Адыгэ уэрэдыжьхэм я гъэзэщIэкIэ хабзэхэрАдыгэ уэрэдым и гъэзэщIэкIэр сыт хуэдэ? Ари къызэрыхъур мыпхуэдэущ: макъамэ нэхъыщхьэмрэ псалъэмрэ зэщIэту зым къыхедзэри, зы сатыр жеIэ. Абы жиIэ сатырыр кIэщIми кIыхьми, абы и тхьэмбылым жьыуэ иришар зэ бэуэгъуэкIэ ирикъуу аращ, адрей сатырыр къыщIидзауэ жиIэн щхьэкIэ зэпигъэууэ жьы зыжьэдишэн хуейщ. Мис абы щызэпигъэум деж, гупым я ежьумкIэ уэрэдым пащэ. Гупыр зэ укъуэдиигъуэ ежьууауэ, бэуэн щызэпагъэум деж, къыхэзыдзэм и уэрэдым и етIуанэрей сатырыр жеIэ. Ар абы иуха нэужь, абы и ужьым кIэщIу иту, и лъэмбым иувэу ежьу гупым я ежьу етIуанэ Iыхьэр пащэ. Мис апхуэдэу, уэрэдым и едзыгъуэр сатыр дапщэ хъуми, е зыпыгъэугъуэ дапщэ хъуми, апхуэдизрэ зэхэсхэр ежьуурэ уэрэдыр къыхэзыдзэмрэ гупымрэ зэдыжаIэ. Уэрэдыр къыхэзыдзэращ зэрыжаIэн хуей тональностыр ежьу гупым езытыр. Ежьу гупыращ уэрэдыр щIэзыIэтэу, дэзыIыгъыу къыхэзыдзэм жезыгъэIэр. Къыхэзыдзэм фIыуэ жиIэнуми зэлъытар, зи деж къыщынэр ежьу гупырщ. Аращи, зым щиухым адрейм къыщIидзэу, адрейм щиухым зым къыщIидзэу, зэпэджэжу къыхэзыдзэмрэ ежьу гупымрэ уэрэдыр зэдыжаIэ. Абы щыгъуэми, а тIум нэхъ гугъу ехьыр, нэхъ къару нэхъыбэ гъэкIуэдыныр зэлъытар езы уэрэдырщ. «КъуэкIыпIэм щыщу зы щIыпIи дэ щызэхэтхакъым адыгэхэм я уэрэдым хуэдэу макъамэ зэмыфэгъу дахэ зи куэд, зэрежьу шыкIэпшынэри абы дэгъуэу йокIу», – жеIэ Карл Нойман. Пэж дыдэуи, адыгэ уэрэдыжьхэр икъукIэ зэмыфэгъущ: хэт и макъамэ нэхъыщхьэр кIэщIу пыудауэ, и ежьур кIыхьу укъуэдияуэ щытщ. Хэти и макъамэ нэхъыщхьэр кIыхьу укъуэдияуэ, и ежьур кIэщIу, апхуэдэ уэрэди яхэтщ. И макъамэри и ежьури кIыхьу укъуэдияуэ апхуэдэ уэрэди куэдыкIейщ. Макъамэ нэхъыщхьэр укъуэдиярэ, ежьур кIэщIу гъэпсамэ – къыхэзыдзэр куэдкIэ нэхъ гугъу йохь, ежьу гупым нэхърэ. Ауэ и макъамэ нэхъыщхьэр кIэщIрэ ежьур кIыхьу укъуэдиямэ – абы щыгъуэм къыхэзыдзэм нэхърэ ежьу гупыр куэдкIэ нэхъ гугъу йохь. Адыгэ уэрэдыжьхэр езыхэр куэду кIыхьщ, поэмэ псо мэхъу. Ар и кIыхьагъкIэ зым жиIэн щхьэкIэ и къарур пэлъэщыркъыми, аращ ищхьэмкIэ зи гугъу щытщIа зэпрадзыжыр къызыхэкIыр. ЕтIуанэу, а уэрэд кIыхьыр жаIэфын щхьэкIэ зым щиухым адрейм къыхидзэу, е къыпищэу лъэныкъуитIым – къыхэзыдзэмрэ ежьумрэ – уэрэдыр зэрызэдыжаIэр сэбэпышхуэ мэхъу, ар и кIыхьагъкIэ жаIэфын щхьэкIэ. Апхуэдэу зыр зым пэджэжу щызэдыжаIэм деж тIуми – къыхэзыдзэми ежьу гупми – гугъэпсэхугъуэ ягъуэту, яфIэфIыпсу апхуэдэщ. Сыту жыпIэмэ, тIуми жаIэр зы уэрэдщ. Мис апхуэдэу зэпэджэжу зэдыжаIэрщ адыгэ уэрэдыжьхэм ящIэт зэщIэжьыуэр къызыхэкIыр. Къыхэзыдзэм макъамэ нэхъыщхьэр тэмэму жиIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ уэрэдым хэт псалъэхэри гурыIуэгъуэу жиIэу, зэхэщIыкIыгъуэу къипсэлъу уэрэдым и мыхьэнэр едаIуэхэм я деж нихьэсын хуейщ. Уэрэдым хэт псалъэжьхэр зэхэщIыкIыгъуэу къызэрипсэлъыным къыхэзыдзэр хущIокъу. Езы адыгэ уэрэдыжьхэри апхуэдэу гъэпсащи, щыжаIэм деж псалъэхэр сыт щыгъуи гурыIуэгъуэ мэхъу. Адыгэ уэрэдыжьыр щыжаIэкIэ, псалъэр макъамэм щIихъумэркъым, е макъамэр псалъэм зэIигъэхьэркъым. Адыгэ уэрэдыжьхэм хэт псалъэхэр зэпашурэ макъамэм ирагъэкIуурэ уэрэдыр щыжаIэм дежи, апхуэдизу зэпашыщэу гурыIуэгъуей ящIыркъым. Ар дэнэ къэна, псалъэхэр зэхэщIыкIыгъуэу къэнэн щхьэкIэ, нэхъыбэри зэпашыххэркъым, зэпашыр макъамэращ, псалъэм щынэсым деж речитативнэу къапсэлъ. Апхуэдэу щIащIыр едаIуэм и дежкIэ псалъэр гурыIуэгъуэу щытын щхьэкIэщ. «Уэрэдыр щагъэзащIэм деж цIыхухэр абы зэIэпишэныр къызыхэкIхэм ящыщщ псалъэхэр макъамэ щIэмыту зэрыжаIэр», – жеIэ К. Кох. Адыгэ уэрэдыжьхэм я псалъэхэр мыгурыIуэгъуэ щыхъур дзэ зыIумысыж лIыжьхэм щыжаIэм дежщ. Адыгэ уэрэдыжьхэм я псалъэхэр адыгэ усэкIэм ипкъ иткIэ, размеркIэ зэрызэхуэмыдэм къыхэкIкIэ, междометие куэду, псалъэ дэкIуашэ куэду, макъамэм зрагъэзэгъэн щхьэкIэ къакIэрыпщIэм щхьэкIэ къэмынэу, псалъэхэр гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ утIыпщауэ жыIэн хуей мэхъу. Абы уэрэджыIакIуитIым я жыIэкIэр зэтримыгъахуэ дэнэ къэна, а зы уэрэдым щыщу едзыгъуитIым я жыIэкIэр щызэтемыхуэ куэдрэ къохъу. Иджыри жыдоIэри, ар къызыхэкIыр уэрэдым хэт псалъэхэр размеркIэ зэрызэхуэмыдэр арщ. Апхуэдэ жыIэкIэм къешэ дэтхэнэ уэрэджыIакIуэри а жиIэм и автору зыкъомкIэ зэрыувыр. Сыту жыпIэмэ, ар тэмэм дыдэу теткъым (уэрэдыр щыжиIэм деж) зы мардэ гуэрым, зы жыпхъэ гуэрым, атIэ езым къызэрыщыхъум хуэдэу, нэхъ дахэу къызэрыфIэщIым хуэдэу жеIэ. Абы къыхэкIкIэ, а зы уэрэдыр уэрэджыIакIуищым ягъэзащIэми, уэрэджыIакIуитI къахэкIынукъым абыхэм зэтехуэу. Аращ адыгэ уэрэдыжьхэм я гъэзэщIэкIэр. ИщхьэмкIэ зэрыщыжытIам хуэдэу, уэрэдыр зэпрадзыжурэ жаIа нэужь, а уэрэдыр яусынкIэ щIэхъуам и хъыбарри Iэмал имыIэу къаIуэтэжырт. Ар къыщIаIуэтэжыр, уэрэдыр жаIа къудейкIэ, ар зытеухуар, яусын хуей щIэхъуар, щауса зэман, щIыпIэхэр псори гурыIуэгъуэ хъуртэкъыми аращ. Уэрэдыр щыжаIэ гупым куэдрэ зэныкъуэкъу къыщыхъурт, езы уэрэдми, абы теухуа хъыбарми щхьэкIэ. Ар къызыхэкIыр адыгэм уэрэдыр тхыдэ папщIэу къилъытэу, пщIэшхуэ хуищIу зэрихъумэр арт. Адыгэм я деж уэрэдым мыхьэнэуэ щиIэр куэду фIыуэ къыгурыIуащ нэмыцэ зэхэзекIуэм: «Мы лъэпкъым тхыгъи тхыдэ тхыжаи иIэкъым. АтIэ, и гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ инхэр поэзиемрэ музыкэмрэ щехъумэ. Искусствэм а и лIэужьыгъуэхэм фIэкIа мыбы нэгъуэщI щацIыхуркъым. Природэм и бынхэм, адыгэхэр апхуэдэщ, поэзием, лъэпкъым и Iущагъ псори яхъумэ, щIэблэ къэхъур лIыгъэм, захуагъэм хуаущий. Поэзием адыгэхэм я деж щегъэзащIэ пасэрей алыджхэм, хьэрыпхэм, германхэм я деж щиIа къалэнхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ лъэпкъым и духовнэ къулеягъ псори зезыхьэ поэзиер, дэтхэнэ зы уэрэдри лъэпкъым и гъащIэм щыщ зы Iыхьэщ икIи апхуэдэ зы уэрэдым щыгъуазэ зыпщIмэ, нэхъыбэ къэпщIэнущ, зауэм теухуауэ къратхэкIхэм укъеджэ нэхърэ», – жеIэ Фридрих Боденштедт. Зи гугъу тщIыр Iэнэм пэрыс гупым уэрэдыр зэрагъэзащIэу щытар арщ. Ауэ абы зыкIи ещхьтэкъым уэрэдыр хьэщIэщым зэрыщагъэзащIэу щытар.
Поделиться:
Читать также:
12.02.2026 - 16:16 →
Тхыдэм щыхьэт хуэхъу уэрэдыжьхэр
12.02.2026 - 14:10 →
Макъамэ гъуазджэр зыгъэбея
11.02.2026 - 15:47 →
Лъэныкъуэ куэду зэтопщIыкI
11.02.2026 - 11:01 →
ЛIыхъужьыгъэмрэ уэрэдыжьхэмрэ
10.02.2026 - 12:26 →
ЛIыхъужьыгъэм и напэкIуэцIхэр къызэрагъэдзэкIыжурэ
| ||




