|
|
Календарь событий
22 августа 2026
22 августа, 2026 - 15:34
КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм хьэцэпэцэр къанэ щымыIэу кърахьэлIэжащ. Мы гъэм псори зэхэту гектар мин 71-м ар тращIащ икIи абы и нэхъыбэр - гектар мин 46,5-р - гуэдзым, гектар мин 24,5-р - хьэм ирагъэубыдащ.
22 августа, 2026 - 13:33
ЩIыналъэхэм щекIуэкI «Урысейм и шхыныгъуэ гурыхьхэр» ерыскъыхэкIхэм я фестивалыр къэрал псом щыщ фермер нэхъыфIхэм къыщIагъэкI продукцэхэр утыку къыщрахьэ махуэшхуэщ.
22 августа, 2026 - 12:33
Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
22 августа, 2026 - 11:32
2026 - 2027 гъэ еджэгъуэщIэм ипэ къихуэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек епсэлъылIащ ЩIыналъэм Iуэхухэр щызегъэкIуэнымкIэ и центрым (ЦУР) и унафэщI КIэдыкIуей Мадинэ. Псалъэмакъыр теухуауэ щытащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм адэкIи зэрызиужьыну щIыкIэхэм, абы и фIагъыр нэхъри къэIэтыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм, егъэджэныгъэм хуэщIа лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIэным.
22 августа, 2026 - 11:18
Къэбэрдей-Балъкъэрым, алъандэрэ зэи къыщымыхъуауэ, махуэ етIуанэ хъуауэ щокIуэкI «Ди Кавказ» зыфIаща, бгылъэ гъуэгуанэ быркъуэшыркъуэхэм къыщыкIухьынымкIэ туризмэм пыщIахэр щагъэлъагъуэ зэхуэсышхуэ.
НэгузыужьыкIэ нэхъ гугъум тегъэпсыхьауэ
УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ зэзышэлIа фестивалыр шыщхьэуIум и 21-м къыщыщIэдзауэ и 23 хъуху КъБР-м и къалащхьэ Налшыкрэ абы и псыежэх нэхъ инхэм ящыщ Шэрэдж и ныджащхьэхэмрэ щокIуэкI.
22 августа, 2026 - 10:31
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ.
22 августа, 2026 - 09:58
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м и Жылагъуэ палатэм зэчиифIэхэм я индустрием зегъэужьынымкIэ и комиссэм, Щэнхабзэм къыщаIэт жэрдэмхэмкIэ Президентым и фондым (ПФКИ) я унафэщI Карманов Романрэ хэтащ Налшык дэт ЩIалэгъуалэм папщIэ унэм фондым и къудамэ къызэрыщызэIуахым теухуа дауэдапщэм.
22 августа, 2026 - 09:58
ШыщхьэуIум и 22-м Урысей Федерацэм и къэрал ныпым и махуэр ягъэлъапIэ. Хабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, щIыналъэ псоми щокIуэкI къэрал ныпым и махуэм теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр.
|