|
|
Календарь событий
08 октября 2026
8 октября, 2026 - 14:49
Жэпуэгъуэм и 8, махуэку
УФ-м щагъэлъапIэ кхъухьхэм - псым тетхэми, псы щIагъым щIэтхэми, уэгум итхэми - я командирхэм я махуэр
1860 гъэм Бахъсэн цIыхубэ судыр къызэрагъэпэщауэ щытащ.
1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, АР-ми УФ-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ЗекIуэхъу Увжыкъуэ.
1935 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Умар Анатолэ.
8 октября, 2026 - 14:03
Пэфыф Заринэ и япэ дыдэ усэхэр илъэситху мыхъу щIыкIэ итхащ. Усыгъэр абы и лъым хэту арагъэнущ, сыту жыпIэмэ хъыджэбзым и адэшхуэ-анэшхуэхэу Къардэнхэ Хьэтэфрэ Фенэрэ усэхэмрэ уэрэдхэмрэ ятхыу, пшынэ еуэу, уеблэмэ Хьэтэф бзэ куэд ищIэрэ художественнэ самодеятельностхэм дихьэхыу щытащ. Заринэ и анэ Венери адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэщ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Хъыджэбзым и адэми (инженер нэхъыщхьэщ) щапхъэ трихари хэлъщ, бжыгъэхэмкIэ - гурыхуэ, техникэхэмкIэ Iэрыхуэ хъуащ.
8 октября, 2026 - 12:26
ЦIыхур дэзыхьэх лъэныкъуэм елъытауэ, зи хьэтыр лъагъупхъэ тхакIуэхэри гупсысакIуэхэри къыхех. ЖыIэгъуэ цIэрыIуэхэм, хъыбар щIэщыгъуэхэм уахуеплъэкIыурэщ узрикIуэ лъагъуэр зэрыпхуэубзыхур.
Зэгуэрым сулътIанымрэ уэзирымрэ я гупсысэкIэр зэтехуакъым. «Хьэлимхэр (диным хуеджа щIэныгъэлIхэр) нэхъ Iущщ, абыхэм пщIэ нэхъ яIэщ», - жиIэрт сулътIаным. Уэзирым идэртэкъым: «Хьэуэ, си сулътIан, ущоуэ, нэхъ Iущыр щихъхэращ (щIэныгъэ щэху зыбгъэдэлъ цIыху лъапIэхэр). Зэдауэр кIыхь щыхъум, Алыхьым хуэлажьэ щIэныгъэлI лIэужьыгъуитIри ягъэунэхуну мурад ящIащ.
8 октября, 2026 - 12:26
ЦIыхухэр тхылъ еджэжыркъым жаIэ щхьэкIэ, хуейм зыхуейр къызэригъуэтынур гурыIуэгъуэщ. Ауэ лъэпкъ цIыкIухэм я бзэмкIэ къыдэкIхэм я бжыгъэр куэдкIэ зэрынэхъ мащIэм уи щхьэфэцым зригъэIэт къудей мыхъуу, уи гъын къегъакIуэ.
Урысейм и Тхылъ палатэм 2026 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм епха бжыгъэхэр къигъэнэIуащ. Абы къикIращи, къэралым къыщыдэкIа газетхэмрэ тхылъхэмрэ я Iуэху зыIутым, нэгъуэщI мыхъуми, хуэгъэфэщауэ щыгъуазэ зытщIыфынущ.
8 октября, 2026 - 12:26
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Черная Речкэ – Благовещенскэ автомобиль гъуэгум ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэр икIэм нэблэгъащ. Километр 12-м щIигъу зи кIыхьагъ абы ирикIуэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу щытралъхьащ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэуващ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ. Иджыпсту гъуэгубгъур ягъэбыдэ, мывэ кIэщхъ тракIутэ. Лэжьыгъэр мы гъэм бжьыхьэм зэфIагъэкIыну я мурадщ.
8 октября, 2026 - 10:50
Об упразднении лицензионной комиссии Кабардино-Балкарской Республики по лицензированию деятельности по управлению многоквартирными домами
1. Упразднить лицензионную комиссию Кабардино-Балкарской Республики по лицензированию деятельности по управлению многоквартирными домами.
2. Признать утратившими силу:
Указ Главы Кабардино-Балкарской Республики от 23 декабря 2014 г. № 260-УГ «О лицензионной комиссии Кабардино-Балкарской Республики по лицензированию деятельности по управлению многоквартирными домами»;
8 октября, 2026 - 10:01
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжыр илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр еджапIэми щIыналъэми щекIуэкIащ. Зэхаша Iуэхугъуэхэм ящыщщ «КъБКъУ-м егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и колледжыр: тхыдэмрэ цIыхухэмрэ» тхылъым траухуа зэхуэсыр. Егъэджэныгъэ IэнатIэм щылэжьэну IэщIагъэлI минхэр зыгъэхьэзыра еджапIэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр къэзыIэтыж, дызыщымыгъуазэ куэд дыдэ ди пащхьэ къизылъхьэж тхылъым иращIэкIа пшыхьыр КъБКъУ-м щекIуэкIащ.
8 октября, 2026 - 09:58
Лъэпкъым тхыбзэ иIэнымкIэ, абы и щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъу къэтэджэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ япэ ита узэщIакIуэхэм. ЩIэныгъэлIхэм къагурыIуэрт а Iуэхум ныбжьыщIэхэр езышэлIэн къарууэ щыIэр ахэр зытхьэкъу, дэзыхьэх художественнэ тхыгъэхэр арауэ зэрыщытыр икIи лъэпкъ узэщIакIуэ нэхъыжьхэм абы жыджэру я гуащIэ ирахьэлIащ. Абыхэм зэфIагъэкIа лэжьыгъэр зыхуэдэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ «Тхыдэ къулей икIи гъэщIэгъуэн» зыфIища и тхыгъэм.
8 октября, 2026 - 09:40
В соответствии с подпунктом 3 пункта 2 статьи 396 Земельного кодекса Российской Федерации, Законом Кабардино-Балкарской Республики от 16 ноября 2015 г.
8 октября, 2026 - 09:00
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр къэзыгъэлъагъуэ Iуэху нэрылъагъухэр куэдрэ къыхохуэ ди гъащIэм. Александр Листенгорт Москва къыщалъхуащ, ебланэ лIакъуэу москвадэсщ, адыгэлъи кавказылъи щIэткъым. Ауэ адыгэ ныпыр зытет пыIэ щыгърэ, адыгэбзэкIэ гуапэу фIэхъусхэр ихыу апхуэдэщ. ЩIалэм адыгэбзэ ищIэ къудейкъым, атIэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI, абы укъыфIэкIмэ, адыгагъэм хуабжьу дехьэх. Адыгэр пэгъунэгъу щIэхъуар лъэпкъыжьхэм я къекIуэкIыкIар, я бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр иджыну зэрыфIэфIырщ. «Сэ сыжурналистщ. Москва лингвистикэ университетым сыщеджащ. Абы ермэлыбзэр, испаныбзэр, франджыбзэр щызджащ.
|