«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр нэхъапэкIэ щыгъуазэ зэрыхуэхъуащи, пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр къыхэбдзэрэ жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым, абыхэм гъэзэщIэкIэ хабзэ щхьэхуэхэр яIэжщ, ахэр къыумылъытэмэ, абыхэм я мэгъу икIи эстетикэ мыхьэнэр яфIэкIуэду. Iэнэгум пэрысым уэрэдыжьыр къыщыхидзэкIэ, къыдыщысхэм зэраридзын хуейм къыщегъэжьауэ ар зыхуэфащэмрэ къызылъысымрэ щыщIэкIыжу адыгэ уэрэдыжьхэм я гъэзэщIэкIэ хабзэхэм яубзыхурт. Абы и фIыгъэкIэ даIуэм къыгурыIуэрт зэдаIуэ уэрэд лIэужьыгъуэр зыхуэдэр, абы зэрежьуупхъэр, ежьур зэрыгъэкIыхьыпхъэр. КъищынэмыщIауэ, уэрэдыжьхэр щыбгъэзащIэ хъун зэманрэ щIыпIэкIи зэщхьэщагъэкIыу щытащ. Абы ехьэлIауэ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр иригъэкIуэкIыгъат щIэныгъэлI цIэрыIуэ КъардэнгъущI Зырамыку. Ди гуапэу абыхэм къыхэтхыжауэ зы пычыгъуэ газетым и щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ идолъхьэ.
Адыгэ уэрэдыжьхэр жанркIэ зэрызэщхьэщыкIым ещхьыркъабзэу, я мыхьэнэкIи, зытраусыхьа IуэхугъуэкIи зэщхьэщокI. А зытраусыхьа Iуэхугъуэм, къиIуатэ мыхьэнэм елъытауэщ зэрагъэзэщIэжри. Уэрэдыжьхэм яхэтщ щIыпIэ щхьэхуэхэм фIэкIа щамыгъэзащIэ. Псалъэм папщIэ, «Нысашэ уэрэдыр» е «Щауэишэж уэрэдыр». А уэрэдхэр езыхэр зытеухуа Iуэхугъуэхэр къыщыхъуам деж фIэкIа нэгъуэщIыпIэ щагъэзащIэркъым. Абыхэм ещхьыркъабзэщ «ЩIэпщакIуэри». УIэгъэ е къупщхьэ къута къэхъуамэ, абы щIэпщакIуэ хуащI, н.ж., абы цIыхухэр щызэхуос, трагъэуну. Абы щоджэгу, къыщофэ, дыхьэшхэн Iуэхугъуэхэр къыщагъэлъагъуэ. Абыхэм я гъусэу, а щIэпщакIуэм уэрэдхэри щыжаIэ. Сыт хуэдэ уэрэдт атIэ мыбы щыжаIэр? Мы щIэпщакIуэхэм фIэкIа нэгъуэщIыпIэ щыжамыIэу «щIэпщакIуэ уэрэдкIэ» еджэу гъыбзэхэр щыIащ а зэманым.
Ауэ адрей уэрэдыжьхэр, ар сыт хуэдэ жанрым хыхьэу щытми, ар гъыбзэми, лIыхъужь уэрэдми, тхыдэм теухуами, ауаныщIми, хэдэ щымыIэу сыт хуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэ къэмыхъуами, абыхэм щагъэзащIэрт. А гуфIэгъуэр лъэпкъ псом я зэхуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэу щытынкIэ хъунут: псалъэм папщIэ, илъэсыжьыр щиухыу илъэсыщIэр къыщихьэ гъэрэ-щIырэ щызэхэкI махуэу, е «Тхьэшхуэ тхьэудж» тхьэлъэIуу, е я бийм щытекIуа махуэу. Апхуэдэ махуэшхуэхэм, тхьэлъэIухэм уэрэдыр щыщIаIэтэрт.
Уэрэдым тхыдэ мыхьэнэрэ гъэсэныгъэ мыхьэнэрэ иритым къыщымынэу, атIэ эстетикэ мыхьэнэи иритырт, и щIэблэр иригъэсэну. Уэрэдыр цIыхум и лъэкIыныгъэм зезыгъэужь, и Iэзагъэм хэзыгъахъуэ гъуазджэу къилъытэрти, а зэхыхьэхэм дахэу уэрэд жыIэнымкIэ щызэпеуэрт, щызэныкъуэкъурт. Абы щызэныкъуэкъурт джэгуакIуэшхуэхэр. Апхуэдэу зэрыщытар ятхыж зи нэкIэ зылъэгъуа нэмыцэ зэхэзекIуэу адыгэхэм я деж а зэманым щыхьэщIахэм: «… къуэ зэвхэм е тафэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ къыщыхъуамэ, джэгуакIуэшхуэхэр хущIокъу я усэхэр, уэрэдхэр зэраIэтыным», – етх Карл Нойман. «Адыгэхэм пшыналъэр яфIэфIщ, накъырапщэхэм къуажэхэр сыт щыгъуи къызэхакIухь икIи дэни гуапэу щрагъэблагъэ. Зы ефэ-ешхэ е махуэшхуэ кIуэркъым, джэгуакIуэ Iэзэ зыбжанэ хэмыту, я зэфIэкIыр абыхэм щамыгъэлъагъуэу», – гу лъыдегъатэ К. Кох.
Ауэ джэгуакIуэхэм я закъуэу пIэрэт а гуфIэгъуэхэм, тхьэлъэIухэм щызэпеуэр? Хьэуэ, джэгуакIуэ-усакIуэхэм я закъуэтэкъым, атIэ къызэрыгуэкI цIыхухэри абы щызэпеуэрт. «Къэбэрдейм уэрэджыIэу исыр щызэпрагъауэм, Къуэшрокъуэр ятекIуэри, япэ увыпIэр иратауэ щытащ», – щыжиIэм деж лъэпкъ IуэрыIуатэхэр фIыуэ зыщIэу щыта Хьэмгъуокъу Хьэжбий ди фIэщ мэхъу.
Уэрэдыр щагъэзащIэ гуфIэгъуэр къуажэ псом я зэхуэдэ гуфIэгъуэу хъункIэ хъурт: вакIуэдэкI, вакIуэ къихьэж тхьэлъэIухэм хуэдэу.
Уэрэдыр щагъэзащIэ гуфIэгъуэр лъэпкъым я гуфIэгъуэу – нысэ къашамэ, япхъу яшамэ, къуэ къыхуалъхуамэ, сымаджэр хъужамэ, хьэщIэ къахуэкIуамэ, апхуэдэ тхьэлъэIуми щыжаIэрт.
Уэрэд жаIэрт зауэм щыкIуэкIэ, зауэм къыщикIыжкIэ.
Аращи, адыгэм уэрэдыр тхьэлъэIухэми, фызышэхэми, щIэпщакIуэхэми щагъэзащIэу щытащ.