Календарь событий

27 августа 2026

Тхыдэри гъуазджэри зыхъумэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и киноиндустрием щытыкIитI иIэу къыхэбгъэщ хъунущ: зы лъэныкъуэкIэ, ди щIыналъэм фильм куэд щытрахауэ тхыдэ къулей къыдокIуэкI, адреймкIэ - республикэм езыми къыдигъэкIхэм иджыпсту жыджэру иужь щитщ. ШыщхьэуIум и 27-р Урысей кином и махуэу зэрыщытырщ мы Iуэхум дыщIытепсэлъыхьыр. 

Ди къуэш республикэхэм

Гулъытэ лъагэ
КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я администрацэм и унафэщI Уэзы Мурат «Зэныбжьэгъугъэм и орден» дамыгъэ лъапIэр зэрыхуигъэфащэм теухуа Указым. 

Тхьэр зыхуэупса

ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и къалэмыпэ къыщIэкIащ лъэпкъ тхылъеджэхэр дихьэхыу зыщIэджыкI повестхэр, романхэр. Ахэр ди лъэпкъ прозэм и фIыпIэм хабжэ. Хьэмыщэ къызэралъытэу щытар прозаик, драматург къудейтэкъым, атIэ ар икIи лирик нэсу, усакIуэ-уэрэдусу щытащ. Абы и литературэ творчествэм теухуащ Жылэтеж Сэлэдин и тхыгъэр.
«ТхакIуэм и гъащIэм, абы и творчествэм утетхыхьыну мурад щыпщIкIэ, Iэмал имыIэу уогупсыс: сыт хищIыхьа абы, сыткIэ къыхэува лъэпкъ литературэм? Тхэн зэрыщIидзэрэ и къалэмыпэ къыщIэкIахэм я нэхъыфIыр дэтхэнэра, дауи къыщыхъуа ар тхылъеджэм?

Зэкъуэшхэм я псэукIэр

Адыгэм и тхыдэм, и щэнхабзэм ехьэлIа Iуэтэжхэр бзэ гъэщIэгъуэнкIэ къезытхэкIыжа Шэрджэс Алий мы хъыбарыр къыжезыIэжауэ щытар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Елбыргъэн абазэ жылэм дэса Камэ Азэмэтщ. 
ЗэкъуэшитI щыIэт, зэрыс лъапсэкIэ зэхуэщхьэхуэу, зэгъунэгъущэуи щымыту. А тIур зэгъусэу къэзымыцIыху гуп яхыхьамэ, нэхъыжьыфэ къызытеуа нэхъыщIэм и Iэр япэу къаубыдырт. Ар сытым дежи нэхъыщIэм и жагъуэ хъурт, езы нэхъыжьми ар и гуапэ зэрыхъу щыIэтэкъым. 

ФIыщIэ мыухыж зыхуэфащэ егъэджакIуэт

Курыт школыр зи гъащIэм хэмыта, абы пыщIауэ щымыта яхэмытми ярейщ ди цIыхухэм. Куэдым я гум ноби щахъумэ я япэ егъэджакIуэу, унэтIакIуэу щытахэм я цIэхэр, фIыщIэрэ щытхъурэ хужаIэу. ФокIадэм и 1-м, ЩIэныгъэхэм и махуэм, ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж ахэр, дахуэарэзыуэ, щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ дгъуэтынымкIэ гугъу къызэрыддехьар ди ныбжьыр кIуэтэхукIэ нэхъ куууэ зыхэтщIэу. Апхуэдэ егъэджакIуэ щыпкъэхэм ящыщащ ди тхыгъэр зытеухуа Хъаний (Хамэ) Риммэ Хьэутий и пхъур (1940 - 2017).

«НЭФIЫЦIЭ»

- Мы уэрэдыр ди гъащIэм къызэрыхыхьэрэ илъэс блыщIым щIигъуащ. И къежьапIэ хъуар къыщыслъыхъуэм, срагъэдэIуащ абы и тхыдэм теухуауэ КъардэнгъущI Зырамыку пленкэм тригъэтхэжа хъыбарым. Ар нэхъ гъэкIэщIауэ фи пащхьэ изолъхьэ, - щыжеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэм КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ. 

Абхъазыбзэ ямыщIэу хуадэнукъым

КъулыкъущIэхэр цIыхубэм щхьэхуимыту щапхъэ зэрахуэхъумкIэ зыри къыдэдэуэнкъым. Сыту жыпIэмэ, утыкум нэхъ итри, дэIэпыкъуэгъу зыхуейхэм нэхъ яхуэзэри ахэращ. Лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэм хуэмурэ зыкъызэрызаIэтыжым тепщIыхьмэ, Абхъазым и президент Гунбэ Бадрэ къыхилъхьа жэрдэмым фIыкIэ узыщегъэгугъ. 

Пшыналъэ цIыкIухэр

ТхакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн «Пшыналъэ цIыкIухэр» зыфIища и тхыгъэ Iэрамэм гурыщIэ дахэм и дунейм ухашэ. Абыхэм зэми гур ягъэпхъэр, зэми ягъэнэщхъей, апхуэдэ щIыкIэкIи тхакIуэм къегъэлъагъуэ лъагъуныгъэм лъэныкъуитI зэриIэр - дыгъафIэрэ дыгъэмыхъуэрэ. «Пшыналъэ цIыкIухэр бзэ дахэкIэ тхащ, еджэгъуафIэщ, узыщIагъэгупсысыжу апхуэдэщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэм идолъхьэ.
 

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 27, махуэку

Боксым и дунейпсо махуэщ
Урысей кином и махуэщ

1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, КъБКъУ-м и доценту щыта Бозий Людин.
1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, УФ-мрэ КъШР-мрэ щIыхь зиIэ я журналист Къантемыр Тыркубий.
1958 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Абхъазым и ЛIыхъужь Килбэ Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур