Орел зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр

Кавказ Ищхъэрэм армрестлингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Владикавказ къалэм махуищкIэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ спортсмену 300-м нэблагъэ, абыхэм щыщу 25-р Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ. 
ГъэщIэгъуэну икIи гуащIэу екIуэкIа зэпеуэхэм ди республикэм и лIыкIуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щаIащ икIи ди ныбжьыщIэ I4 я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм щынэхъыфIахэм яхэхуащ икIи зачетым хыхьэ очкохэр къахьащ. 
Мыдрейуэ, Бэрэздж Кимран, Балъкъэр Ибрэхьим, Хасаев Сэлим, КIэмыргуей Ратмир, ПщыхьэщIэ Къантемыр сымэ япэ увыпIищыр зыубыда спортсменхэм яхыхьащ. Ди щIалэхэм зэгъусэу къахьащ япэ увыпIэу 3, етIуанэу – 4, ещанэуи – 4. 
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь ди республикэм и спортсмени 9-м Iэмал ягъуэтащ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъатхэпэм и 9 - 14-хэм Орел къалэм щызэхэтыну зэIущIэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Апхуэдэуи а зэпеуэм хэтыну дзыхь ирагъэзащ Шыбзыхъуэ Чингизрэ Балэ Темырланрэ. 
Ди командэм и тренерхэр ТхьэмылIокъуэхэ Ислъамрэ Астемыррэщ.

 

БЭБЭЧ Башир.
Поделиться:

Читать также: