Зи IэнатIэм хуэпэж Къашыргъэ Мухьэмэд

КъБР-м и Къэрал филармоние Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэм и художественнэ унафэщI икIи и уэрэджыIакIуэ Къашыргъэ Мухьэмэд и ныбжьыр щIышылэм и 16-м илъэс 70 ирикъуащ.
Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщыхъуа Къашыргъэ Мухьэмэд къызэрыгуэкI адыгэ унагъуэм къыхэкIащ: и адэр совхозым хэтт, и анэр унэгуащэт. И IэщIагъэмкIэ щапхъэ хуэхъуар, макъамэм дезыгъэхьэхауэ къилъытэр дзапэ уэрэд Iурылъу е гущэкъу уэрэд жиIэу зэрыцIыкIурэ къекIуэкIа и анэращ. Абы щыгъуэ телевизор апхуэдэу щымыIами, адыгэ радиом къит нэтынхэмрэ концертхэмрэ едаIуэрт, уэрэджыIакIуэхэу Къуныжь Хьэждал, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ я уэрэдыжьхэр зыхалъхьэ щымыIэу яфIэфIт. 
Мухьэмэд курыт еджапIэм щыщIэсым, уэрэд жыIэнымкIэ я егъэджакIуэ КIарэ Хьэсэн и макъым гу къылъитэри, классым къыхишурэ уэрэд жригъэIэрт. Школ самодеятельностым и хорым хэту, уэрэдхэр къыхидзэурэ жиIэу, адрейхэр дежьуууэ къекIуэкIащ. 
Къашыргъэм еплIанэ классыр къиуха нэужь, КIарэ Хьэсэн Налшык къишэри, адыгэ, балъкъэр щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр зыщIэс интернатым лъэпкъхэм я лэжьакIуэхэр ягъэхьэзырын папщIэ къызэрагъэпэщауэ щытам, илъэситхукIэ щеджащ ар. Абы кIэлъыкIуащ МузыкэмкIэ школымрэ училищэмрэ. Иужьрейм илъэсиплIкIэ баяным щыхуеджащ. Училищэр къиуха нэужь, армэм кIуэщ къигъэзэжри, Астрахань консерваторием и уэрэджыIакIуэ къудамэм щIэтIысхьащ. КурситI еджауэ, ещанэм Воронеж ГъуазджэхэмкIэ и институтым зригъэдзыжат, и ныбжьэгъу куэд абы зэрыщеджэм, а щIыпIэм и щIыуэпс щытыкIэр дыдейм нэхъ зэрытпэгъунэгъум къыхэкIыу. УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Воронеж къалэм оперэмрэ балетымкIэ и театрым и уэрэджыIакIуэ Колмаков Геннадий иригъэджащ Мухьэмэд. Нэхъыбэу зыхуеджар оперэмрэ опереттэмрэщ, романс, классикэ уэрэдхэр гъэзэщIэнырщ. 
Ди республикэм къигъэзэжа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэралтелерадиом и хорым уэрэджыIакIуэу илъэс зыбжанэкIэ хэтащ. Абы и унафэщI Мыз Борис щIалэр училищэм щыщIэсам баяным нэмыщI цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ оркестрым и дирижёр дерсымкIи иригъэджат. 
Музыкэ училищэми илъэс зытхухкIэ егъэджакIуэу щыIащ. КъинэмыщIауэ, Музыкэ театрми щылэжьащ, оперэхэм, оперетэхэм, спектаклхэм щыджэгуу. 
Музыкэ театрым и дирижёр Бекъул Леонид лъэпкъ IэмэпсымэхэмкIэ «Бжьамий» ансамблыр 80 гъэхэм къызэригъэпэщауэ щытащ. Абыи Мухьэмэд илъэс куэдкIэ хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэр филармонием 1999 гъэм щыщIидзащ, 2001 гъэ лъандэрэ абы и художественнэ унафэщIщ икIи и уэрэджыIакIуэщ. 
Къашыргъэ Мухьэмэд зыщIэхъуэпс IэщIагъэр къехъулIащ. ЦIыхум дахагъэ, лъагъуныгъэ зыхебгъэщIэным нэхъыфI сыт щыIэ?! Апхуэдэ Iэмал зэриIэм ирогуфIэ икIи ирогушхуэ. Мы гъащIэм щынэхъыщхьэу къилъытэри аращ - цIыхубэм дахагъэ зыхебгъэщIэнырщ. 
КъБР-м и Къэрал филармониер КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту мэлажьэ. Мы зэманым филармонием гупиплI иIэщ: симфоние оркестрым и гупыр цIыху 60 мэхъу, «Камерата» ансамблыр, лъэпкъ, музыкальнэ лекторинэ гупхэр. Я къалэн нэхъыщхьэу къалъытэр цIыхухэр, щIэблэр фIым, дахэм, хэку лъагъуныгъэм щIапIыкIынырщи, ТекIуэныгъэм, Хэкум и хъумакIуэхэм, анэм, нэгъуэщI махуэшхуэхэм ирихьэлIэу концертхэр ягъэлъагъуэ.
Урысейм, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыурэ республикэм хьэщIэ куэд къокIуэ, ди санаторэхэм зыщызыгъэпсэхухэри мащIэкъым. Абыхэм концертхэр хуашэ, ди лъэпкъ щэнхабзэм, ди усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм щагъэгъуазэ. 
Я пшыхьхэр нэхъыбэу щекIуэкIар Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэрщ, оркестрым и макъамэ Iэмэпсымэхэр кърашэкIыну зэрымытыншым къыхэкIыу. Пушкиным и картэр къагъэсэбэпурэ, илъэс 14-м щыщIэдзауэ илъэс 22-рэ ныбжьым итхэр, курыт еджапIэм екIуалIэхэр, студентхэр нэхъыбэу къахуоблагъэ. Къэралыр къадэIэпыкъуурэ, 1-7-нэ классхэм щIэсхэри оркестрым и концертхэм ирагъэблагъэ. 
Къашыргъэ Мухьэмэд нэхъ гукъинэж щыхъуахэм ящыщщ илъэс тIощIым нэблагъэкIэ театрым и репертуарым хэта «Летучая мышь» опереттэр. Къыдеджа, и ныбжьэгъу Хъупсырджэн Албэч и гъусэу щыджэгуащ абы. Бекъул Леонид 80 гъэхэм Налшык къыщызэригъэпэща, макъамэ Iэмэпсымэхэм, къафэхэм, уэрэдхэм я «Бжьамий» ансамблми ахэр зэгъусэу хэтащ. Гупым хэтхэр щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэхэт, зи IэщIагъэм хуэIэижьхэт. Гуп цIэрыIуэм и лэжьыгъэр зыхуэунэтIар, абы и къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъ къафэхэм, уэрэдхэм, адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм щыщ хабзэхэм цIыхубэр хэгъэгъуэзэнырт. Бекъул Леонид зэпымыууэ хущIэкъурт ансамблым и программэр нэхъ щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн зэрищIыным. «Бжьамийм» щыхэтам гупыр Адыгейм, Москва, Сирием, Йорданием, Тыркум и Истамбыл, Анкара, Къайсэр къалэхэм зэрыщыIар Мухьэмэд гукъинэж щыхъуащ. КIэщIу жыпIэмэ, дуней псом и щIыпIэ куэд къызэхакIухьащ, щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ екIуэкIа зэпеуэхэм, фестивалхэм япэ увыпIэхэр къыщыхуагъэфащэу. 90 гъэхэм Франджым кIуэри, мазэкIэ щыIащ. Абы зэрыкIуари къызэрыкIуэжари автобусщ. КъыщыкIуэжым, Берлин щыпсэу адыгэхэм ирагъэблагъэщ, я унагъуэхэм трагуашэри, махуищкIэ ягъэхьэщIат. 
Польшэм щекIуэкIа «Дыщэ джыдэ» дунейпсо фестивалыр-щэ?! Абы и саугъэт нэхъыщхьэр къыщыхуагъэфэщауэ, гъэщIэгъуэн куэди ялъэгъуауэ къагъэзэжауэ шытат. А псом нэхъыщхьэу хэлъыр утыку щагъэлъагъуэ лъэпкъ хабзэхэм, фащэхэм, къафэхэм, уэрэдхэм я дахагъэр куэдым ягу зэрыдыхьэрт, телъыджэ зэращыхъурт. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: