|
|
Календарь событий
26 августа 2026
26 августа, 2026 - 17:13
IуэрыIуатэр сыт хуэдэ лъэпкъми и щэнхабзэ щIэиным къыгуэхыпIэ зимыIэ и Iыхьэщ. ЩIэблэм жьэрыIуатэкIэ зэIэпахыурэ къэгъуэгурыкIуа хъыбархэм ди адэжьхэм я тхыдэр, хабзэхэр, дуней еплъыкIэр къытхуаIуатэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, а хъыбархэр блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ лъэмыж гъэщIэгъуэнщ, лъэпкъым узэрыщыщыр гурэ псэкIэ зэхыуигъащIэу.
26 августа, 2026 - 16:51
Бзэр, хабзэр зи Iэпэгъу бзылъхугъэ гуащIафIэщ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ботэщей къуажэм къыщалъхуа Тэрчыкъуэ (ХьэпащIэ) Заретэ. Абы а къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м илъэс 45-рэ хъуауэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щрегъэадж.
26 августа, 2026 - 14:53
Ди республикэм щыяпэу, шыщхьэуIум и 21 - 23-хэм щекIуэкIащ «Ди Кавказ» зыфIаща зэхуэсышхуэр.
26 августа, 2026 - 13:50
Илъэс етIуанэ хъуауэ цIыкIуи ини мэтхьэджэ Палестинэм, Газэм щекIуэкI лъэпкъгъэкIуэдым щхьэкIэ. Мы къэрал цIыкIум хуитыныгъэ етын зэрыхуейм къыхураджэу, артистхэр, тхакIуэхэр, топджэгухэр, бэнакIуэхэр, тренерхэр, сабийхэр, балигъхэр увыIэгъуэ ямыIэу утыку къохьэ.
26 августа, 2026 - 12:08
«Захуагъэ здэщыIэ Урысей» партым и щIыналъэ къудамэхэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ цIыхухэм я улахуэмрэ пенсэхэмрэ.
26 августа, 2026 - 11:49
ШыщхьэуIум и 26, бэрэжьей
Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
1908 гъэм Тыркум япэ Адыгэ Хасэ къыщызэрагъэпэщащ.
1947 гъэм къалъхуащ педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Педагогикэ егъэджэныгъэмкIэ дунейпсо академием и член-корреспондент Зэгъэщтокъуэ Хьисэ.
1952 гъэм къалъхуащ «Тетраграф» ООО-м и унафэщIу щыта, ДАХ-м и саугъэтыр зыхуагъэфэща Шакъ Елбэрд.
Дунейм и щытыкIэнур
|