Бахъсэндэсхэр къыхожаныкI![]() Новгород Ищхъэрэ областым и Кстовэ къалэм щекIуэкIащ УФ-м самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 45-м икIа цIыху 500-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 24-м щIимыгъуауэ.
Зэхьэзэхуэм щыIащ Бахъсэн къалэм Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи хъарзынэу абы зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм ЗэкIурей Къаплъэнрэ (кг 64-рэ) Аргъэщокъуэ Ренатрэ (кг 79-рэ) етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ. Сонэ Инал килограмм 71-рэ зи хьэлъагъ гупым я деж ещанэ щыхъуащ.
Апхуэдэуи, зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ Адыгейм и ныпым щIэту иджыпсту зыкъэзыгъэлъагъуэ, Бахъсэн районым и спорт еджапIэ №1-м и тренер-егъэджакIуэ Тхьэкъуахъуэ Ратмир. Килограмм 98-рэ зи хьэлъагъ гупым я деж ди щIалэм домбеякъ медаль къыщихьащ.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 13:39 →
Спорт хъыбархэр
05.03.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
05.03.2026 - 15:26 →
Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ
03.03.2026 - 15:00 →
Щхьэлыкъуэ и хьэщIэ лъапIэхэр
03.03.2026 - 11:51 →
Спортыр нобэ
| ||





