Календарь событий

25 июля 2026

Унэ гъэплъыгъуэр къоблагъэ

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэу­жьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. 

Машинэхэм къахохъуэ

КIэрыхубжьэрыху быдэхэр дэшынымкIэ «Экотехпром» щIыналъэ операторым папщIэ заводым щызэпкъралъхьащ а Iуэхум хуэщIа машинэу 8. 

Зэман гъунэгъум транспортхэр IэнатIэм къыIэрыхьэнущ   икIи лэжьыгъэм пэрыувэнущ. НэхъапэкIэ апхуэдэ машинэу 27-рэ къащэхуауэ щытащ. «Экотехпром»-м и транспортым адэкIи къыхагъэхъуэнущ.

ЛъагъуэфIыр гъуэгуфIым хохьэж

Зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым, илъэс мин бжыгъэм къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэмрэ дуней лъагъукIэмкIэ и щIэблэр иузэ­щIыну хуэмейуэ. Лъэпкъ щэнгъасэр езыр гъэщIэгъуэн дыдэу гъэпсащ: дунейм къытехьа цIыхум и сабиигъуэм къыщегъэжьауэ и иу­жь­рей увыIэпIэр игъуэтыжыхункIэ и гъащIэ гъуэгур хабзэрэ бзыпхъэкIэ пкIащ, екIумрэ емы­кIумрэ, къезэгъымрэ къемызэгъымрэ, псапэмрэ гуэныхьымрэ иризэхригъэкIыну Iэ­мал къриту. Дэтхэнэ зы хабзэ пакIэри цIыхугъэкIэ зэджэм и зы Iыхьэщ, ар хэмытмэ, и дуней лъагъукIэм щыщIагъэ игъуэту пIэрэ жыуигъэIэу.

Сатур ахъшэ къудейкъым

Бадзэуэгъуэм и 25-р сатуущIэхэм я махуэу Урысей Фе­дерацэм зэрыщагъэувам ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ. А махуэр Совет къэралыгъуэми илъэс куэдкIэ щаIэтащ. 

Зи чэзу къалэнхэр щызэпкърах

Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ Дзэлы­къуэ щIыналъэм щригъэ­кIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы щы­хэп­лъэжащ илъэсым и пэщIэ­дзэм щегъэжьауэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэм.