Гъуазджэм и лэжьакIуэБалъкъэрыр Урысей къэралыгъуэм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ щрикъум ирихьэлIэу СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм къыщызэрагъэпэщащ «Сурэтхэм я хъыбарыр» гъэлъэгъуэныгъэр, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, сурэтыщI-дизайнер, художник-конструктор, егъэджакIуэ Французов Казбек и лэжьыгъэхэм хухэхар. Абы теухуа зэIущIэр къыщызэIуахым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин и псалъэм къыхигъэщащ Казбек и лэжьыгъэхэр ди щIыналъэм зэрыщигъэлъагъуэр зэригуапэр, сурэтхэм фIэгъэщIэгъуэну зэреплъар, къытригъэзэжу еплъыхуи, щIэ гуэрхэр абыхэм зэрахилъагъуэр. Абы жиIащ Французов Казбек и лэжьыгъэхэм щыщ нэхъапэIуэкIи ди республикэм и музейхэм, КъБКъУ-м, нэгъуэщI утыкухэм зэрыщигъэлъэгъуар, дяпэкIи и IэдакъэщIэкIхэмкIэ дигъэгуфIэну зэрыщыгугъыр. - Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым художникхэр я дуней лъагъукIэкIэ къызэрыгуэкI цIыхухэм зэремыщхьым, къапщтэмэ, плъыфэхэр зэралъагъумкIэ, къуалэбзухэмрэ псэущхьэхэмрэ я макъхэр зэрызэхахымкIэ, блэкIам, тхыдэ щIэинхэм, IуэрыIуатэм, хабзэм, щэнхабзэм зэрыщыгъуазэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи, - жиIащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий. - ЗэфIэкIрэ щIэныгъэрэ зыбгъэдэлъ Французов Казбек и лэжьыгъэхэм я фIагъым хегъахъуэ, Къэрэшей-Шэрджэсми Къэбэрдей-Балъкъэрми щыпсэухэр сурэтыщI гъуазджэм и щэхухэм хегъэгъуазэ, а унэтIыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуещI. КъБР-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ Французов Казбекрэ и щхьэгъусэ Тамарэрэ гуапэу ехъуэхъуа нэужь, жиIащ тхыдэм и хъумакIуэ, абы и напэкIуэцIхэр теплъэгъуэхэмрэ плъыфэхэмрэ къигъэсэбэпурэ зи лэжьыгъэхэм къыщызыгъэлъэгъуэж, и лъэпкъым и блэкIар цIыхубэм, щIэблэм я деж нэзыхьэс сурэтыщIым зэфIэкI зэриIэр. «Сто шагов к Кайсыну» фондым и унафэщI Тетуев Хьэдис Французов Казбек иритащ я IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр, я фондым иригъэкIуэкI щэнхабзэ, тхыдэ, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым, Урысейм и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым, Балъкъэрыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ щрикъум ирихьэлIэу «Сурэтхэм я хъыбарыр» гъэлъэгъуэныгъэр къызэрызэригъэпэщам папщIэ. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м и ТхакIуэхэми, и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Биттировэ Тамарэ фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, сурэтыщIым и гуащIэм гулъытэ хуэзыщIахэм. Французов Казбек зэхуэсахэм защыхуигъазэм жиIащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэр мамыру, зэгурыIуэ яку дэлъу дяпэкIи зэдэпсэунымкIэ, нэхъри зэкъуэувэнымкIэ сурэтыщI гъуазджэри сэбэп зэрыхъур. СурэтыщIым фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэмрэ абы къекIуэлIахэмрэ. Французов Казбек теухуауэ: Санкт-Петербург и художественно-промышленнэ академие Штиглиц и цIэр зезыхьэм дизайнымкIэ и факультетыр къиухащ. 1975 гъэ лъандэрэ гъэлъэгъуэныгъэхэм жыджэру хэтщ. Къэрэшей-балъкъэр лъэпкъым я къэщIэрэщIэжыныгъэм теухуауэ 2007-2012 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм къыщызэрагъэпэща выставкэхэм и лэжьыгъэхэр хигъэхьащ. И Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр щахъумэ Санкт-Петербург, Москва, Калининград, Владимир, Елабугэ къалэхэм, Ставрополь крайм, Тэтэрстаным, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэм. Сурэт, скульптурэ щIыным теухуауэ иIэ зэфIэкIхэр къалъытэри, «Зодчество-2006» дунейпсо фестиваль-зэпеуэм и «Дыщэ щIыхь тхылъыр», ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, УФ-м и Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я рескомым и лэжьакIуэхэм я щIыхь тхылъхэр, Гуртуев Берт и цIэкIэ ягъэува медалыр къыхуагъэфэщащ.
Поделиться:
Читать также:
12.02.2026 - 16:16 →
Тхыдэм щыхьэт хуэхъу уэрэдыжьхэр
12.02.2026 - 14:10 →
Макъамэ гъуазджэр зыгъэбея
11.02.2026 - 15:47 →
Лъэныкъуэ куэду зэтопщIыкI
11.02.2026 - 11:01 →
ЛIыхъужьыгъэмрэ уэрэдыжьхэмрэ
10.02.2026 - 12:26 →
ЛIыхъужьыгъэм и напэкIуэцIхэр къызэрагъэдзэкIыжурэ
| ||




