Хэкуми лъэпкъми щыгъупщэнукъымУсакIуэ цIэрыIуэ Гъубжокъуэ Лиуан и къалэмыпэм къыщIэкIащ гупсысэ куукIэ гъэнщIа усыгъэ купщIафIэ куэд, ахэр хабжэ къэбэрдей поэзием и лъагапIэм. Абы и зэфIэкIым и ехъулIэныгъэхэр зыхуэдэм тетхыхьащ ди лъэпкъ щэнхабзэм и цIыху щэджащэ куэд. Абыхэм ящыщ зыбжанэм Гъубжокъуэм хужаIахэм фыщыдогъэгъуазэ. Шэвлокъуэ Пётр: Дунейм дахэу, гуапэу трилъагъуэ псоми щыгуфIыкIыу, «гъэгъахэр гъунэгъу Iыхьэу» къригуэшэкIыу, гумащIэу, псэ дахэ иIэу усакIуэм и гущIэлъапсэм «къриха» мы зы «усэ налъэр» къызыхэтха «Си лъахэ - си удз дахэ» усэм фIэкIа имытхами, ди гум къыщIитхъыу зи гъащIэ пшыналъэр зэпыча Гъубжокъуэ Лиуан зэрыусакIуэ нэсыр гъуэщэнутэкъым. ПсэкIэ зыхимыщIауэ, и псэм къыбгъэдэмыкIауэ Лиуан зы уси итхакъым. Усэ тхыныр зэи и зэштегъэупIэу щытакъым. И «губампIэр» (фIы ирехъу, Iей ирехъу, и гум къыдрихьеяр) «зэригъэтIыс» гурыщIэ псалъэт усэр. Лиуан дунейм ехыжа нэужь, къыдагъэкIыжауэ щыта «Иужьрей уафэхъуэпскI» усэ сборникым ит усэхэм иджы дыдэ щIэрыщIэу сыкъеджэжащ. А тхылъым нэхъ пасэу сэ сызэмыджа иткъым, сыту жыпIэмэ Лиуан щIалэ дыдэу япэ лъэбакъуэ поэзием щича зэманым къыщыщIэдзауэ и творчествэм зэрызиужьам сыщыгъуазэщ, илъэс зыбжанэкIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым дыщызэдэлэжьащ. И усэхэм хуэдэу, езы Лиуани гумащIэу, гуапэу, «макъ щабэу», фэрыщIыгъэ лъэпкъ хэмылъу зэрыщытам сыщыгъуазэщ. Лиуан и хъэтIыр, и макъыр нэгъуэщIхэм яхэгъуэщэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Абыхэм яхэлъ гурыщIэм, гупсысэм «укъызэщIаIэтэ» къудейкъым, атIэ цIыхугъэми дунеягъэми пыщIа къэхъугъэхэм куууэ урагъэгупсыс. Езы Лиуан игу хэщIу зэритхыжауэ, адэIэ щабэ жыхуаIэр зи щхьэфэм къытемыIэба, гу щимыхуэу зи анэр пасэу зыфIэкIуэда усакIуэм и мащIэкъым цIыхур зыгъэгумащIэ, гущIэгъулы зыщI, нэщхъеягъуэм и ныбжь мащIэ зытелъ, плъэмыкIыу уи нэпсыр къыщIэзыху усэ гумащIэхэр. Гъубжокъуэм егъэлеяуэ куэд имытхами (ар зэи хущIэкъуакъым усэ нэхъыбэ зэритхыным), абы къыщIэна усэ телъыджэхэр адыгэ усыгъэм лъэужь дахэу къыхэнащ, тхылъеджэхэм я гум гуапэу къинащ. IутIыж Борис: Уэрэд жиIэ зэпыту псэуа закъуэтIакъуэхэм ящыщщ Гъубжокъуэ Лиуан. Сабиигъуэ гурыфIыгъуэншэмрэ щIалэгъуэ хьэлъэмрэ къапхрыкIа, псэуну щIидзауэ къыщыфIэщIым, гъащIэр зэуэ къытеункIыфIа пэтми… Поэзие - аращ Лиуан псэуху жиIа уэрэдым зэреджэр. Бохъшэм иплъхьэ е къыгуэбдзэкъыкI мыхъу псоми пщIэ лъэпкъ щыхуамыщIыж мы ди зэманым шэщIауэ ущIытепсэлъыхьыни щымыIэу къыпщохъу Гъубжокъуэм гъащIэ гъуазэу иIа поэзием. Сыту жыпIэмэ усыгъэр Тхьэм цIыхур гъунэгъу зэрызэхуищI Iэмалщ. Iэщэ нэщэнэхэр тепщэ щыхъу зэманхэм деж пшэхэм щIахъумэ дыгъэщ. ЯгъэныщкIуурэ фIэкIа дунейм и фIымрэ и Iеймрэ зэхэзымыхуфхэм къапхугурымыгъэIуэн икIи пхуазыхемыгъэщIэн телъыджэщ. Бицу Анатолэ: Лиуан и усакIуэ гупсысэр хуегъэлажьэ нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэм - къэзылъхуа лъэпкъым и дыгъуасэмрэ и нобэмрэ зэпыщIэным, абы и пщэдейрей махуэр убзыхуным, ар дэтхэнэ зы цIыхуми хъуэпсапIэ нэху хуэщIыным. Псэемыблэжу, зэфIэкIышхуэ зэриIэр къигъэлъагъуэу лъэпкъ литературэм хуэлэжьащ Гъубжокъуэр. ЩакIуэ Марьянэ: Гъубжокъуэ Лиуан и тхылъхэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ абы и гъащIэм, и щыIэкIэ-псэукIэм. Ар зэи тетхыхьыркъым фIыуэ зыщымыгъуазэ Iуэхугъуэхэм. Сыт щыгъуи хуосакъ и усэм и теплъэм, и фащэм, сатырхэм пкъы ящIэту щытыным. УсакIуэр хущIокъу къищтэ темэхэм нэгъуэщIхэм къамыгъуэта гуэрхэр къыщигъуэтыным. Ар Iуэху гугъущ, ауэ Лиуан ар зрегъэхъулIэ. Хьэх Сэфарбий: Гъубжокъуэ Лиуан и цIэр куэдрэ зэхэсха, и тхыгъэхэм седжа нэужьщ езым сыщыхуэзар. Ар куэдым къацIыху усакIуэ хъуат, университетым щеджэрт. Зэгуэрым абы срохьэлIэ тхылъ цIыкIу гуэр иIыгъыу. «Дапщэщ уэ езым уи тхылъ къыщыдэкIынур?» - соупщI. «Куэд иIэжкъым сысейри къыдэкIыным», - жеIэ Лиуан. Пэжуи, куэд дэмыкIыу дунейм къытехьащ Гъубжокъуэм и япэ усэ тхылъ цIыкIур, «Шэрэдж толъкъунхэр» зыфIищар. ТхылъыфI хъуат ар, усэфI куэд итт. ИужькIэ Лиуан усэ куэди итхащ, тхылъ Iэджи къыдигъэкIащ, ауэ а япэрейр сэ нэхъ гукъинэж сщыхъуащ. Тхьэгъэзит Зубер: Лиуан и литературэ лIыхъужьыр щIэпсэур мыхьэнэншэу, IуэхукIэ мыгъэнщIауэ и гъащIэр ирихьэкIыну аракъым, атIэ лэжьыгъэкIэ, ари Iэпщэ къару лэжьыгъэ къудей мыхъуу, псэмрэ акъылымрэ я зэпымыуж лэжьыгъэкIэ гъэнщIауэ щытынырщ. Гъубжокъуэм и цIэр жыжьэ нэIусат. Сигу къокIыж РСФСР-м и тхакIуэхэм я III съездым сызыщыхуэза Гамзатов Расул къызжиIауэ щытар. «Хэт Гъубжокъуэ Лиуаныр? Щыпсэур, щылажьэр дэнэ?» Жэуап еста нэужь, Гамзатовым жиIащ: «ФIыщ апхуэдэ усакIуэ щIалэ гъэщIэгъуэнхэр фиIэ зэрыхъур. Сэ сыкъеджащ Лиуан и усэ гуп «Дружба народов» журналым тету. Нэгъэсауэ усэфIхэщ!» Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
12.02.2026 - 16:16 →
Тхыдэм щыхьэт хуэхъу уэрэдыжьхэр
12.02.2026 - 14:10 →
Макъамэ гъуазджэр зыгъэбея
11.02.2026 - 15:47 →
Лъэныкъуэ куэду зэтопщIыкI
11.02.2026 - 11:01 →
ЛIыхъужьыгъэмрэ уэрэдыжьхэмрэ
10.02.2026 - 12:26 →
ЛIыхъужьыгъэм и напэкIуэцIхэр къызэрагъэдзэкIыжурэ
| ||




