Календарь событий

07 октября 2026

Хеймрэ мысэмрэ IупщIу къыхощ

ТхакIуэ, журналист Кърым-Джэрий и тхыгъэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ хуищIыр тхыдэ Iуэхугъуэхэрт.

Гюлибик

Зауэжь нэужьым Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм я щIэблэщ актёр, тхакIуэ, сценарист цIэрыIуэ Онер (ГъуэгулI) Четин. Къайсэр вилайетым хыхьэ Бинбогалар бгылъэ къуажэм къыщалъхуащ ар. Фи пащхьэ идолъхьэ ГъуэгулIым сабийхэм яхуитха «Гюлибик» (адакъэм и цIэщ) повестым и зы пычыгъуэ.

Гъэ еджэгъуэр зэрыщIидзэу щIэныгъэм сызэщIищтати, Гюлибик пIалъэкIэ лъэныкъуэ езмыгъэзу хъуакъым. Япэм хуэдэу, сыхуеиху сыдэджэгужыфыртэкъым. СыхущIыхьэртэкъым. Хуабэ хъужу, зыгъэпсэхугъуэ мазэхэр къыщысыным сыщIэхъуэпсу есхьэкIырт.

БгъэдыхьэкIэхэм зрагъэужьынущ

ЩIэблэм я зэхэщIыкIым зегъэIэтыным, зыдэплъеин нэрылъагъу щапхъэхэр нэхъыбэ щIыным и IуэхукIэ къэралым лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щокIуэкI. Абыхэм языхэзщ, псалъэм папщIэ, Хэку зауэшхуэм и тхыдэм ехьэлIа плIанэпэхэр еджапIэ къэс зы щапхъэм тету щызэгъэпэщын хуейуэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыхилъхьа жэрдэмыр.

ФIыщIэ хуащIу

Налшык къалэ дэт «Старт» стадионым и топ джэгупIэм зэхыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ. Ар теухуат дзэ Iуэху хэхам хэту зи щхьэр Хэкум щхьэузыхь хуэзыщIа щIалэхэм я адэ-анэхэм щIыхь тхылърэ «Мать защитника Отечества» зытет медалымрэ етыным. Зи бын зыфIэкIуэдахэм зытIэкIукIэ нэхъ мыхъуми я гузэвэгъуэр ящхьэщыхынырщ Iуэхур щIрагъэкIуэкIар. Футбол джэгум хэта ныбжьыщIэхэр ди щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIат.

 Iуэхур къызэзыгъэпэщар «Комитет семей воинов Отечества» жиIэу УФ-м щылажьэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Алимэ Аллэрэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэщ.

Гуэдзу тонн мин 98,5-рэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ сом мелард 44,5-рэ и уасэ икIи 2025 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум щыIа бжыгъэхэм проценти 100,3-кIэ ар нэхъыбэщ.

Республикэм хьэцэпэцэр къыщрахьэлIэжащ. Нартыхур, сэхураныр, кIэртIофымрэ хадэхэкIхэмрэ иджыпсту зэщIакъуэж.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭМ И У Н А Ф Э

 В соответствии с подпунктом 3 пункта 2 статьи 396 Земельного кодекса Российской Федерации, Законом Кабардино-Балкарской Республики от 16 ноября 2015 г.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И IЭТАЩХЬЭМ И У Н А Ф Э

В целях реализации инициатив и проектных решений, выработанных по итогам Региональной школы социальной архитектуры Кабардино-Балкарской Республики:

1. Образовать рабочую группу при Главе Кабардино-Балкарской Республики по вопросам развития социальной архитектуры.

2. Утвердить прилагаемый состав рабочей группы при Главе Кабардино-Балкарской Республики по вопросам развития социальной архитектуры.

Глава Кабардино-Балкарской Республики    К. Коков

город Нальчик

Хъыбархэр

ФэтэрыщIэу 3668-рэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэу 1938-рэ щаIэтащ, абы щыщу унагъуэхэм - 1912-рэ. ФэтэрыщIэу псори зэхэту яухуащ.

Электрокъарууэ къалэжьар нэхъыбэщ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 106,8-рэ хъуащ.

Зэрыщыгугъам емыщхьу зихъуэжащ

Политикэм щыхабзэр гъащIэм щекIуэкIым щытемыхуэ куэдрэ къохъу. Хэхыныгъэхэм я зэманым цIыхухэр ирагъэхъулIэнкIэ къэзыгъэгугъэхэм иужькIэ я хьэлыр зэрахъуэжри нэрылъагъущ.

Франджым мэлыжьыхьым и 10-м щекIуэкIыну хэхыныгъэм щызэпеуэнухэм яхэтщ илъэс куэд щIауэ политикэм хэт Ле Пен Марин. ХэхакIуэхэр къыдихьэхын папщIэ, абы муслъымэн цIыхубзхэм я теплъэр къигъэсэбэпыну мурад ищIащ. Езым къыдэщIхэр Ле Пен къегъэгугъэ цIыхубзхэм я щхьэцыр щIахъумэу яхуэзымыдэ хабзэщIэ къыдигъэкIынкIэ.

Бзэм и IэфIыр захрегъащIэ

Дыду - Уэзрокъуэ ФатIимэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щиджащ. Бахъсэн къалэм дэт школ №3-м адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэщ, школым и унафэщIым и къуэдзэщ. Егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ теухуауэ бзылъхугъэм езым и Iэмалхэр иIэжщ, и гъэсэнхэм адыгэ щэн яхилъхьэным хущIокъу, анэдэлъхубзэм хуиIэ лъагъуныгъэр захрегъащIэ. ФатIимэ и дерсхэм хуэпIащIэу йокIуалIэ еджакIуэ цIыкIухэр. Псом нэхъыщхьэр бзэращи, ар ягъэшэрыуэу егъасэ, ди тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм дрегъэхьэх. АдыгэбзэмкIэ дерсхэм Iэмал имыIэу ящIыгъущ адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 7, бэрэжьей

♦ГуфIэным и дунейпсо махуэщ

♦1918 гъэм Даутокъуэ-Серебряковым и дзэм Налшык къищтащ.

♦1917 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат ТIыхъужь Алий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу  щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 20, жэщым градуси 8 - 9  щыхъунущ.