ХъугъуэфIыгъуэ мылъытэ

ГъэщIэгъуэнщ езы эпосым и цIэ – «нарт» псалъэм и хэкIыпIэри. А псалъэм ущрохьэлIэ нарт пшыналъэрэ хъыбаррэ зиIэ лъэпкъ псоми я бзэм. Дэтхэнэ бзэми абы щиIэ мыхьэнэр зыщ – абыкIэ йоджэ пасэрей лIыхъужьхэм, а лIыхъужьхэм я эпосым.

«Нарт» псалъэм и хэкIыпIэм лъыхъуэным япэ дыдэ и ужь ихьар Нэгумэ Шорэщ. «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» зэрыщитхымкIэ, Шорэ ар псалъэ лъабжьитIу зэхыхьауэ ебж – нэрэ анту. Нэгумэм адыгэхэр анткIэ зэджэу щыта пасэрей лъэпкъыжьым къытепщIыкIауэ къелъытэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, етх Шорэ, «нарт» псалъэм «антхэм я нэ» («глаз антов») мыхьэнэ къокI. «Адыгэ» псалъэр Шорэ «ант» лъэпкъыцIэм къытрещIыкI, «хэ» суффиксыр пегъэувэри. А тIумкIи акъылэгъу хъуркъым нобэрей щIэныгъэр, Нэгумэ Шорэ абдежым щыуагъэ зэрыIэщIэкIар бэянщ (антхэр зэрыславян лъэпкъыр белджылы ящIакIэщ).

Адыгэ IуэрыIуатэм фIыуэ щыгъуазэу щыта Лопатинский Лев «нарт» псалъэм сонэбзэм узыщрихьэлIэ «мар» («цIыху») псалъэмрэ ираныбзэм щыщ «мард» («цIыху», «цIыхухъу») псалъэмрэ ирегъапщэ. А мыхьэнэ дыдэр «нарт» псалъэм кърех «Осетин этюдхэр» тхылъ цIэрыIуэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Миллер Всеволоди. Абы зэритхымкIэ, а псалъэр ираныбзэм (скифыбзэм, щэрмэтыбзэм) къыщежьащ. Ар дыдэмкIэ акъылэгъу мэхъу Бартоломе Христиани. Бартоломе «нарт» псалъэм «цIыху хахуэ», «зауэлI», «лIы лъэрызехьэ» мыхьэнэхэр делъагъу.

Зэрытлъагъущи, «нарт» псалъэм и хэкIыпIэм лъыхъуахэм я Iуэху еплъыкIэр зэтехуэркъым, абы и мыхьэнэмрэ и къежьапIэмрэ IупщI хъуауи пхужыIэнукъым. Нэхъ захуэу къыщIэкIынкIэ мэхъу «нарт» псалъэр санскритым (пасэрей индыбзэм) къыхэкIауэ зылъытэхэр. Санскритым ущрохьэлIэ «нара» псалъэм, абы «зауэлI», «лIыхъужь» мыхьэнэ щиIэщ пасэрей индыбзэм («т» пкъыгъуэм къикIри ар «нара» псалъэм щIыпыувари зэкIэ IупщIкъым, куэд бжыгъэ къимыгъэлъагъуэмэ). Пасэрей индыбзэмрэ кавказыбзэхэмрэ зэлъэIэсауэ зэрыщытам щыхьэт техъуэ щапхъэхэр мащIэкъым, ахэр зэпащIэфынкIэ хъуну щытащ хьэтхэм, хуритхэм (кавказ лъэпкъхэм я Iыхьлыхэм) я бзэхэм.

Илъэси 150-м щIигъуащ адыгэ нарт эпосыр хэIущIыIу зэрыхъурэ. Абы и цIэ япэ дыдэ изыIуар Хъан-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэщ. 1842 гъэм дунейм къытехьащ Хъан-Джэрий и зы тхыгъэ – «Адыгэхэм я диныр, хьэл-щэнхэр, хабзэхэр, я псэукIэр». А тхыгъэмкIэ Хъан-Джэрий щыхьэт техъуащ адыгэхэм нарткIэ зэджэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбархэр къазэрыдэгъуэгурыкIуэм, абыхэм ящыщ зыбжанэм – Сосрыкъуэ, Тотрэш, Уэзырмэдж, Уэзырмэс, Батэрэз сымэ я цIэ ириIуащ. Хъан-Джэрий гу лъитащ пасэрей лIыхъужьхэм – нартхэм – я лъэужь куэд адыгэ лъахэм къызэрыщызэтенам. Хъан-Джэрий, езыр щыхьэт зэрытехъуэжымкIэ, адыгэ хъыбарыжь, пшыналъэ, уэрэдыжь куэд зэхуихьэсауэ щытащ; шэч хэлъкъым Хъан-Джэрий адыгэ IуэрыIуатэр щызэхуихьэсым нарт эпосым гулъытэ хуимыщIынкIэ Iэмал зэримыIам. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хъан-Джэрий и Iэрытхыр ди деж къэсакъым.

Хъан-Джэрий и тхыгъэр традза нэужь, илъэситху дэкIри, 1847 гъэм, дунейм къытехьащ Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр». Берже Адольф зэритхамкIэ, Шорэ ар зэхэлъхьэн иухакIэт 1843 гъэм. Езы Нэгумэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Тхыдэм» лъабжьэ хуэхъуа пасэрей хъыбарыжьхэр зэхуэхьэсын пасэ дыдэу щIидзащ абы. Шорэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» къызэрыщигъэлъэгъуащи, адыгэхэм я гъунэжщ нарткIэ зэджэ пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбархэр, я цIэ къреIуэ Сосрыкъуэ, Ашэмэз, Уэзырмэдж, Батэрэз, Нэсрэн ЖьакIэ, нэгъуэщIхэми. Адыгэхэм нарт хъыбархэр къазэрыдэгъуэгурыкIуэм щыхьэт техъуа фIэкIа, Нэгумэ Шори къызэринэкIакъым нарт хъыбари нарт пшыналъи, «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» Сосрыкъуэ и пшыналъэм щыщ зы едзыгъуэ узэрыщрихьэлIэм и гугъу умыщIмэ.

Адыгэ нарт эпосым щыщ пшыналъэ дунейм япэ дыдэ тхыгъэу къыщытехьар 1864 гъэрщ. А гъэм Тифлис къыщыдэкIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъ цIыкIу – «Сосрыкъуэ и пшыналъэм и едзыгъуитIрэ таурыхъитIрэ». ХьэтIохъущокъуэм и тхылъым итщ (езым итхыжауэ) Сосрыкъуэ и пшыналъитI – Сосрыкъуэрэ Иныжьымрэ (Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьар), Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ (Сосрыкъуэ Албэч и къуэ Тотрэш зэриукIар) я пшыналъэхэр. ХьэтIохъущокъуэ Къазий итхыжауэ нэхъ иужьыIуэкIэ дунейм къытехьащ Ашэмэз и пшыналъэри Бэдынокъуэ и пшыналъэри.

ХьэтIохъущокъуэ Къазий итхыжа пшыналъэхэр нарт эпосым и фIыпIэм щыщщ, абыхэм ущрохьэлIэ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ щызэхуэхьэсауэ дунейм къытехьа дэтхэнэ тхылъми – «Нарт хъыбархэр» (1945 гъ.), «Нартхэр» (1951 гъ.), «Нартхэр. Адыгэ лIыхъужь эпос» (1974 гъ.), «Нартхэр. Адыгэ эпос» (томиблым щызэхуэхьэсауэ, 1968–1971 гъэхэм), нэгъуэщIхэми.

ХьэтIохъущокъуэ Къазий иужькIэ адыгэ нарт эпосым хуэфащэ гулъытэ игъуэтыжакъым – ди лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэр блэкIыху (пшыналъэ кIапэлъапэ, хъыбар закъуэтIакъуэ, нэхъыбэр урысыбзэкIэ, хэIущIыIу хъуа фIэкIа). Нарт хъыбархэр, пшыналъэхэр зэхуэхьэсыным, тедзэным гулъытэ щигъуэтар ди лъэхъэнэрщ. Абы ехьэлIа нэхъ лэжьыгъэ ин дыдэу и цIэ къипIуэ хъунущ, ХьэдэгъэлI Аскэр игъэхьэзырауэ Мейкъуапэ къыщыдэкIа тхылъиблыр – абы щызэхуэхьэсащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий деж къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэсыху нарт хъыбаррэ пшыналъэу къэхута хъуа псори.

Нобэрей щIэблэр зэрыгушхуэ хъун художественнэ хъугъуэфIыгъуэ мылъытэ къызэранэкIащ дяпэ итахэм – нарт эпос щэджащэр. Ар зи акъылым къилэжьа лъэпкъхэм я ныбжьыр къыдобжэ дунейпсо цивилизацэм и япэ лъэбакъуэхэм. Илъэс мин зыбжанэм къыщхьэдэха нарт эпосыр щыхьэт тохъуэ ди лъэпкъхэм культурэ лъагэ дыдэ зэрабгъэдэлъам, абыхэм зи ублапIэм унэмыплъыс тхыдэ гъуэгуанэ къызэрызэпачам.

КЪАРТУЛ Хьисэ.
Поделиться: