|
|
Календарь событий
28 июля 2026
28 июля, 2026 - 16:53
Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэным къэнэжар мазэ закъуэщ. Мы гъэм къэпщытэныгъэхэр зэратар къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэхэр иджыблагъэ къигъэнэIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.
28 июля, 2026 - 16:37
Нартхэм ятеухуа IуэрыIуатэр Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ зыбжанэм я деж узыщрихьэлIэ лIыхъужьыгъэ эпосщ. ЗэрытщIэщи, лIыхъужьхэм я къежьапIэм, я гъащIэм, зэрахьа лIыгъэм теухуауэ ар зэхэлъщ.
Нарт хъыбархэм щыщ Iыхьэхэм Куржым и лъэпкъ гуп щхьэхуэхэм (сванхэм, рачинхэм, хевсурхэм) я дежи ущрохьэлIэ. XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум (Тыркум, Сирием, Иорданием) и къэралхэм эпосым зыщрагъэубгъуат Кавказым иIэпхъукIахэм къатехъукIыжахэм.
28 июля, 2026 - 16:21
Анапэ быдапIэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм нэсыху дэнэкIи ущрихьэлIэрт выгухэмрэ шыгухэмрэ щызекIуэ хъу гъуэгу куэдыкIейм. Ахэр яухуэрт цIыхухэр зэкIэлъагъэкIуэн, щIыналъэхэм сату зэдащIын папщIэ.
28 июля, 2026 - 14:00
Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэм и махуэр, шыщхьэуIум и I-р, гукъыдэжышхуэ иIэу гъэ къэс зыгъэлъапIэу щыта хэкупсэ нэст адэжь щIыналъэр гу лъащIэм щызыгъафIэу, Хэку-анэри псэри зы чысэм илъу къэзылъытэу зи дунейр езыхьэкIа Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэм (1936-2021). Адыгэм и дэтхэнэ бын псэ къабзэри дапщэщи хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрыс цIыхухэм. Апхуэдэ хэкупсэхэм я щапхъэт Шухьэиб. Абы и гъащIэ псор ирихьэкIащ фIыгъуэ нэхъыщхьэу къилъытэ и адэжь Хэкур и гум имыхуу.
28 июля, 2026 - 13:48
Бадзэуэгъуэм и 28, гъубж
Гъуэжь узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
1957 гъэм Москва къалэм къыщызэIуахащ щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Абы хэтащ къэрали 131-м къикIа ныбжьыщIэ мин 34-рэ. «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр а фестивалым и лауреат хъуащ.
28 июля, 2026 - 12:47
Ныбжьышхуэ зиIэ нарт эпосыр хъыбар гъэщIэгъуэн куэду зэхэлъщ. Абы и дэтхэнэ лIыхъужьми тхыдэ щхьэхуэ иIэщ. Ахэр зыхуэдэр, абыхэм я шыфэлIыфэр зэпкърыхауэ къыщахьащ адыгэ щIэныгъэрылажьэхэу Мыжей Михаилрэ Пащты Мадинэрэ зэдатха «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым. Абыхэм ящыщ зыбжанэ нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхунщ.
28 июля, 2026 - 11:50
В соответствии с подпунктом 3 пункта 2 статьи 396 Земельного кодекса Российской Федерации, Законом Кабардино-Балкарской Республики от 16 ноября 2015 г.
28 июля, 2026 - 11:18
И ныбжьыр илъэс 38-м иту топджэгушхуэм зэрыхэкIыжыр игъэIуащ адыгэ футболистхэм ящыщу нэхъ лъэщ дыдэ, Израилым и командэ къыхэхам и капитану щыта, Урысей Федерацэм и чемпион хъуа икIи ди къэралым и кубокыр зыIэщIэлъ Натхъуэ Бибрэс.
Хамэ щIыпIэм къыщалъхуами, адэжь хэкум ар цIэрыIуэ щыхъуащ икIи Къэзан и «Рубин»-мрэ Мэзкуу и ЦСКА-мрэ яхэту Европэм и къэрал куэдым я стадионхэм пщIэрэ щIыхьрэ щиIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. ИужькIэ Алыджым, итIанэ Сербием Iэпхъуэри абыхэми ехъулIэныгъэкIэ щыджэгуащ.
28 июля, 2026 - 09:58
Аруан щIыналъэм и и тхыдэм лъэужь дахэ къыщызыгъэнахэм ящыщщ Жамборэ Суфян Шу и къуэр (I926-I995). Псом хуэдэжкъым а хэкулIым Нарткъалэ и зэфIэувэнеыгъэм, зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр. «Къалэ» статусыр зыгъуэтагъащIэ жылэм и япэ унафэщIхэм яхэта а лIы ахъырзэманым бгъэдэлъа зэфIэкIымрэ иIа пщIэмрэ ноби ящIэж нарткъалэдэс нэхъыжьыфIхэм.
28 июля, 2026 - 09:00
Гъэмахуэм ипэ мазэм, газетхэми зэрытетащ, телевиденэм, радиом гулъытэ зэрыщыхуащIащи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мыкъуэжь Анатолэ и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ. Радиом папщIэ нэтыныр зыгъэхьэзырыр абы и лэжьакIуэ МахуэлI Хъаджэтти, сыкъигъэпсалъэмэ фIэфIу зыкъыщысхуигъазэм, згъэщIэхъуакъым, хужыпIэ хъун фIы куэд Толэ зэрыбгъэдэлъым, къэгупсысынIа зэрыхуэмейм къыхэкIыу. Мис си къэпсэлъэныгъэ кIэщIыр, «Адыгэ псалъэ» газетми и электроннэ къыдэкIыгъуэр зылъагъухэр абы еджэмэ, си гуапэщ.
|