|
|
Календарь событий
28 августа 2026
28 августа, 2026 - 17:27
Дохутыр IэщIагъэм уехъулIэу упэрытын папщIэ Iэзагъышхуэрэ щIэныгъэшхуэрэ убгъэдэлъын, къищынэмыщIауэ, сыт щыгъуи абыхэм хэбгъэхъуэн хуейщ. Апхуэдэуи гущIэгъу, гуапагъэ пхэлъу, цIыхум сытым дежи уи дэIэпыкъуныгъэ зэрылъыбгъэсыным ухуэхьэзыру щытыпхъэщ. А псор къагурыIуэу дохутыр IэщIагъэм хуеджэныр къыхахащ Дыгулыбгъуей къуажэм щыщ пщащэхэу БжыкIший Даянэрэ Къаныкъуэ Алинэрэ. И къуажэгъу хъыджэбзхэм ятетхыхьащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъу Хъыжьрокъуэ Азэмэт.
28 августа, 2026 - 16:26
КъБР-м и Лъэпкъ музейм, Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэм, и къудамэ унэ-музейм гъэм и сыт хуэдэ зэманми цIыхушхуэ щызэблокI.
28 августа, 2026 - 16:12
«Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэр» мы гъэм еплIанэу яхэтащ «Мэшыкъуэ» XVII Урысейпсо щIалэгъуалэ форумыр къызэзыгъэпэщхэм. Абы хэтхэр илъэс къэс щIалэгъуалэм щыхуозэ Псыхуабэ бгы лъапэм деж щыт Комсомольскэ хуейм.
«Пашэхэм» езыхэм я утыку щаIащ форумым икIи пIалъитIми купщIафIэу щылэжьащ. Шэтыр Iэхуитлъэхуитхэм лэжьыгъэр щекIуэкIын, зыщагъэпсэхун щIыпIэ зэIузэпэщхэр щаухуат. «Пашэхэм я гъусэу къызэIух» арт-объектым скетчбукхэр щIынымкIэ, матрешкэхэм сурэт тещIыхьынымкIэ мастер-классхэр ирагъэкIуэкIырт, япэ дэIэпыкъуныгъэр зэрырат щIыкIэхэри къекIуалIэхэм ирагъащIэрт.
28 августа, 2026 - 15:24
ЦIыхубэр поплъэ фокIадэм и 18 - 20-хэм ди къэралым щекIуэкIыну Хэхыныгъэхэм. Дауэ ар мы гъэм къызэрызэрагъэпэщынур? Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр къыхэхъуэрэ 2026 гъэм? А псоми топсэлъыхь ХэхыныгъэмкIэ комитет нэхъыщхьэм и унафэщI Памфиловэ Эллэ.
Памфиловэ Эллэ 2026 гъэм и хэхыныгъэр иужьрей илъэсхэм екIуэкIахэм я нэхъ гугъуу къызэрилъытэр къыхигъэщащ.
28 августа, 2026 - 14:22
УсакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан ящыщщ зи къалэмыпэм усэ купщIафIэ куэд къыщIэкIахэм. Дауи, абыхэм гу лъамытэу къэнакъым ди композиторхэми. «Уи цIэр Мадинэ, хьэмэ Маринэ» уэрэд цIэрыIуэр къызэрыунэхуам журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ и гугъу къыщытхуещI «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным:
28 августа, 2026 - 13:13
Иджыблагъэ дунейм къытехьащ адыгэ газетым и мин 25-рэ къыдэкIыгъуэр.
28 августа, 2026 - 12:26
ЩIыуэпсыр усакIуэхэм я гукъыдэжым и къежьапIэ нэхъыщхьэщ, уеблэмэ лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ я IэдакъэщIэкIхэм ар щаIэт. Апхуэдэ тхыгъэхэм щIыуэпсыр куэдрэ къыщокIуэ цIыхум и гурыщIэхэмрэ гупсысэ куухэмрэ я гъуджэу. Абы щхьэкIэ усакIуэхэр псалъэхэм хощыпыхь, щIыуэпс къэхъукъащIэхэмрэ цIыхум и гурыгъузхэмрэ иризэпащIэу. Абы и фIыгъэкIэ тхылъеджэм дунейр щIэрыщIэу къызэIуихыж хуэдэщ: нэхъапэм гу зылъимытэу щыта дахагъэхэр илъагъуу зрегъасэ.
28 августа, 2026 - 12:10
ШыщхьэуIум и 28, мэрем
ХъуэпсапIэм и дунейпсо махуэщ
1924 гъэм Налшык къыщызэрагъэпэщащ ФизкультурэмкIэ областной совет.
1914 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан.
1933 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щокъуий Владимир.
1954 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мыз Ахьмэд.
|