Бзэм хэтщIыхь щыуагъэхэр

Щхьэ бжыгъэкIэ мащIэхэм ящыщу зи анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум темыгузэвыхь зы лъэпкъи дунейм тету къыщIэкIынкъым. Апхуэдэщ адыгэхэри. Адыгэбзэм и щыIэкIэм, и къэкIуэнум теухуауэ тхыгъэ куэд ятхащ. Абыхэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, зэтехуэу тхыгъитI къахэбгъуэтэнукъым, ауэ псоми хьэкъ пщащI лъэпкъым дежкIэ бзэм и мыхьэнэр зэрыин дыдэр, ар IэщIыб пщIыныр узытес къудамэр пыбупщIыжыным зэрещхьыр. Нобэ фыщыдогъэгъуазэ 1968 гъэм ГъукIэмыхъу Iэубэчыр адыгэбзэм теухуауэ итха тхыгъэм щыщ пычыгъуэ.

 «Ди псэукIэм зэрызиужьым къыдэкIуэу, ди щIэныгъэ-гъэсэныгъэми, ди бзэми, ди тхылъми заужьу, ефIакIуэ зэпыту зэрыкIуэр хэт дежкIи нэрылъагъущ. Абы утепсэлъыхьынумэ, куэд жыпIэн хуей хъунущ. Ауэ дэ зи гугъу тщIынур ди бзэм хэтщIыхь щыуагъэхэрщ. Мы Iуэхум гулъытэшхуэ хуамыщIу, щIагъуэрэ темыпсэлъыхьу макIуэ, ныкъусаныгъэу бзэм хыхьэхэм цIыхур йосэжри яфIэмыIуэхужу, игъуэджэ ящымыхъужу къонэ. Бзэр жану, Iэрыхуэу, шэрыуэу щытын папщIэ, ныкъусаныгъэу абы хащIыхьхэр къэдгъэлъагъуэу, ахэр къызыхэкIыр къатщIэу, щыуагъэу, игъуэджэу къыхыхьэхэр хэдгъэкъэбзыкIыжурэ зэредгъэфIэкIуэным дыпылъын хуейщ. 
Псалъэм и мыхьэнэр тэмэму зэгурыдмыгъаIуэу, абы демыгупсысу япэ къытпэщIэхуэр екIу-емыкIуми къатщтэу дыщежьэж Iэджэрэ къохъу. Псалъэм папщIэ. 
«Къамэр афэ джанэм щытехуэм зэпыщIыкIащ» (Налшык радио, гъатхэпэм и 25-м, 1966 гъэм). Къамэр афэ джанэм техуэу зэпыщIыкI хабзэкъым – зэпыудынкIэ хъунщ. 
«Бжьыхьэпэ пщэдджыжьыр уэфIт икIи уэмти, Инджыдж и даущыр наIуэу зэхэпхырт» (Гъуэщокъуэ Хъу., «Адэмрэ и къуэмрэ», н. 175). «НаIуэм» и пIэкIэ «IупщIу» жиIэн хуеящ: «наIуэу» зыхужыпIэнкIэ хъунур нэм илъагъурщ; тхьэкIумэм «IупщIу» зэхех, нэм «IупщIy» зэрилъагъум хуэдэу.
 «Жыджэру мафIэр щIалэм 
 Жьэгукум дищIыхьащ, 
 ЗэщIэсту мафIэр щыблэм 
 Шыуан лъакъуэр пэрилъхьащ».
 («Черкес пэж», №196, 1959). 
 МафIэр жьэгум дащIыхь, жьэгукум дащIыхьыркъым. МафIэм шыуан лъакъуэ «пэралъхьэркъым», «пэрагъэувэ» е «щхьэщагъэувэ». 
 «...Батыр (шум) бгъэдыхьэри лъэрыгъымрэ шхуэIумрэ иубыдащ. Адрейр (шур) гъумэтIымэурэ къепсыхащ» («Анэдэлъхубзэ», IV кл., Черкесск, 1959, н. 45). ШхуэIуракъым яубыдыр, шы IумпIэрщ. 
 «Пэш гъэпсахэр яIэщ цIыхухэм, хуабэхэу, Iэхулъэхухэу» («Черкес пэж», № 194/4888). Пэшым щхьэкIэ «Iэхулъэху» жаIэ хабзэкъым. «Iэхулъэху» зыхужаIэр цIыхубзщ. Пэшым щхьэкIэ «Iэхуитлъэхуит», «нэху» жаIэ. 
 «Си адэм и уэсяткIэ сэ сыкъызыкIэлъыкIуар мы пыIэмрэ къамышымрэщ, нэгъуэщI мылъкукIэ сынацIэркъым, фыкъемыфыгъуэжмэ мыхэр сэ къызощтэ» («Черкес таурыхъхэр», 1956, н. 98). ЗэфыгъуэнкIэ хъунур цIыхущ, хьэпшыпым ефыгъуэркъым. «ФыкъыщIэмыфыгъужмэ мыхэр сэ къэсщтэнущ» жиIэн и мурадагъэнщ. 
«Дыгъэмрэ жьымрэ япхъэха и нэгур дапщэщи гъуаплъэм хуэдэу мэцIу» (ХьэхъупащIэ Хь., «НысащIэ», н. 74). Дыгъэмрэ жьымрэ япхъэхынкIэ хъунур нэгукъым, нэкIущ е напэщ. 
«Ашот... бжэм деж щызэтралъхьа мывэхэр зэпкърихыжащ» (В. Ананян, «Щомыщыкъуэ гъэр дэхъухьахэр», н. 378). Зэтралъхьар зэтрахыж, зэпкъралъхьар зэпкърахыж, ауэ зэтралъхьар зэпкърахыжыркъым. 
«Номиным и жьэлъэтIанитIым дэмрэ мыIэрысэмрэ из ищIырти... лъэныкъуэ зригъэзыжырт» (Чаплинэ В., «Си гъэсэнхэр», н. 101). ЖьэлъэтIанэм «из» ящIыркъым – «дэз ещI» жыIэн хуейщ. 
Псалъэмрэ мыхьэнэуэ абы къраIуэтэну я мурадымрэ тэмэму зэмыкIуу къахь дэнэ къэна, зи мыхьэнэр ямыщIэххэ псалъэ къыщагъэсэбэп урохьэлIэ.
Псалъэм папщIэ: «Пщым и къуэр хъыджэбзхэм щахэдэм, дыщэ фащэкIэ гъэджыджа хъыджэбз тхьэIухудыр къахихащ» («Черкес таурыхъхэр», н. 28). «Гъэджыджа» псалъэм «ятхьэщIурэ е ялъэщIурэ къабзэ дыдэ ящIа» жыхуиIэщ. «Дыщэ фащэкIэ гъэджыджа» щыIэкъым - «дыщэ фащэкIэ гъэщIэрэщIа», «дыщэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа» жиIэн и мурадагъэнщ. 
 «Пэшым Хьэзрэт къыщIыхьэри Iэнкуну бжэм деж увыжащ. Ар гущIэгъулыуэ, зэхэIуэтауэ зыгуэрурэ хъуат, и нэхэр лыдт…» (Сб. «Гъуэгу пэж», н. 198). «ГущIэгъулы» зыхужыпIэнур гущIэгъу зиIэращ. Тхылъыр зытхам кърихыр «гущIэгъу зыхуащIым хуэдэу, тхьэмыщкIафэу» жиIэу арщ… 
Я мыхьэнэм емыплъу къагъэсэбэпу, здекIум нэхърэ здемыкIум нэхъыбэрэ щыхагъэувэу псалъэ къом диIэщ. Абыхэм ящыщщ: лэжьыгъэ, гуащIэдэкI, гъащIэ, хэкIыпIэ, гуакIуэ, дэIыгъын, зыIэрыгъэхьэн, екIуэкIын, егъэкIуэкIын, нэгъуэщIхэри. 
Псом хуэмыдэу лей зрахыр «лэжьыгъэ» псалъэрщ. «Лэжьэн щIидзащ» жаIэнумэ, «лэжьыгъэм щIидзащ» жаIэ; «лэжьэкIэм хуэIэзэ хъуащ» жаIэу ятхынумэ, «лэжьыгъэм хуэIэзэ хъуащ» жаIэри ятх; «лэжьапIэм Iухьащ» жаIэным и пIэкIэ, «лэжьыгъэм Iухьащ» жаIэ, «лэжьапIэншэм» и пIэ «лэжьыгъэншэ» ирагъэувэ; «Iуэху дощIэ» е «Iуэху зыдохьэ» щыжаIэнум деж «лэжьыгъэ идогъэкIуэкI» жаIэу щыплъагъунущ. 
IэмыкIуэлъэмыкIуэу къагъэсэбэп «егъэкIуэкIын» псалъэри.
«Зым иухмэ, зым къыпидзурэ шыпсэ дыхьэшхэнхэр зэпымыууэ ирагъэкIуэкI» («Хужьэ и къуэладжэ», 1960, н. 135). Шыпсэр «жаIэ», «яIуатэ» – «ирагъэкIуэкI» хабзэкъым. 
«Абы Москва здекIуэлIэн иIэтэкъым, абы къыхэкIкIэ жэщыр щригъэкIуэкIащ бдзэжьей щапIэм деж Iэжьэм илъу» («Анэдэлъхубзэ», IV кл., 1959, н. 130). Жэщыр «ягъакIуэ» мыхъумэ, «ирагъэкIуэкIыркъым».
 «Пщэдей щегъэжьауэ, махуищкIэ пщым ешхэ-ефэ ирегъэкIуэкI, ипхъу закъуэр лIы иритынущ» («Черкес таурыхъхэр», 1956, н. 69). Ешхэ-ефэ «ящI», «яIэщ» – «ирагъэкIуэкIыркъым». 
 «ЗыIэрагъэхьэн» псалъэри здекIуми здемыкIуми къыщагъэсэбэпхэм ящыщщ. 
 «Ахэр щIобэн кIэртIофыр хэкIуэдыкIыншэу къехьэлIэжыныр зыIэрагъэхьэным» («Черкес пэж», №194 (4888). «Ахэр щIобэн кIэртIофыр хэкIуэдыкIыншэу къехьэлIэжыным» жиIамэ, тэмэмыр арт. 
 «Зауэ нэужьым абы зыIэригъэхьащ мэкъумэш хозяйствэ машинэхэмкIэ механик IэщIагъэр» («Черкес пэж», № 37 (4731). IэщIагъэ «зыIэрагъэхьэркъым», «зрагъэгъуэт». 
 И мыхьэнэм емызэгъыу къахьрей псалъэхэм ящыщщ «дэIыгъынри: 
 «Дэ диIэщ партым и къыхуеджэныгъэхэр псынщIэ дыдэу дэзыIыгъ... Апхуэдэ цIыхухэр дэIыгъын хуейщ» (Налшык, радио, 1962, мартым и 14-м).
 ТIум дежи къыщезэгъыркъым. АдыгэбзэкIэ жыпIэнумэ: «Дэ диIэщ партым и къыхуеджэныгъэхэр псынщIэ дыдэу дэзыщтэ... Апхуэдэ цIыхухэм ядэIэпыкъун хуейщ». 
 «ДэIыгъын»-р «поддерживать»-м ирагъэщхьу къагупсыса псалъэщ. Адыгэбзэм хэтщ «дэщтэн», «дэIэпыкъун» псалъэ хъарзынэхэр, ахэращ къэгъэсэбэпын хуейр...»

 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: