Ханты-Мансийск гъатхэм кIуэнущ

Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Грознэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я спортсмену 520-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс I8-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм щыIащ бэнакIуэ 75-рэ: 65-р щIалэу, I0-р хъыджэбзу икIи медалибгъу абы къыщахьащ. 
Килограмм 70-м щIигъу зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Щад Дилианэ. Шыгъэлыгъуэ Аскэр дыжьын медаль къыщихьащ килограмм 55-рэ зи хьэлъагъ гупым я деж. 
Унэж Темырлан, Къамбий Сэфарбий, Срыкъуэ Ибрэхьим, Къанкъул Идар, Балъкъэр Темырлан, Мэртазэ Алий, Бышэн Изабеллэ сымэ ещанэ хъуахэщ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъатхэпэм и 1- 7-хэм Ханты-Мансийск щызэхашэну зэпеуэм. 
Ди командэм и тренерхэр Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Емкъуж Рустам, Джэданэ Залым, Мырзэ Казбек сымэщ.

КЪУЭЖЕЙ Алим.
Поделиться:

Читать также:

06.10.2026 - 18:51 → Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 → Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 → Спорт хъыбархэр
25.09.2026 - 16:33 → ЕкIуу къагъэзэж