Адыгэ уэрэдыжьхэр зэрагъэзащIэу щытар

Адыгэ уэрэдыжьхэр къызэрыщIэрэщIэжым шэч хэлъкъым. Иджырей хьэгъуэлIыгъуэ джэгухэм, щIалэгъуалэ зэхэсхэм, гуфIэгъуэ махуэщIхэм уэрэдыжьхэр уэру щагъэзащIэ, цIыхухэри абыхэм яфIэфIу йодаIуэ. Уэрэдыжьыр лъэпкъым и тхыдэм щыщ зы теплъэгъуэщ. ЦIыхубэм я нэгу щIэкIар къазэрыщыхъуа щIыкIэр къызыхэщыр халъхьа псалъэхэм я закъуэкъым, ар яхыболъагъуэ макъамэ шэщIыкIэми. Ауэ сыт хуэдэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэми нэщэнэ гъэщIэгъуэнхэр яIэщ, ар къыумылъытэмэ, утыку къипхьэ Iуэхугъуэм хыумылъхьэмэ, щIэныгъэр аутентикэкIэ зэджэр фIэкIуэду.

Адыгэ уэрэдыжьхэри апхуэдэщ, гъэзэщIэкIэ хабзэхэр яIэщи, ахэр пшыналъэр щыбгъэIум деж къыдумылъытэмэ, и IэфIыпIэр мэкIуэд, и пкъым чэмыгъэ егъуэт. Лъэпкъ IуэрыIуатэхэр илъэс IэджэкIэ зэхуэзыхьэсыжурэ къыдэзыгъэкIа щIэныгъэлI КъардэнгъущI Зырамыку къэхутэныгъэшхуэ ирищIэкIащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэм епха гъэзэщIэкIэ хабзэхэм. Абыхэм ящыщу гуп уэрэдхэр зэрагъэзащIэу щыта щIыкIэм ехьэлIа зы лэжьыгъэр гъэкIэщIауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ идолъхьэ, ар абыхэм къещхьэпэну дыщыгугъыу.

Адыгэ уэрэдыжьхэм гъэпсыкIэ щхьэхуэрэ ежьурэ зэраIэм къыхэкIкIэ, гъэзэщIэкIэ щхьэхуэм тетщ – ар гуп псом а зы уэрэдхэр зэрызэдагъэзащIэм теухуащ. Зи гугъу тщIыри гупым щхьэкIэ яуса уэрэдхэрщ. Адыгэ уэрэдыр гупым щыжыIэным щхьэхуэныгъэ гуэрхэр пылът, Адыгэ Хабзэм ипкъ иткIэ.

Уэрэдыжьхэр щагъэзащIэр, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэу щытми, гуфIэгъуэкIэ гуп щызэхыхьэм дежт. А гуфIэгъуэм щызэхуэса гупым Iэмал имыIэу нэхъыжь гуэр яIэщ. Ар а гупым щытхьэмадэщ. Адыгэхэм нэхъыжьым нэмысышхуэ хуащI. Абы и унафэншэу а гупым хъуэхъуи псалъэмакъи къыщаIэтыртэкъым, уэрэд щыжаIэн дэнэ къэна.

Адыгэ Хабзэм ипкъ иткIэ, хъуахъуэурэ зы бжьэ е бжьитI яIэта нэужь, гупым и тхьэмадэм, езым уэрэд ищIэмэ, къыхидзэрти, зы едзыгъуэ е едзыгъуитI жиIэрт, итIанэ уэрэд зыщIэу а гупым яхэс зыгуэрым иридзырт. Тхьэмадэм езым имыщIэмэ, уэрэд зыщIэу жызыIэ зи хабзэм «къыхэдзэ, шынэхъыщIэ, уэрэд!» жриIэрти, абы къыхригъадзэрт. Уэрэдыр къыхэзыдзам, хабзэмкIэ, уэрэдым и ежьури зэ жиIэну и къалэнт. Ар апхуэдэу щIищIыр – уэрэдым и ежьур гупым ягу къигъэкIыжын, етIуанэу, абы и ежьур зымыщIэ а гупым хэтмэ, яригъэщIэн щхьэкIэт. Уэрэдыр къыхэзыдзам ежьури жиIа нэужь, къыкIэлъыкIуэ сатырым деж гупым а ежьур къапхъуатэрти, ежьууэ щIадзэрт. Гупым ежьур ящIэн щхьэкIэ, а зэм фIэкIа зэхахыну хуейтэкъым.

Уэрэдыр къыхэзыдзэм дахэу игъэзащIэ къудейкIэ зэфIэкIыртэкъым, ар абы зыхуей хуэзэу жиIэн щхьэкIэ, ежьу гупыр тэмэму, дахэу дежьуун хуейт. Абы къыхэкIкIэ, гупри IэкIуэлъакIуэу ежьуун хуейт. «Гуащэгъагъым и уэрэдыжьыр къыщрагъажьэкIэ, емыжьууфыр хуэмыхущ», – жеIэ «Гуащэгъагъ и уэрэдым». Мис апхуэдэу уэрэдым ежьууным лIыгъэрэ Iэзагъэрэ пылъу къалъытэрт. Пэж дыдэуи, Iэзагъэрэ гурыхуагъэрэ уиIэн хуейт, езы уэрэдыр жумыIэфми, адыгэ уэрэдыжь къомым я ежьур гукIэ пщIэным, абыхэм уежьууфыным е къыхэзыдзэм жиIэу зэ закъуэ фIэкIа зэхыумыха ежьур къыупхъуатэу уэрэдым пыпщэным. Ар сыт хуэдизкIэ мыгъэщIэгъуэнми, къызэрыхъу хабзэр апхуэдэут. Ар къызыхэкIыр, япэрауэ, адыгэр и дуней тетыкIэкIэ музыкальнэу, усакIуэу зэрыщытырт. «Зэрыщыту къапщтэмэ, адыгэхэр поэзиер фIыуэ зылъагъу лъэпкъщ, фантазие яхэлъщ, акъыл жан яIэщ, дунейм и дахагъ псори куууэ зыхэзыщIэхэщ», – етх гъуазджэм и тхыдэдж Карл Нойман. ЕтIуанэу, уэрэдым икъукIэ пщIэшхуэ зэрыхуащIырт.

Аращи, къыхэзыдзэм зы едзыгъуэ е едзыгъуитI жиIа нэужь, адрейм иридзырти пригъащэрт. ЕтIуанэм ещанэм, ещанэм еплIанэм иридзурэ, зэпрадзыжу уэрэдыр жаIэу Iэнэм бгъэдэст. ХьэщIэ яхэсмэ, хьэщIэми а уэрэдыр ирадзырти жрагъэIэрт. Уэрэдыр хьэщIэм имыщIэмэ, нэгъуэщI уэрэд, ищIэхэм ящыщу, жиIэну елъэIурт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, уэрэд жызыIэфу Iэнэм пэрысу хъуам, едзыгъуэ зырыз нэхъ мыхъуми, ирадзурэ жрагъэIэрт, ауэ «емылъэIу щIыхьэхуу» къыхэзыдзэр емыкIу ящIырт.

Гупым шыкIэпшынауэ, сыринапщэ яхэтмэ, абыхэм уэрэд жаIэрт, я пшынэхэмкIэ дежьуурэ, адрей жызыIэхэми ахэр пшынэхэмкIэ ядежьурт. Апхуэдэм деж уэрэдыр куэдкIэ нэхъ дахэ хъурт. Пшынэм уэрэдыр игъэщIэращIэрт, псэщIэ хилъхьэрт: «Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым дызыщIэс пэшым шыкIэпшынауэхэр къыщIыхьэри, ди щIыбагъкIэ къыдэтIысхьащ. Пщыр къэтэджри, хьэщIэхэм яхэплъащ (ахэр псори зэхэту 200-м нэсырт) икIи ину щIэупщIащ: «Дэнэ щыIэ Мансур и къуэр? Хьэмэрэ ар уэрэд жыIэкIэм щыужауэ арауэ пIэрэ?» Абдежым къызэфIэуващ джэгуакIуэ лIыжь хьэфизыр. Зэм хуэму, шэщIауэ, зэми псынщIэу абы къеджэу щIидзащ рифмэ зимыIэ усэхэм, шыкIэпшынэм ежьуурэ. Зэман-зэманкIэрэ абы гупыр зэрыщыту дежьурт, унэм и блынхэр ягъэзджызджрэ жыпIэным хуэдизу», – етхыж илъэси 150-рэ и пэкIэ а уэрэдыжьхэр зэрагъэзащIэу щытар зылъэгъуа нэмыцэ зэхэзекIуэм.

Джэгу хъуами, Iэнэ гуп хъуами, адыгэлIхэр сыт щыгъуи щхьэщытхъуу щымыту нэмысыфIэт. Гупым я нэмыс, нэхъыжьым я нэмыс зэриIыгъыным дэтхэнэри пылът, гупым, нэхъыжьым и губгъэным фIэлIыкIырт. Фадэм зыдригъэхьэхыу, чэф хъууэ зэи емыкIу къихьыртэкъым. Мис а гупым щекIуэкI хабзэр уэрэд жыIэным дежи щекIуэкIырт.

Аращи, уэрэдыр зым къыхедзэ, гупыр псори абы йожьу. Апхуэдэу гуп псом зэдыжаIэ. Ар гупым уэрэдыр зэрагъэзащIэ щIыкIэр арщ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: