
1785 гъэм Мэздэгу дэст адыгэ унагъуи 116-рэ. Псори зы уэрамым тест - Къэбэрдей цIэр зыфIащам. Адыгэхэм къызэрагъэгугъа щIы Iыхьэхэр къратат, унэхэр иращIыхьыжауэ щIым телэжьэн щIадзат. Къэбэрдеипщхэм дауэ ямыщIами, мэкъумэшыщIэхэр яхуэIыгъыжакъым я унафэм щIэту. Зэман дэкIри, муслъымэнхэм чыристан диныр къащтэн хуейуэ къыпагъэуву щыта унафэми къару иIэжакъым.
«ЛIэщIыгъуитIым нэхъыбэ хъуауэ мыбдеж дыщопсэу. Ауэ ди адэжьхэр сыт щыгъуи муслъымэнт, зэлъэпкъэгъухэр зэгъунэгъуу псэуну тIысырт. Унагъуэ зыбжанэм зы къуажэ къыщагъэхъу щыIэт, ауэ нэхъ иужькIэ а къуажэ цIыкIухэр зэпыхьэжырти, зы къуажэшхуэ хъужырт», - жеIэж Серноводскэ къуажэм дэс муслъымэнхэм я имам Гъубжокъуэ Борис. Ар езыр къыщалъхуар Ставрополь щIыналъэм хыхьэ Курск районым и Серноводскэ жылэрт. А къуажэм и дэлъэдапIэм урагъэблагъэу щытщ «Шэрджэс щауэмрэ пщащэмрэ» фэеплъыр, адыгэхэм я хьэщIагъэм и щыхьэтми ярейуэ. Къуажэм и цIэр 1959 гъэм иратауэ щытащ, ауэ адыгэхэр абдеж лIэщIыгъуитIым щIигъуауэ щопсэу.
Къэбгъэлъагъуэмэ, мэздэгу адыгэхэр япэщIыкIэ Мэздэгу деж тIысу щIадзами, иужькIэ я къутырхэр нэгъуэщI щIыпIэхэми щаухуэу хуежьащ. Мэздэгу адыгэхэр щыуэ гуэша хъуат: адыгэ къэзакъхэр («къэзакъ-къуэш»-кIэ еджэрт) - зэрыхуагъэфащэмкIэ, быдапIэр щаухуэм IэпхъуагъащIэхэм къахэкIырт къэзакъыу зрагъэтхрэ, унагъуэм ис адрейхэр лIыщIэным кърагъэлу; адыгэ чыристанхэр - къэзакъыу зезыгъэтхыну зымыдэу, чыристан дин къэзыщтахэр; муслъымэн адыгэхэр. Иужьрейхэмрэ чыристан дин зыIыгъхэмрэ я бжыгъэкIэ зэхуэдэу къагъэлъагъуэ. Абы щыгъуэми зэи къэхъуакъым зыр адрейм щеныкъуэкъу, щыгурымыIуэ. Ауэ дин зэмылIэужьыгъуэ зыIыгъхэм нэчыхь зэхуатхыну хуит ящIыртэкъым.
Япэхэми етIуанэхэми мажусий хабзэхэр яхъумащ. Псалъэм папщIэ, берычэтым и Тхьэу къалъытэ Щыблэ тхьэлъэIу хуэщIыныр. Чыристанхэм «Щыблэ удж» къафэр зэраIэр абы и щыхьэтщ. Адыгэ чыристанхэм муслъымэн диным щыщ Iыхьэ гуэрхэри яхъумащ, псом хуэмыдэу абыхэм къалъытэрт псоми я зэхуэдэу зы Тхьэ - Тхьэшхуэ - зэрыщыIэр, члисэм зэрыкIуэм ахэр нэмэзкIэ еджэрт, ефэндыхэм ятха дыуэхэр къагъэсэбэпырт. Абы щыгъуэми тхьэнапэ (икона) яIэт, «Хъуромэ» (Рождество Христово), «Топгъауэ» (Крещение Христа жыхуаIэр) хабзэхэм, IутIыжым (Пасхэм) епха махуэшхуэхэр ягъэлъапIэрт. Адрейхэм ИлъэсыщIэр адыгэ махуэгъэпсымкIэ кърагъэхьэрт, нэщI мазэмрэ хьид махуэшхуэмрэ ягъэлъапIэрт.
Мэздэгу адыгэхэм яхъумащ щIыхьэху хабзэр - унэ щаухуэкIэ, гъавэр щыIуахыжкIэ, хьэгъуэлIыгъуэмрэ дыуэщIымрэ деж зыр адрейм зэрызыщIигъакъуэр.
ГъэщIэгъуэнт къуажэхэм дэс дэтхэнэ лъэпкъми (языныкъуэми унагъуэ къэс) езым я Iуащхьэ яIэжу зэрыщытар. Ар ятIэм къыхащIыкIырт, илъэс зыбжанэ дэкIа нэужь удзым зэщIищтэжырти, цIыхухъухэр (лIыжьхэри щIалэгъуалэри) щызэхуэзэ, щызэхуэс щIыпIэ хъурт. Абдеж жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьырт, щызэчэнджэщырт.
Мэздэгу адыгэхэм унагъуэм хъыджэбз фIэкIа къыщимыхъуэм, иужьрейм «Тезадэ» фIащырт, насып къыдэкIуэну жыхуиIэ хуэдэу. Куэд щIауэ зыщIэхъуэпса къуэр къащыхэхъуэкIэ, «Теувэж» (ехъулIэныгъэ къикIыу), «Тембулэт» (нэгъуеибзэкIэ зэбдзэкIмэ, «гъущI», «жыр» жиIэу аращ), «Алибулэт» (муслъымэнхэм я лIыхъужь цIэрыIуэм и цIэкIэ) фIащырт. Унагъуэм щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ сабийр къащыхуэмыхъум, хабзэ зыбжанэ кIэлъызэрахьэрт. Псалъэм папщIэ, щIалэ цIыкIум и зы тхьэкIумэр яугъуэнырти, дыщэ тхьэгъу лъэныкъуэ зэпымыууэ илъын хуейт. Хъыджэбз цIыкIум анэл тету къалъхуамэ, «Маляшэ» фIащырт, щIалэ цIыкIум - «Менлыш».
ХьэгъуэлIыгъуэми епха хабзэхэр яхъумэрт мэздэгу адыгэхэм. Нысашэр екIуэкIын ипэ, лъэпкъитIыр зэрыцIыхуным псори къыщежьэрт: фызлъыхъу (женщина-сваха), лъыхъу (сват), дыуэсафэ («сватовство»), нэгъуэщIхэри.
Дин IуэхукIи адыгэ чыристанхэм ирагъэкIуэкI хабзэхэм ящыщщ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа «Хъуромэ»-р (Рождество). Ар тхьэмахуэ псокIэ екIуэкIырт. Чыристан хабзэ нэхъыжь дыдэхэм ар ящыщу къалъытэ.
Адыгэ чыристанхэм я гуфIэгъуэ махуэ куэд епхат гъэм и зэманым, лэжьыгъэм щыщIидзэ-щиухым. Апхуэдэу, гъатхэр къыщихьэм, «Сырымэ» (масленица) махуэшхуэр ягъэлъапIэрт. А махуэм япщэфIыр хупцIынэ хъудыркIэ пIащIэу икIи тхъуэплъ хъуреишхуэу ягъажьэ шхыныгъуэрат (блины). Ар дыгъэм, гъатхэр къыщихьэкIэ щIыр къэзыгъэплъым, хуагъадэрт. «Хьэкугъэплъ» хабзэр гъэм и зэманым зэрызихъуэжым ирапхырт, хьэкум мафIэ иращIэрти, хъыршынищ ягъажьэрт.
Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдейм куэд щIауэ IэщIыб щащIа пасэрей нэщэнэ куэд мэздэгу адыгэхэм яхъумащ. Зы лъэныкъуэмкIэ - дин зэхуэмыдэхэм я хабзэхэр, нэгъуэщI лъэныкъуэмкIэ - адыгэ хабзэхэр. Апхуэдэу убзыхуа хъуат мэздэгу адыгэм и гъащIэр. Абыхэм езым я хабзэ щхьэхуэхэри яIэжт. Псалъэм папщIэ, «Хьэлуищ» хабзэм ипкъ иткIэ, тхьэлъэIу ящIырт, щимэу ар зэпаупщIырти, Iэнэм щысым хуагуэшырт. «Хьэлуищым уафэр, щIылъэр, дыгъэр къагъэлъагъуэ. Ар Iуэхугъуэ хэхахэм деж япщэфI. Чыристанхэм - Богородицэр дунейм щехыжа махуэм, муслъымэнхэм - нэщI мазэр щиухым. КъищынэмыщIауэ, а махуэхэм Iэмал имыIэу гуэгуш къурмэн щIауэ Iэнэм телъыпхъэщ», - етх Дербитым.
Хьэлуищыр зэпагъэжын ипэ, тхьэ йолъэIу. ИтIанэ нэхъыщIэр едзэкъэну хуаший. Абы лъагъэс гуэгуш дамэри. Нэхъыжьхэм абдежи нэхъыщIэр зэрагъасэ щIыкIэр къыщалъытащ, хабзэ ирагъэлъагъуу. Хьэлуищыр зэпагъэжа нэужь, мэздэгу адыгэхэм гуэгушыр зэрызэIахми мыхьэнэшхуэ ират. Ар Iыхьэ 18-уэ яупщIатэ. Ар зэIызыхым джэдкъазым и лъакъуитIыр Iэ сэмэгумкIэ еубыдри, зэпиупщIыху имыутIыпщу иIыгъын хуейщ. А Iуэхум дэтхэнэ мэздэгу адыгэри хуэIэкIуэлъакIуэщ. НэгъуэщI зы хабзи иращIэкI нэгэгъур зэрызэIахым. Ар тхьэмадэм Iыхьибл ещIри щысхэм яхуегуэш, Iыхьэхэр зылъысынур езым жиIэурэ. Iэнэм пэрысыхункIэ нэгэгъу Iыхьэр яхъумэн хуейщ, ар зымыIыгъыжым Iэнэ къигъэувыну къытохуэ.
Зэрытлъагъущи, хабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ макъамэмрэ къафэмрэ яхъумэным гугъу зыдрагъэхь. «Лъапэрисэ» къафэм мэздэгу адыгэхэр зэреджэр «КъекIуэкIщ», апхуэдэуи пасэрей уджым щыщ Iыхьэ гуэрхэри абыхэм яIэжщ.
КъызыхэкIа лъэпкъым пэIэщIэ хуэхъуахэр нэхъ зыщышынэр апхуэдиз зэман дэкIауэ хамэ щIыпIэм щыхэшыпсыхьыжынырщ. Анэдэлъхубзэр щIэблэм яIэщIэхуным пылъ шынагъуэр мэздэгу адыгэхэми, дауи, зыхащIэ. Псоми ди зэхуэдэ гукъеуэщ иужьрейр, ауэ ди къару хузэхэтлъхьэмэ, абыи дызэрыпэлъэщын Iэмалхэр щыIэщ.