Календарь событий

12 августа 2026

Ахупс – Афыпсыпэ

Афыпс – Адыгэ Республикэм щежэх псыщ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Афы бгым (метр 738-рэ и лъагагъщ) къыщожьэ, километр 96-рэ и кIыхьагъщ, Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ) и гъунэгъу Шапсыгъ псы хъумапIэм бгъэдэт Афыпсыпэ къуажэм бложри, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Псыжь щыхолъэдэж. 
Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, фIэщыгъэр абхъаз-абазэ лъэпкъ зэрыбыным щыщхэм я IуэрыIуатэм къыхэщ «Афы» цIэм, щыблэмрэ уафэгъуагъуэмрэ я тхьэм зэреджэу щытам, къытехъукIащ. Дызэрыщыгъуазэщи, дэ, адыгэхэм, а фIэщыгъэм пэхъуну мы зэманым къэдгъэсэбэпыр «Щыблэ» псалъэрщ.

«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм къыщыдэкI лъэпкъ газетхэр зэпыщIауэ дызэрызэдэлажьэм мызэ-мытIэу дытетхыхьащ: дызэкIэлъыкIуэу, тхыгъэхэмкIэ дызэхъуажэу. Апхуэдэ зы тхыгъэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ, Шыбзыхъуэ Ирэ и IэдакъэщIэкIыу. Ар къытхутопсэлъыхь адыгэ унагъуэ дахэм я псэукIэм, зытеухуари зи ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 75-рэ ирикъуа нэхъыжьыфI, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэс Хутэ Аслъэн Исмэхьил и къуэрщ. И щхьэгъусэ МыIуминатрэ абырэ унагъуэ зэрызэдащIрэ илъэс 50-м щIигъужащ.

УзэщIакIуэ цIэрыIуэ

Адыгэ лъэпкъым щIэныгъэм и сэбэпынагъыр, абы щIэблэр хуэгъэушын зэрыхуейр къыгурыIуэри, епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым, епщыкIубгъуанэм и пэщIэдзэхэм иужь ихьащ. Лъэпкъым и цIыху нэхъыфIхэр - Нэгумэ Шорэ и деж къыщыщIэдзауэ ПащIэ Бэчмырзэ, Фэнзий Мэжид сымэ, нэгъуэщIхэри илъэсищэм щIигъукIэ телэжьащ щIэныгъэм и нэхур адыгэм къащхьэщыхьэным. ЯхузэфIэкIари мащIэкъым. Зауэ нэужь лъэхъэнэхэм адыгэ тхыдэм, культурэм елэжьхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэшхуэхэм я фIыгъэкIэ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми хуэфащэ увыпIэ тхыдэм щылъагъэсыжащ. 

Гъуэгуанэ тхыгъэхэр

ЕгъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа Багъ Марьям и гъуэгуанэ тхыгъэхэм я лъабжьэр гукъэкIыж дахэхэрщ. Абыхэм гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуэжащ блэкIам ухэзыгъэплъэж теплъэгъуэхэр. Тхыгъэ кIэщIхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, гуапагъэм ухуагъэушу, псэм хуабагъэ гуэр зыхрагъащIэу апхуэдэщ.

ЛъэужьыфIэ

«ЛъэужьыфIэ хъуащ» жаIэ адыгэхэм гъуэгу бгъуфIэ хэзыша, лэжьыгъэ купщIафIэ къызэзынэкIа, лъэпкъым и пашэу, хэкум и гъуазэу псэуа цIыхум щхьэкIэ. А псалъэхэр хуэфащэщ зи гъащIэ псор и лъахэмрэ и хэкуэгъухэмрэ я зэIузэпэщыныгъэм тезыухуа, зи акъылрэ зэфIэкIрэ Хэкушхуэм къыхуэзыгъэсэбэпа, Iулыдж лъагэрэ пщIэ инрэ иIэу дунейм тета политик цIэрыIуэ, къэрал лэжьакIуэ жыджэр, унафэщI губзыгъэ, цIыху щыпкъэ КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэм. 

Лъэхъэнэ куэдым я лIыхъужь

Мы махуэхэм илъэси 105-рэ ирикъуащ лъэпкъ еджагъэшхуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан Хьэмырзэ и къуэр къызэралъхурэ (1921 - 2010). ПщIэшхуэрэ щIыхь лъагэрэ зыхуащIу дунейм тета нэхъыжьыфIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми щыцIэрыIуэт. Налом бгъэдэлъа щIэныгъэфIым, зэчий иным, цIыхугъэ лъагэм, акъылыфIагъымрэ зэхэщIыкI куумрэ къапэкIуат а цIыху щэджащэм, егъэджакIуэ Iэзэм, тхакIуэ цIэрыIуэм, зауэлI хахуэм игъуэта апхуэдэ жылагъуэ гулъытэр.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 12, бэрэжьей

ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ
Каспий тенджызым и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Дзэ-Хьэуа Къарухэм я махуэр
1930 гъэм
къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Бырхьэм Михаил.
1944 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэу, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Тыркуин Анатолэ.
 

Дунейм и щытыкIэнур

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

КЪАБАРТЫ-МАЛКЪАР РЕСПУБЛИКАНЫ ПРАВИТЕЛЬСТВОСУНУ

Б Е Г И М И

20 июля 2026 г.   № 115-ПП    г. Нальчик 

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

КЪАБАРТЫ-МАЛКЪАР РЕСПУБЛИКАНЫ ПРАВИТЕЛЬСТВОСУНУ

Б Е Г И М И

20 июля 2026 г.   № 114-ПП    г. Нальчик 

Об организации оказания высокотехнологичной медицинской помощи, не включенной в базовую программу обязательного медицинского страхования, за счет бюджетных ассигнований республиканского бюджета Кабардино-Балкарской Республики