|
|
Календарь событий
05 октября 2026
5 октября, 2026 - 17:00
Ставрополь щIыналъэм щызэхуос
Ставрополь крайм и Советскэ округым дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ зэIуха иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 9-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 300-м щIигъу, 2012-2017 гъэхэм къалъхуахэу.
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэхэр гупхэм я зэпеуэхэм етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ.
5 октября, 2026 - 16:30
Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэщ «Биберд» зи фIэщыгъэ, адыгэш щагъэхъу щIыпIэ дахэ. «Нэри пэри ехь» жыхуаIэм хуэдэ щIыпIэр адыгэхэм пасэм яIа псэукIэм тещIыхьауэ къещIэкIащ. Абы удыхьамэ, уогупсыс, ди блэкIам, нэхъыжьхэм яIа псэукIэм, лъэпкъ шыфэлIыфэм, куэдым - куэдым. Адыгэшхэр щагъэхъу, адыгэ дунейр екIуу къыщызэгъэпэща щIыпIэм щыIащ лъэпкъ Iуэхухэм жыджэру хэт, пщащэ адыгэпсэ ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ. Иринэ и тхыгъэ-гупсысэщ дызэрывдэгуашэр.
5 октября, 2026 - 15:39
КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым жэпуэгъуэм и 2-м зыкъыщигъэлъэгъуащ УФ-м и цIыхубэ артист, Мариинскэ театрымрэ Театр Инымрэ я унафэщI, УФ-м и Президентым щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ дэлажьэ Советым хэт Гергиев Валерэ зи пашэ, Мариинскэ театрым и симфоние оркестрым. Ар къызэрагъэпэщащ «Мариинский - Владикавказ» VIII международнэ музыкэ фестивалым хыхьэу.
5 октября, 2026 - 15:25
Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам фокIадэм икIэхэм зыгъэсэныгъэ зэхуэс щригъэкIуэкIащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием. Къэралым и дзюдоист нэхъ лъэщу 120-м щIигъу ди республикэм къэкIуат Азербайджаным и къалащхьэ Баку щызэхэтыну дунейпсо чемпионатымрэ УФ-м и чемпионату Минводы къалэм щызэхашэну зэпеуэмрэ зыхуагъэхьэзырыну. А зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIынур мы гъэм жэпуэгъуэм и 4-18 махуэхэрщ.
5 октября, 2026 - 15:00
Адыгэ Республикэм мы махуэхэм егъэлъапIэ ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 36-рэ зэрырикъур. Къэбгъэлъагъуэмэ, 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. Абы и цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. 1937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хыхьэу щытащ.
5 октября, 2026 - 12:48
Ди лъэпкъ тхакIуэхэм ящыщ куэд поэмэ жанрми я зэфIэкI щеплъыжащ. А унэтIыныгъэм зи къалэмыр щызыгъэлъэщахэм яхэтщ Бещтокъуэ Хьэбаси. Бещтокъуэм и IэдакъэщIэкIхэм тетхыхьащ критикхэр, литературэджхэр. Филологие щIэныгъхэмкIэ кандидат Къэжэр Инни «Лъэпкъ балладэмрэ поэмэмрэ я щхьэхуэныгъэхэр» и тхыгъэм Бещтокъуэм и поэмэм гулъытэ щыхуищIащ.
5 октября, 2026 - 12:46
Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэсхэм щрагъэкIуэкI зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм хыхьэу Тэрч къалэм Лермонтовым и цIэкIэ щыIэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. НобэкIэ гъуэгум и лъэныкъуитIымкIи лъэс лъагъуэхэр щагъэтэмэмащ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжащ, уэрамым зэ ирикIуэгъуэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ. Абыхэм къадэкIуэу, уэздыгъэхэр зыпадзэну пкъохэр ягъэув.
5 октября, 2026 - 12:43
ЦIыхум къыдалъху къыщIэкIынщ адрейхэм нэхърэ нэхъыфIу зибжыжын хьэлыр. Ар псэм зэрызихъумэж къарухэм язу щытми, гъэсэныгъэм, зыужьыныгъэм, щэнхабзэм, псэкупсэ лъапIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, Алыхьым къигъэщIа псори езым зэрещхьыр къыгуроIуэ, апщIондэху «цIыху» мэхъу.
5 октября, 2026 - 12:40
Жэпуэгъуэм и 5, блыщхьэ
♦ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэщ
♦ПсэупIэм и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м щIэпхъаджащIэхэр къэлъыхъуэным пыщIа и IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Адыгэ Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
♦1948 гъэм къызэрагъэпэщащ Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэр.
|