|
|
Календарь событий
10 августа 2026
10 августа, 2026 - 16:37
«Ифраструктура жизни» лъэпкъ проектым хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Старэ Шэрэдж – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу автомобиль зекIуапIэр иджырей мардэхэм къитIасэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм я иужьрей Iыхьэри и кIэм нагъэсащ. АтIэми, гъуэгум а и пакIэм къуажэхэу Псыгуэнсурэ Старэ Шэрэджрэ зэпещIэ.
Ар зэрагъэпэщыж иджырей мардэхэм къигъэтIасэу. Лэжьыгъэхэр 2019 гъэ лъандэрэ йокIуэкI.
10 августа, 2026 - 16:04
Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ нобэ илъэси 105-рэ ирокъу
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан Хьэмырзэ и къуэр Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ 1921 гъэм шыщхьэIум и 10-м. Къэбэрдей-Балъкъэр педрабфакыр къиухащ. I94I гъэм щыщIэдзауэ Совет Армэм къулыкъу щищIащ, зауэшхуэр къыщыхъеям Ахьмэдхъан фронтым кIуащ.
10 августа, 2026 - 15:00
Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс куэд дэкIыжами, абы лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщагъэлъагъуэу хэтахэм я цIэхэр нобэми къагъуэтыж. 20I5 гъэм и гъатхэпэм УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министрествэм и сайтым къралъхьат Бахъсэн районым щыщ цIыхуи 4-м я дэфтэрхэр. Ахэр Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащын папщIэ ягъэлъэгъуауэ арат, ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу иджыри къыздэсым гъэзэщIа хъуатэкъым. Зи гугъу тщIы ди лъахэгъу лIыхъужьхэм ящыщщ Шорэ Музэчыр Талъостэн и къуэр. Ар 1917 гъэм мазаем и 3-м Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм къыщалъхуащ.
10 августа, 2026 - 13:56
Пщэдджыжьым къалэр къыщыуш къудейм щегъэжьауэ пщыхьэщхьэм уэрамхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ къызэрызэщIэлыдэм щыщIэкIыжу ди нэгу щIегъэкI иджыблагъэ Налшык щагъэлъэгъуа «Влюбиться за один день: Нальчик» документальнэ фильмым.
Уэрамхэр зэрызэлъыIуахым, шей ефапIэхэм я бжэхэр къызэрызэIуахым, жыг хадэм къызэрыщажыхьым дыхэплъэурэ хуэмурэ къалэр къоуш, адэкIэ махуэ лэжьыгъэм щIедзэри, ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIым, санаторэхэм зэрызыщагъэпсэхум дыхоплъэ.
10 августа, 2026 - 13:00
«ТхакIуэ, усакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и къалэмыпэм рассказ, повесть, гушыIэ куэд зэIэпытхыу, тфIэгъэщIэгъуэну деджэу къыщIэкIащ. Хэт зымыщIэжыр «ХьэмлатIиф, къэгъэзэж», «Блыщхьэ пщIондэ дыпсэуатэмэ», «Фыщымысхь гъунэгъум» и гушыIэ рассказхэр?! Ещхьыркъабзэу, узэIэпашэу, зэ уеджакIэ уи псэм зимыгъэнщIу усэ дапщэ итха?! Дауи, ахэр композиторхэм гулъытэншэ ящIакъым. Абыхэм ящыщ куэд уэрэд хъуауэ ди дыщэ фондым хэлъщ, - щыжеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыным КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ.
10 августа, 2026 - 12:49
Уахэ щIэншэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм сытым дежи якIэлъыплъ астрономхэм жаIэм тетщIыхьмэ, гъуни нэзи зыдамылъагъуэ, нэм къыхуэмыубыд хьэршым, дызэсэжам емыщхьу, зэманым къыщриIуэнтIэкIыж, IукIуэтам къыщигъэзэж къинэмыщI Дуней (КъэщIыгъэ) абрагъуэхэри зэрыщыIэм шэч хэлъкъым.
США-м и «NASA» уахэхутэ IэнатIэм щылажьэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, зэхуэмыдэ Дунейхэр астрономхэм «Къэлындышхуэ» («Большой взрыв») жыхуаIэ къэхъугъэ абрагъуэм и Iэужьщ, зэщхьэщидзми къыдэунэхуауэ.
10 августа, 2026 - 12:26
ШыщхьэуIум и 10, блыщхьэ
1921 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Нало Ахьмэдхъан.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емуз Гъузер.
1930 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Горянка» газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Сэбаншы Розэ.
1930 гъэм къалъхуащ литературэдж, Дагъыстэным щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Ержыб Аслъэн.
10 августа, 2026 - 12:00
ТопджэгумкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр иухакIэщ. Гъэ къэси хуэдэу, утыкушхуэм хьэл зэхуэмыдэ куэд къигъэнэIуащ, гу ялъыптэху, щапхъэ щIатепхын ядэплъагъуу.
|