|
|
Календарь событий
04 октября 2026
4 октября, 2026 - 16:38
Щадым и дыщэ медалыр
Зи ныбжьыр илъэс пщыкIуий иримыкъуахэм я урысейпсо зэпеуэу бэнэкIэ хуитымкIэ Орёл къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ.
4 октября, 2026 - 16:38
Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм зи гур къызэIыхьа цIыхубзыр икIэщIыпIэкIэ сымаджэщым нагъэсащ.
4 октября, 2026 - 14:37
ГъэсакIуэхэмрэ сабий садым и лэжьакIуэхэмрэ я махуэм ирихьэлIэу Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ «Сабийхэр фIыуэ ялъагъуу. Я IэщIагъэм хуэIэижьу» гуфIэгъуэ пшыхьыр. А зэIущIэм щызэхуэсат мы лэжьыгъэ мытыншыр къыхэзыхахэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ.
4 октября, 2026 - 14:37
Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дэ, цIыхухэр, дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэм къыгуэхыпIэ зимыIэу къалъытэ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ Iущагъэ ин тхэлъу къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэдгъэкIуэнырщ.
4 октября, 2026 - 12:26
ФокIадэм и 30-р иджырей урысей тхыдэм и махуэгъэп-сым хэт махуэ хэхащ. А махуэм, 2022 гъэм, Iэ щIадзащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэр, Запорожскэ, Херсон областхэр Урысей Федерацэм къызэрыхагъэхьэжам теухуа тхыдэ дэфтэрхэм. Абы и щIыхькIэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къы-щызэIуахащ «Урысейм и щIыналъэщIэхэр» гъэлъэгъуэныгъэр.
4 октября, 2026 - 10:36
УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, адыгэм къытхэкIа усакIуэ, журналист ныбжьыщIэ Чэнджэщауэ Артур иджыблагъэ къыдигъэкIащ урысыбзэкIи адыгэбзэ-кIи итха усэхэр щызэхуэхьэса «На стыке веков» тхылъыщIэр. Ар и щхьэусыгъуэу «Черкес хэку» газетым и корреспондент Лыхь Тимур щIалэ-щIэм щепсэлъам къыжриIам фыщыдогъэгъуазэ.
|