Соттаев Къанщауэ и щIыхькIэ

КъБАССР-м и цIыхубэ артист, балетмейстер цIэрыIуэ, «Кабардинка» ансамблым и къэфакIуэ Соттаев Къанщауэ илъэс куэдкIэ щыпсэуа, Налшык къалэм и Ватутинэ уэрамым тет унэ №14-м фэеплъ пхъэбгъу щыхукIэралъхьащ. Ар ирагъэхьэлIащ артистыр къызэралъхурэ илъэс 91-рэ щрикъум. 
Лъэпкъ къафэ гъуазджэм зи гъащIэр тезыухуа Соттаев Къанщауэ 1935 гъэм щIышылэм и 15-м Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хыхьэ Лашкутэ къуажэм къыщалъхуащ. 1957 гъэм «Кабардинка» ансамблым хыхьэри, абы къыщигъэлъэгъуа зэфIэкIыр республикэм и щэнхабзэм и тхыдэ напэкIуэцIым щыщ IыхьэфI хъуащ. 
Къафэ гъуазджэр къигъэна нэужь, Соттаев Къанщауэ егъэджакIуэ лэжьыгъэм зритри, «Налкъут», «Элия», «Асса» ансамблхэр къызэригъэпэщащ, къафэм хуигъэсащ щIалэгъуалэр. Илъэс тIощIым щIигъукIэ абы и унафэм щIэтащ «Эльбрус» къэфакIуэ ансамблыр. КъыжыIапхъэщ, нобэ гупым абы и цIэр зэрызэрихьэр. Соттаевыр зи унафэщIу щыта гуп псоми къыхуагъэфэщащ цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэ зытрах ансамбль цIэ лъапIэр. 
КъэфакIуэм траухуа зэхыхьэм зрагъэхьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и лIыкIуэхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, Соттаев Къанщауэ и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, абы и гъэсэнхэм, лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм. 
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат и псалъэм къыхигъэщащ лъэпкъым и къуэ щэджащэ, лъэпкъ щэнхабзэм, къафэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, цIыху гуапэу, пэжу щыта, жэуаплыныгъэ зыхэлъа Соттаев Къанщауэ и цIэмрэ и пщIэмрэ ямыгъэкIуэдыжын папщIэ фэеплъ пхъэбгъу зэрыхурагъэщIар.
- И IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым къыдэкIуэу, ар икIи цIыху хьэл-щэныфIэт. ЦIыху гуапэу, нэфIэгуфIэу, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэну хьэзыру – апхуэдэущ ар сигу къызэринэжар. Аращ цIыхубэм ар щIытщымыгъупщэм и щхьэусыгъуэри, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. – Республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм, сабий щэ бжыгъэхэр къафэм зэрыхуигъэсам папщIэ Соттаев Къанщауэ фIыщIэ, фэеплъ хуэфащэщ.
УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Шортэн Аллэ кIэщIу къытеувыIащ «Кабардинка» ансамблымрэ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ Уардэунэмрэ Соттаев Къанщауэ зэрыщыдэлэжьам теухуа и гукъэкIыжхэм. Абы жиIащ дапщэщи къыбдэIэпыкъуну хьэзыр, фыгъуэ зыхэмылъ, зэи зыкъызыфIэмыщIыж, гушыIэ зыхэлъ цIыху дахэ Къанщауэ фIыуэ умылъагъункIэ, пщIэ хуумыщIынкIэ, умыгъэлъэпIэнкIэ Iэмал имыIэу зэрыщытар, абы и цIэр «Эльбрус» ансамблым зэрызэрихьэр зэригуапэр. 
Соттаев Къанщауэ и шыпхъум и къуэ Шыгъушэ Артур фIыщIэ яхуищIащ щIэин дахэ къэзыгъэна, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я цIыху щэджащэр зигу къэзыгъэкIыжыну зэхуэсахэм, мы Iуэхур зи жэрдэм унафэщIхэм.
Фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ Хъубий Маратрэ Къумахуэ Мухьэдинрэ, Соттаев Къанщауэ и шыпхъур я гъусэу. Зэхуэсахэм фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: