Календарь событий

31 августа 2026

Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ

Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Франджым и пащтыхь, дзэзешэ цIэрыIуэ Бонапарт Наполеонрэ Мысырым щыIа адыгэ мамлюкхэмрэ зэжьэхэуауэ щытащ зэгуэр…

Электрокъарум ирикъун хуэдэу

2026 гъэм и мазиблым къриубыдэу «Россети Кавказ Ищхъэрэ» компанием и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм и IэщIагъэлIхэм республикэм и электросетым падзащ IуэхущIапIэрэ унагъуэу 975-рэ икIи псоми зэхэту хуаутIыпщащ мегаватт 38,8-рэ зи лъэщагъ электрокъару.

КъБР-м ветеринариемкIэ и управленэм и хъыбарегъащIэ

«Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ я лэжьыгъэр хэIущIыIуу щытын» УФ-м и къэрал унафэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм Ветеринар IуэхухэмкIэ и управленэм цIыхубэр щыгъуазэ ещI социальнэ зэпыщIапIэхэм напэкIуэцI зэрыщаIэм.

ДяпэкIэ ветеринархэм я хъыбархэр «Вконтакте», «Одноклассники», «МАХ» социальнэ зэпыщIапIэхэм къыщывгъуэтынущ.

КъулыкъущIапIэм и официальнэ напэкIуэцIхэм сурэтхэр, видео гъэщIэгъуэнхэр, управленэм нэхъ щIэщыгъуэу къыщыхъухэр къралъхьэ.

ЦIыкIуми инми жэуап яхь

ЩIалэгъуалэр экстремизм, терроризм гупсысэхэм пэIэщIэ щIыным теухуауэ иужьрей илъэсхэм ди къэралым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Псом япэуи дунейр зэтезыIыгъэ лъапIэныгъэхэр тфIэмыкIуэдын щхьэкIэ, иджыпсту гулъытэ зыхуэщIыпхъэр щIалэгъуалэр арауэ къыщIэкIынщ.

Уи гущIэгъушхуэм и хьэтыркIэ

«И гуэныхь Тхьэм къыхуигъэгъу» фIэкIа хужумыIэми, дунейм ехыжам псэум и тхьлъэIур хуэщхьэпэу жаIэ. Абы узэрыхуэлъэIуэну псалъэхэр зэманым къыпхыкIауэ щыщытым деж, и къарури нэхъ инщ.

Алыхьу си Тхьэ! Узэрызакъуэм, уи ЛIыкIуэ Мухьэмэду щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къихьа щIэныгъэр зэрыпэжым щыхьэт техъуарэ муслъымэн диным иту дунейм ехыжа псоми, цIыхухъухэми цIыхубзхэми, я гуэныхьхэр къахуэгъэгъу.

Алыхьу си Тхьэ! КъухьэпIэр КъуэкIыпIэм зэрыпэIэщIэм хуэдэу, щIы ахэр я щыуагъэхэм япэIэщIэ.

Якутск къалэри къахохьэ

2026 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м щегъэжьауэ Налшык къалэм и аэропортым телъэтыкIынущ Якутск къалэм кIуэ кхъухьлъатэ. РейсыщIэр игъэзэщIэнущ «Якутия» авиакомпанием и «Boeing 737-800» кхъухьлъатэ лъэщым, эконом классым хыхьэу тIысыпIэу 168-рэ, бизнес-классым ейуэ 8 иIэу.

ЯпэщIыкIэ Налшык и аэропортым кхъухьлъатэр блыщхьэ къэс телъэтыкIынущ, иужькIэ, абы и щIэупщIэм тещIыхьауэ, тхьэмахуэм рейситI игъэзащIэу ящIын мурад щыIэщ. КъищынэмыщIауэ, гъуэгуанэ зытетым хиубыдэу, кхъухьлъатэр Мэзкуу къалэм и «Внуково» аэропортым щетIысэхынущ.

IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ

Жэуаплыныгъэшхуэ и пщэ къызэрыдэхуэр зыхищIэу, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным сытым дежи хущIэкъуу зи IэнатIэм пэрыт дохутыр Iэзэщ НафIэдз Ислъам Олег и къуэр. Зыхэт гупми сымаджэхэми я деж зи пщIэр щылъагэ, фIыщIэрэ щытхъу псалъэ куэдрэ зыхужаIэ щIалэм теухуащ Балъкъэр Ипщэ къуажэм щыщ, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Темукуев Адиль и тхыгъэр.

КъежьапIэмрэ Iыхьлыхэмрэ

Мулид мазэр къэсыху, гъэ къэс дигу къыдогъэкIыж ди Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и гъащIэм теухуа теплъэгъуэ нэхъ гукъинэжхэр. Ауэ абы и адэжьхэм, япэ итахэм я псэукIамрэ зытета хабзэмрэ хэтщIыкIыр мащIэ дыдэщ. А ныкъусаныгъэр гъэзэкIуэжынымкIэ щхьэпэ мэхъу Мубарэкфурий Сафи Iэр-Рэхьман «Щэлатымрэ сэламымрэ зэха Бегъымбар лъапIэм и гъащIэр» зыфIища тхылъыр.

Тхыдэм зи цIэр къыхэнахэр

Гъэр, кIэс, щхьэхуимыт - аращ «мамлюк» псалъэм хьэрыпыбзэкIэ къикIыр. Тхы­дэм зэрыжиIэмкIэ, мамлюкхэр тырку, адыгэ, нэ­гъуэщI лъэпкъхэм къахэ­кIа­уэ аращ. Ахэр щIалэ ныбжьым иту Мысырым и Iэтащхьэхэм, хьэрып хъалифхэм къащэхуурэ ирагъэджащ, ягъэсащ, дзэлIкIэ, хъумакIуэ­кIэ щыгугъырти. Дзэм хэтурэ, мамлюк зауэлIхэр Мысырым тепщэ щыхъури, а къэралыр ХIII лIэщIыгъуэм щы­щIэдзауэ ХVI лIэщIы­гъуэм нэс зэрахьащ. Шэрджэс мамлюкхэм ятетхыхьащ публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы и лэжьыгъэхэм щыщщ фи пащхьэ итлъхьэр.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 31, блыщхьэ

♦Шахтерым и дунейпсо махуэщ

♦1971 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Октябрь Революцэ орденыр къратащ.

♦1902 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Турчанинов Георгий.

♦1928 гъэм къалъхуащ психологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIытIэ Ахьмэд.