ДжэгуакIуэхэмрэ адыгэ цIыхубзхэмрэ

Лъэпкъ IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэр ди деж къэзыхьэсыжа нэхъыжьыфIхэм яхъумащ ахэр зэхэзылъхьахэм я цIэ-унагъуэцIэхэри. Пэжщ, лъэпкъыр зыхэхуа бэлыхьлэжьаехэм я ягъэкIэ, зыкъом фIэкIуэдащ, IуэрыIуатэр фIыуэ зыцIыхуу щыта куэдым я хъыбарыр IэщIэхужащ. Апхуэдэу щытми, IуэрыIуатэм и тхыдэр джынымкIэ къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ иIэщ а къэнари къэхутэным, убзыхуным, щIэныгъэ пщалъэм щIэгъэкIыным. Гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу дунейпсо IуэрыIуатэм зы Iуэхугъуэм уи нэIэ зытрыуегъадзэ: утыку кърахьэж пшыналъэм е тхыдэжьым и къежьэкIэ хъуам и мызакъуэу, зэхэзылъхьами, щызэхалъхьа щIыпIэми, макъамэр щаусым е хъыбарыр щызэхагъэувэжым, щыхьэту щысахэми я тхыдэм мыхьэнэшхуэ ирет. Ар зыхуэунэтIар щIэныгъэм пэжым тетын зэрыхуейрщ, а пэжыр тхыдэм къыгуэр имыIэу епха хъумэ, и пщIэр нэхъ лъагэ зэрыхъунурщ. IуэрыIуатэхэр зэхуэзыхьэсыжу щыта КъардэнгъущI Зырамыку иужь итащ уэрэдыжьхэр зыусамрэ ахэр зэрызэхалъхьэу щыта щIыкIэмрэ ехьэлIауэ лэжьыгъэ щхьэхуэ игъэхьэзырыну. Абы къигъэна тхыгъэхэм уэрэдыжьхэр зыусахэм ятеухуауэ зы пычыгъуэ къыхыдох, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ итлъхьэну.
Адыгэ уэрэдыжьхэм я гъэпсыкIэ-зэхэлъыкIэм, я хьэл-щэн щхьэхуэхэм датепсэлъыхьыным ипэкIэ, а уэрэдыжьхэр зыусу щыта цIыхухэм, зэраусу щыта щIыкIэм, ахэр зыгъэзащIэу щытахэм, щыжаIэу щыта зэманымрэ щIыпIэмрэ, зэрагъэзащIэу щыта щIыкIэмрэ датепсэлъыхьын хуейуэ къыдолъытэ, сыту жыпIэмэ а упщIэхэр къыгуэхыпIэ имыIэу езы адыгэм и дуней тетыкIэм, хэлъа и хьэл-щэным епхащи. Адыгэр и дуней тетыкIэкIэ усакIуэу, макъамэр яфIэфIу зэрыщытар а упщIэхэм я жэуапым наIуэу къагъэлъагъуэж.
Япэрей упщIэр: хэтыт а уэрэдыжьхэр зыусыр, джэгуакIуэхэрат хьэмэрэ къызэрыгуэкI цIыхухэми яусрэт?
ДжэгуакIуэхэм щхьэкIэ Нэгумэ Шорэ итхыр мыращ: «Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ зыусхэм зэреджэр джэгуакIуэт: ахэр щIэныгъэ зимыIэ, ауэ усэкIэм хуэIэзэ къызэрыгуэкI цIыхухэт. Зауэ къэхъуамэ, сыт щыгъуи шы гъуабжэ тес джэгуакIуэхэмрэ сыринапщэхэмрэ зауэлIхэр къызэщIэзыIэтэ усэхэмрэ псалъэхэмрэ зэхалъхьэрт. Ахэр дзэ пащхьэм иувэрти, я уэрэдхэмрэ усэхэмрэ щыжаIэрт, дяпэ псэуа ди лъэпкъыр мышынэу зэрыщытар, абыхэм я лIыхъужьыгъэ хьэлэмэтхэр щапхъэу къахьырт».
Хъан-Джэрий етхыж: «Шэрджэсхэм я поэзием и гугъу щытщIкIэ, дигу къэдмыгъэкIыжу хъунукъым ахэр зэхэзылъхьэу щыта усакIуэхэу, уэрэджыIакIуэхэу «джэгуакIуэкIэ» зэджэу, сословие щхьэхуэу пасэм Шэрджэсым щыщыIахэр. Абыхэм нэгъуэщI къулыкъу яIэтэкъым усэн, лъэпкъым къытехъуа лъыгъажэ зауэм, къахэжаныкIа зауэлIым и лIыгъэм, лIыфIхэм я гъащIэр зэрекIуэкIам теусыхьын, лIэщIыгъуэкIэрэ щыIа уэрэдхэр жаIэжын фIэкIа; апхуэдэ щIыкIэкIэ а усакIуэхэм лъэпкъым я лIакъуэхэм ягъэхъахэр я щIэблэм хуаIуатэрт, икIи а къулыкъум ахэр иришхэ, ирипсэу дэнэ къэна, къулей ирихъурт».
Зэрынэрылъагъущи, тIум жаIэри зэтохуэ: япэрауэ, «ахэр щIэныгъэ зимыIэ, ауэ усэкIэм хуэIэзэ къызэрыгуэкI цIыхухэу» зэрыжаIэмкIэ; етIуанэу, усэн фIэкIа «абыхэм нэгъуэщI къулыкъу» ямыIауэ зэрыжаIэмкIэ; ещанэу, апхуэдэ джэгуакIуэ-усакIуэхэр дэтхэнэ зы къуажэми дэсу, ахэр куэд хъууэ щытауэ зэрыжаIэмкIэ; еплIанэу, икIи нэхъыщхьэу, а уэрэдхэр абыхэм яусу щытауэ зэрыжаIэмкIэ; етхуанэу, а уэрэдхэр абыхэм яус къудейм къыщымынэу, атIэ ягъэзащIэу щытауи зэрыжаIэмкIэ. Дэри ахэр ди фIэщ мэхъу икIи абыхэм акъылэгъу дадохъу. Ауэ а джэгуакIуэ-усакIуэхэм щхьэкIэ абыхэм жаIахэм дэри мыр щIыдгъуну дыхуейщ:
Япэрауэ, джэгуакIуэ-усакIуэхэр псори цIыхухъут. IуэрыIуатэм е литературэм зы цIыхубз гуэр и цIэ къыщыхэщыркъым джэгуакIуэу щытауэ. ДжэгуакIуэу зи хъыбар ди деж къэсахэр псори цIыхухъухэщ. Ар дэнэ къэна, къэзан пшынэр къащыхэмыхьэм щыгъуэ, адыгэ пшынэ лIэужьыгъуэхэм цIыхубз еуэу щытауэ зыщIыпIи дыщрихьэлIэркъым. ЦIыхубзхэм пшынэр къыщащтар къэзан пшынэр адыгэхэм къахыхьа нэужьщ. Адыгэхэм кърагъэкIуу щытакъым цIыхубз джэгуакIуэу щытыну.
«Адыгэ цIыхубзым нэхъ щхьэхуит КъуэкIыпIэ псом щыIэкъым. Ахэр зэIущIэ псоми, махуэшхуэ хьэгъуэлIыгъуэхэми хэтщ, я хьэл дахэмкIэ гупыр ягъэбжьыфIэу. Каказым и цIыхубзхэм а щхьэхуитыныгъэр яхуэфащэщ, сыту жыпIэмэ нэмыс яхэлъщ, емыкIу зыпылъ зыри ялэжьыркъым», – жеIэ Карл Нойман. Ауэ «ахэр зэIущIэ псоми, махуэшхуэ хьэгъуэлIыгъуэхэми» «гупыр ягъэбжьыфIэу» дахэу къыщыуджу, псым хуэдэу къыщыфэу щыта пэтми, адыгэ цIыхубзхэм джэгуакIуэ яхэтауэ зыми зыщIыпIи щыжиIэркъым. Ар къызыхэкIыу щытар зы закъуэщ – емыкIурщ. ДжэгуакIуэ-усакIуэм е ажэгъафэм цIыхухэр тригъэун, игъэдыхьэшхын щхьэкIэ жьэм къемыкIу псалъэхэр и усэм къыщыхэхуэ куэдрэ къэхъурт, щыджэгукIэ я IэпкълъэпкъкIэ емыкIу зыпылъ Iуэхугъуэхэр ялэжьу зыщащI щыIэт. Апхуэдэ усэхэр зэхалъхьэну хьэмэрэ апхуэдэу защIыну адыгэ цIыхубзхэм кърагъэкIуртэкъым, ахъумэ цIыхубзхэр джэгуакIуэ-усакIуэу щытыну я акъыл хунэмысу, лIыхэм нэхърэ нэхъ хуэмыхуу е нэхъ лIыгъэншэу аратэкъым. Джэгугъуэм деж адыгэ цIыхубзхэр джэгуфырт, лIыгъэ щIэгъуэм дежи лIым я нэхъ дакъэм зыкъыкIэрагъэхуртэкъым. Абы ехьэлIауэ щапхъэ дэгъуэщ Талъостэнхэ я пщылI ЦIыкIуэнатIэ и фызыр «Тхьэшхуэ Тхьэуджым» къахэджэгукIауэ зэрыщытар. Iуэхур лIыгъэ щIэным щыхуэкIуэм дежи адыгэ цIыхубзхэм я Iыхьэ къагъанэртэкъым. Абы и щыхьэт гъуэзэджэщ Къэбардэ и фыз Алътуд и псэр щIиту къэбэрдеищIыр и лIым къызэрыхуищэхуар. Хьэмэрэ, Iэмал щимыIэм, нысащIэ Лашын цIыхухъу щыгъынкIэ зихуапэу хъаным и пелуаным ебэну зэрытридзар, Къэбэрдейм и напэр зэрихъумар. Абыхэм зыкIи къакIэрыхуркъым и лIыр укIыпIэм къришын, езым и щIыхьыр ихъумэжын щхьэкIэ, «пхъэвакъэ шууэ» Чыщпэч чэщанэм къикIыу, и закъуэ, жэщу ТIуащIэм къакIуэу зи лIыр ажалым къезыгъэла, «Хъадыжэ и лъагъуэр» пхызыша фызыр. Таурыхъ мащIэ хэт ди IуэрыIуатэм амазонкэхэм ятеухуауэ. А псоми къыжаIэр зыщ – адыгэ цIыхубзхэр хуэмыхуу, лIыгъэншэу зэрыщымытарщ.
Усэным Iуэхур щыхуэкIуам дежи абыхэм талантышхуэ зэраIэр къагъэлъагъуэрт. Я щхьэм пудыныгъэ, мыгъуагъэ къащылъысым деж ахэр я нэхъ уэрэдусыфIым нэхърэ нэхъ Iэзэу я щхьэм и уэрэдыр абыхэм яусыжырт. Апхуэдэщ зи щхьэм и уэрэдыр зыусыжа Гуащэгъагъ, Гуащэмахуэ, Хъымсад, Мэлэч, и лъэпкъым и уэрэдыр зыусыжа Жансэхъухэ я нысащIэ «псыгъуэр», и дэлъхум и уэрэдыр зыусыжа Къербэч и шыпхъу Хьэтэхъан, нэгъуэщI куэди.
Адыгэ цIыхубзхэм акъыл жан яIэу, IуэрыIуэдзу, кIуэрыкIуэм здытетым я усэхэр зэхалъхьэфу зэрыщытам и щыхьэтщ «Лашэрэ хъыджэбз хьэщIэмрэ» жыхуиIэ усэр:
Лашэ:
– Хэтхи ящыщ мы фонащэцыр,
Зи цыпэ пIийр,
Зи нэ пIийр бжьакъуацэр,
Уэршэрыбэм дихьэхыр,
Хадэ щIэгъуэм Iэпашэр,
Шатэ шхынкIэ емынэжьыр,
Ужьгъэжьыр къезыхуэкIыр?
Хъыджэбзым:
– Лъэрыгъыпсыфэ гъур,
Дыжь гъурыр зи пыIэ,
Зи IэмпIэр кIыхь,
Хьэ гъуабжэжьу умыбанэ,
Гуэныжь хуэдэу узеджадэу,
Домбеижьу уэ вы гъэшхам
Дэ ди шхэгъуэр дауэ къэпщIа?
ХущIэ пIастэщ, быдэу игуэ!
Уигу иримыхьым
Ху хьэлIамэ ди куэдщ,
Уэдщ жумыIэм, чыцIыл диIэщ,
Дэ димыIэ къыддумыгъуэ,
Ди фэнд гъури фадэ итщ,
Сытым иту уефэм къапщтэрэ?
Мы усэм зыкIи къыкIэрыхуркъым «Лашэрэ Хьэжыхэ я пхъумрэ», «Лашэрэ Шырыкъухэ я пхъумрэ» жыхуиIэ усэхэр.
КIуэрыкIуэм здытетым апхуэдэ усэ зэхэзылъхьэ цIыхубзхэр усэфыркъым жыпIэ хъунутэкъым.
Ди зэманым псэуа япэ цIыхубз усакIуэ Чым Пэщхъани Октябрь революцэм ипэкIэ къыщIидзэри, дунейм ехыжыху усэ зэхилъхьэу, уэрэд иусу щытащ. Ауэ Пэщхъан джэгуакIуэкIэ деджэ хъуну? Хъунукъым. Пэщхъан усакIуэт, ахъумэ джэгуакIуэтэкъым.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: