Электрокъару къэзылэжь IэнатIэм зэрызиужьыр![]() Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Кавказ Ищхъэрэм и Россети» ПАО-м и унафэщI нэхъыщхьэ Левченкэ Роман. КъулыкъущIэхэр шэщIауэ тепсэлъыхьащ электрокъару къэзылэжь IэнатIэм ди щIыналъэм адэкIи зэрызыщегъэужьыпхъэм ехьэлIа Iуэхухэм. КъыкIэлъыкIуэу КIуэкIуэ Казбекрэ Левченкэ Романрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, ди щIыналъэм и элекрокъару IэнатIэм и пашэхэр къызрихьэлIа зэIущIэ купщIафIэ. Абы щытепсэлъыхьащ республикэм электрокъару къыщызылэжь IуэхущIапIэхэм мылъку хэлъхьэн, зэманым къигъэув мардэхэм хуэкIуэу зегъэужьын, лэжьэкIэщIэхэр къэгъэсэбэпын зэрыхуейм.
Поделиться:
Читать также:
25.10.2026 - 13:20 →
Узыгъэгупсысэ тхыгъэхэр
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
05.09.2026 - 10:25 →
Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
| ||





