|
|
Литературэ
19 июля, 2019 - 05:08
ГукъэкIыжхэм щыщщ
ФIылъагъуныгъэмрэ творчествэмрэ зыкъомкIэ зэщхьу къыщIэкIынщ - а тIум языхэзми уи гумрэ уи псэмрэ зэ ятхьэкъуамэ, къаIэщIэкIыжыгъуейщ. Мыбдеж сыт хуэдэ лъэпощхьэпори, гугъуехьри, зэпэIэщIэныгъэри зэран хъуну уяку къыдыхьэф щыхабзэкъым. Абы щыхьэт тохъуэ КIэщт Мухьэз и творческэ гъуэгуанэр къызэрежьауэ щытари.
19 июля, 2019 - 05:07
КIэщт Мухьэз Хъусин и къуэр 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Къэрэгъэш къуажэм къыщалъхуащ, абы курыт еджапIэр къыщиухащ. Дзэм илъэситIкIэ къулыкъу щищIа нэужь, Москва дэт Литературэ институтым щеджащ, 1965 гъэм къыщыщIэдзауэ «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым, 1971 - 1977 гъэхэм «Iуащхьэмахуэ» журналым, иужькIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щылэжьащ.
Мухьэз и къалэмыпэм къыпыкIащ гупсысэ жанкIэ гъэнщIа усыгъэ купщIафIэ куэд. Ахэр цIыхухэм гукъинэж ящыхъуащ икIи адыгэ поэзием и фIыпIэхэм хабжэ.
10 июля, 2019 - 05:07
Дыгъэри ебэкъуэжакIэу къурш тхышэм,
Ди гъуэгум пытщэжащ псалъэмакъыншэу.
ПшэкIэплъ къытегъуэлъхьар ди гъуэгум,
Гъуабжэ-фIыцIафэ щIэхъукIыжт ди лъэгум.
5 июля, 2019 - 05:08
Чех тхакIуэ, усакIуэ Чех Сватоплук (1846 - 1908) езым и лъахэми нэгъуэщI щIыпIэхэми щыцIэрыIуэщ. Абы итхащ эпическэ, тхыдэ поэмэ зыбжанэ, ауаныщI повестхэр.
19 июня, 2019 - 05:04
Ди газетеджэхэм фIыуэ яцIыхун хуейщ нэхъ пасэу тхыгъэ зыбжанэ зыхуэдгъэфэща, «ЛIэщIыгъуэ телъыджэ» тырку киносериалыр зи IэдакъэщIэкI, а къэралым щыпсэуа адыгэ актрисэ, сценарист Шыгъэлыгъуэ Мерал.
14 июня, 2019 - 05:08
ЩIалэ гуэр ежьащ: «Си благъэ, си ныбжьэгъу зэзгъэлъагъунщ», - жери.
И благъи и ныбжьэгъуи зригъэлъагъури, гъуэгу къытехьэжауэ къыздэкIуэжым, зы жылэ къыблэкIыжын хуейти, дидзыхащ. Жылэм лIы цIэрыIуэ гуэр дэсти, ар зригъэцIыхун мурад ищIащ щIалэм.
29 мая, 2019 - 05:08
Нобэ зи гугъу сщIыну Кърым-Джэрий СулътIан тхакIуэт, журналистт икIи щIэныгъэлIт. Адыгэ лъэпкъхэм яIа псэукIэмрэ я тхыдэмрэ ятеухуауэ абы и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэ щIэщыгъуэхэр тедзэн зэрыщIадзэрэ илъэси 110-м щIигъуащ. Пушкин, Лермонтов, Белинский сымэ я лъэхъэнэгъу Инэт Кърым-Джэрий къыщIэна тхыгъэхэм куэд яхэтщ иджыри я пщIэр мыкIуэдауэ, ди нобэрей тхылъеджэхэм къахуэщхьэпэну.
17 мая, 2019 - 05:02
Адыгэ усакIуэ, драматург, журналист цIэрыIуэ Лыкъуэжь Нелли и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.
15 мая, 2019 - 05:07
ДЫГЪУЖЬ ФуIэд
Уз
Уз Iеищэ къызоуз,
Къызоузри - сегъэгыз.
Пхъэхым хуэдэу сызэпех,
КъысхыхьэхукIэ сегъатхъэ.
15 мая, 2019 - 05:05
«Жан» литературэ хасэм къызэригъэпэщ адыгэ усэ пшыхьхэм я къыкIэлъыкIуэр, гъатхэм теухуар, иджыблагъэ щыIащ Сэралъпхэ я уардэунэм. Ар иригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ и унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ.
Страницы
|