Календарь событий

09 октября 2026

Унэхэм хурашалIэ

Газыр здынэмыса унэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэр 2021 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ. Абы лъандэрэ унагъуэ мини 5-м щIигъум гъэсыныпхъэ «щхъуантIэр» я псэупIэхэм хурашэлIащ. Мы программэр гъэзэщIэынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым щыпэрыт щIыналъэхэм яхохьэ.

Газыр здынэмыса унэхэм ар хурашэлIэн папщIэ льготэ зиIэхэм субсидиеу сом мини 100 зырыз иратынущ, газым пыщIа Iэмэпсымэхэр къращэхуну, бжьамийхэм ирыпадзэну, н.къ. папщIэ.

ПэхуэщIэхэр къуажэм щолажьэ

Бахъсэн районым и Бахъсэненок къуажэм щаухуэ спорт комплексыр и кIэм нэблэгъащ. КъэтитIу зэтет, метр зэбгъузэнатIэу 1200 щIигъу зиубыд ухуэныгъэр яIэтащ «Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

НобэкIэ лэжьакIуэхэм унэ IуплъапIэр, абы къедза щIыпIэр зыхуей хуагъазэ, теплъэ дахэ ират, бгъэдыхьэпIэхэр, машинэ гъэувыпIэхэр хуащI. Мыдрейуэ, спортзалыр, тренерхэмрэ администрацэмрэ я пэшхэр, нэгъуэщIхэри хъэзыр хъуащ.

И IэщIагъэм игури и псэри етауэ

 Тхыгъэм хуэтщIа фIэщIыгъэр и лэжьэкIэм и мардэу, и джэлэсу дунейм тетщ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Нарткъалэ дэт курыт школ №1-м  адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс куэд лъандэрэ щезыгъэдж,  Аруан районым адыгэбзэр щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Хъуэст ФатIимэ Хьэжмудин и пхъур. ЕгъэджакIуэ Iэзэр ящыщщ зи цIэр  ди щIыналъэм   фIыкIэ  щыIуа лэжьакIуэхэм. Ар мызэ-мытIэу  пэрыт щыхъуащ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм, щытекIуащ УФ-м и Президентым и джэрдэмкIэ къыхалъхьауэ  щыта «ЕгъэджакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэхьэзэхуэм.

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым. Аращ  жэпуэгъуэм и 11-м Урысейм щагъэлъапIэ Мэкъумэш лэжьакIуэхэм я махуэм а къалэн мытыншыр езыхьэкIхэр яхуэфащэ ды­-дэу къыщIыхэдгъэщыр. 

ЦIыхубэм я гъуазэ

УсакIуэ-уэрэдус, УФ-м и Журналистхэмрэ и ТхакIуэхэмрэ я союзхэм хэт Кхъуэхъу Хъаннэ Мухьэдин и пхъур и гъэсэныгъэ, цIыху хэтыкIэ лъагэмкIэ цIыхубэ псом гъуазэ яхуэхъуф  бзылъхугъэхэм ящыщщ. Абы и творческэ макъыр ину Iуркъым, ауэ уи гущIэ лъащIэм хохьэ, ар зэхэзыххэм я тхыр нэхъ захуэ хъууэ къыпщегъэхъу, уеблэмэ пасэ зэманым уегъэгъэзэж, мыхьэнэ зиIэ гукъэкIыжхэр нэгум къыщIегъэхьэж.  

Iейм зыщахъумэу

Адыгэхэм я цIэ фIэщыкIэу щытар зихуэдэ щымыIэу телъыджэт. НэгъуэщI лъэпкъхэм цIэр дахэу зэрыIум е дин мыхьэнэ игъэзащIэу фIащу зэрыщытам къыщхьэщыкIыу, адыгэхэм цIэмрэ лъэпкъыцIэмрэ купщIэшхуэ щIалъхьэрт.

Адыгэ щIэблэм папщIэ

Лъэпкъыр узыншэн щхьэкIэ, щIэблэм уегугъун хуейщ. ЩыцIыкIум щегъэжьауэ ар гъэсапхъэщ фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу, ныбжьэгъур илъытэу, псэущхьэхэр фIыуэ илъагъуу, нэхъыжьым пщIэ хуищIу. Гъэсэныгъэм теухуауэ Iэмал нэхъыщхьэ дыдэу щыIэхэм ящыщщ тхылъыр. Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ. Сабийхэр зэрагъасэ, акъыл жан зэращI, анэдэлъхубзэр зэрырагъащIэ лэжьыгъэхэр и IэдакъэщIэкIщ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэ МЭЛЕЙ ФатIимэ.  ФатIимэ и IуэхущIафэ дахэхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI.

ЩIыналъэр йофIакIуэ

Аруан районыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 105-рэ зэрырикъур щагъэлъапIэм къыхагъэщащ щIыналъэр ефIакIуэ зэпыту къызэрыгъуэгурыкIуэр. Абы иращIэкIа махуэшхуэр хуабжьу гукъинэж хъуат.

Утыкум къыхуигъэщIа артисткэ

КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, республикэм щIыхь зиIэ и журналист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ пажэ, зи утыку итыкIэ екIумрэ зи адыгэбзэ гъэхуамкIэ, зи теплъэ гуакIуэмрэ сценэм IупщIу къиIукI макъ лъэщымкIэ театреплъхэм гукъинэж ящыхъу актрисэ Мысостышхуэ Маринэ нобэ къыщалъхуа махуэщи, ди гуапэу дохъуэхъу, узыншагъэр и бэу, и бын и гуфIэгъуэ щымыщIэу, и

Лэжьыгъэ щхьэпэ

Зауэм хэтахэм я лъэужьымрэ я щIыхь дамыгъэхэмрэ къэлъыхъуэжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI Нэхущхэ Ахьмэдрэ Дианэрэ. Зейхэм яIэрымыхьэжа къэрал дамыгъэ куэд къагъуэтыжу, ахэр я унагъуэхэм, я Iыхьлыхэм иратыжын яхузэфIэкIащ жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ къэлъыхъуакIуэхэм. КъищынэмыщIауэ, Нэхущхэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэхэм ящыщщ а лIыхъужьхэм ятеухуа тхыгъэхэри ягъэхьэзыру республикэм къыщыдэкI газетхэм къызэрытрырагъадзэр. Абыхэм ящыщ зыщ лейтенант Борэн Хьэжысмел Жамболэт и къуэм теухуари.

 

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭМ И У К А З

 

О единых базовых мерах поддержки лиц, принимающих (принимавших) участие в специальной военной операции, и других категорий лиц в

Кабардино-Балкарской Республике

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 9, мэрем

Пощтым  и дунейпсо махуэщ

1909 гъэм къалъхуащ убых тхакIуэ, журналист Щхьэплъы Зубейдэ.

1955 гъэм къалъхуащ ухуакIуэ, хьэрычэтыщIэ, «ААА» фирмэм и унафэщI Къурашэ Валерэ.

1966 гъэм къалъхуащ актрисэ, КъБР-м  и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мысостышхуэ Маринэ.

Дунейм и щытыкIэнур

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭМ И У К А З

О внесении изменений в состав Антинаркотической комиссии в Кабардино-Балкарской Республике, утвержденный

Указом Главы Кабардино-Балкарской Республики от 15 января 2026 г. № 4-УГ

 

1. Внести в состав Антинаркотической комиссии в Кабардино-Балкарской Республике, утвержденный Указом Главы Кабардино-Балкарской Республики от 15 января 2026 г. № 4-УГ "Об утверждении состава Антинаркотической комиссии в Кабардино-Балкарской Республике", изменения, включив в него следующих лиц: