Календарь событий

24 июля 2026

Дзэ-тенджыз флотым и махуэ

Къэралым и Дзэ зэщIэузэдахэм яхуэгъэзауэ гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэ махуэхэр хэгъэунэхукIыным теухуауэ УФ-м и Президентым 2006 гъэм накъыгъэм и 3I-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и Дзэ-тенджыз флотым и махуэр гъэ къэс зытрагъахуэр дызэрыт мазэм и еплIанэ тхьэмахуэрщ.  Зэрынэрылъагъущи, 2026 гъэм ар бадзэуэгъуэм и 26-м хуэзащ.

Венерэр къэбгъэщхьэпэмэ

ЗэрытщIэщи, ди Дыгъэм къедза уафэщIхэм, я нэхъ жыжьи я нэхъ гъунэгъуи, цIыхухэр щетIысэхрэ щыхуейм дежи къыщакIухьынымкIэ хэкIыпIэрэ Iэмалу къэунэхунухэр зыхуэдэм еджагъэшхуэхэр куэд щIауэ йогупсыс.  

США-м и «NASA» щIэныгъэ IэнатIэу аэронавтикэм зегъэужьынымрэ уахэ щIэншэр джынымрэ зи IуэхущIафэр тезухуар иужь ихьащ Венерэ планетэм нигъэсыну зыхуигъэпс, къэхутэныгъэхэр абы и гущIыIум щезыгъэкIуэкIыфыну гугъэ къезыгъэщI уахэрыкIуэ кхъухьлъатэхэр гъэхьэзырыным.  

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

7 июля 2026 г.       № 106-ПП    г. Нальчик 

О внесении изменений в постановление Правительства Кабардино-Балкарской Республики от 29 ноября 2024 г. № 184-ПП

Правительство Кабардино-Балкарской Республики п о с т а н о в л я е т:

Къалэм лъэщ

КIэрашэ Тембот и пщIэр, и цIэрыIуагъэр яIэтащ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа романхэм, повестхэм, рассказхэм. Ахэр ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми куэдрэ къыщыдэкIащ. Абыхэм адыгэхэм ди цIэр, ди лъэпкъым и хьэл-щэнхэр, и лIыгъэр, и псэукIэр зыхуэдэр дуней псом кърагъэщIащ. Езы тхакIуэшхуэр уахътыншэ ящIащ. Лъэпкъ литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ КIэрашэм и IэдакъэщIэкIхэм ятеухуащ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр.

Иджыри зэ Хьэчим теухуауэ

Зэгуэр, илъэс 25-рэ ипэкIэ, «Адыгэ псалъэм» лэжьэн щыщыщIэздзам, дызытетхыхь цIыху щхьэхуэм теухуа хъыбархэр, гукъэкIыжхэр щызэхуэтхьэскIэ даIущIэурэ, телефонкIэ захуэдгъазэурэ ар зыцIыхуу щытахэр, дэлэжьахэр, и гуащIэм нэхъыфIу щыгъуазэхэр тедгъэпсэлъыхьырт. Хэт ищIэнт а тепсэлъыхьхэм ящыщ зы дэри, зэман дэкIмэ, дыхъуну. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, гумызагъэ зиIа, адыгэбзэ къулей зыIурылъа тхакIуэ ахъырзэман, критик, публицист Iэзэ КъуэIуфэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал телевиденэм нэгъабэ нэтын игъэхьэзырырт.

Шыгъулдыкъащхъуэр Iуахыж

Къуацэ лъахъшэ цIыкIу (нэхъыбэм сантиметр 30 - 50, зэзэмызэ метр 1,5-м нэсу), и тхьэмпэхэр кIыхь Iуву. Бжьыхьэм ахэр плъыжь мэхъури похуж, и мэракIуэхэр щIыIэм исыху къудамэхэм пыту къонэ. Зи гугъу тщIыр кхъуэщын теплъэ зиIэ мэракIуэ щIыху-фIыцIафэ хъурей цIыкIурщ – шыгъулдыкъащхъуэрщ (голубика). Ар япэм «ищхъэрэ» мэракIуэу къалъытэрт, нэхъ къезэгъыр, къыщыкIыр а лъэныкъуэрати. Ауэ иджы Къэбэрдей-Балъкъэрми ар ехъулIэныгъэ яIэу щагъэкI хъуащ.

Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ

«Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ», - жеIэ адыгэм. Абы къокI псэукIэм, гупсысэм, щытыкIэм зэрызиужьыр, нобэмрэ пщэдеймрэ зэрызэтемыхуэр. Мы жыIэкIэр псалъэжь хъужауэ куэдрэ жыдоIэ, щапхъэуи къыдохь. АтIэ псалъэжь куэдым я лъабжьэщ хъыбар. «Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ» жыхуэтIэри абыхэм ящыщщ. Псалъэжьым и хъыбарым дыкъевгъаджэ. 
ГЪУЭТ Синэ. 

 

Шахматыр пасэу къэунэхуащ

 

1924 гъэм Париж къыщыунэхуауэ щытащ шахматымкIэ дунейпсо федерацэр (ФИДЕ). 1966 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-р Шахматым и дунейпсо махуэу ягъэуващ.

Урысейм и цIыхухэр шахмат джэгуным дехьэх Грозный Иван и пащтыхьыгъуэ лъандэрэ. Шахматым дихьэхыу щытащ Пётр I, генерал-фельдмаршал Потёмкин-Таврический Григорий, нэгъуэщIхэри. ШахматымкIэ джэгуакIуэ лъэщт пащтыхь Николай I и къуэ князь Константин. Къулейхэм дыщэм, дыжьыным, пыл къупщхьэм къыхэщIыкIа шахматхэр кърагъэхырт къэрал зэхуэмыдэхэм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2026 гъэм, апхуэдэу къыкIэлъыкIуэ 2027, 2028 гъэхэм ятещIыхьа и республикэ бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн и лъэныкъуэкIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

«ЩэкIуэнымрэ къащэкIу къулеигъэхэр хъумэнымрэ икIи Урысей Федерацэм и хабзэгъэув унафэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №209-ФЗ-уэ 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къыдэкIам и 24-нэ, 33-нэ, статьяхэм, Урысей Федерацэм ЩIыуэпс къулеигъэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм «КъащэкIу къулеигъэхэм я мардэхэр зыгъэув тхылъхэр зэрагъэхьэзыр, ахэр къызэращтэ щIыкIэм икIи Абы итхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа псэущхьэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэ щIыкIэр гъэувыным и IуэхукIэ» 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №981-м япкъ иткIэ ик

Чэнджэщрэ щапхъэкIэ яунэтI

Къэбэрдей-Балъкъэрым мы махуэхэм щокIуэкI хьэрычэт Iуэху къызэзыгъэпэщын щIэзыдзэгъащIэхэм папщIэ «Бизнес 07» егъэджэныгъэр.
Ар республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщащ. ЩIалэгъуалэм и унэм щызэхуэсащ хьэрычэт Iуэхум япэ лъэбакъуэхэр хэзычэ цIыху 50. ГъэщIэгъуэнращи, абыхэм яхэтщ и ныбжьыр илъэс 14 фIэкIа мыхъуауэ зи хэхъуэ зиIэжи.

Иджыри зэ Хьэчим теухуауэ

Зэгуэр, илъэс 25-рэ ипэкIэ, «Адыгэ псалъэм» лэжьэн щыщыщIэздзам, дызытетхыхь цIыху щхьэхуэм теухуа хъыбархэр, гукъэкIыжхэр щызэхуэтхьэскIэ даIущIэурэ, телефонкIэ захуэдгъазэурэ ар зыцIыхуу щытахэр, дэлэжьахэр, и гуащIэм нэхъыфIу щыгъуазэхэр тедгъэпсэлъыхьырт. Хэт ищIэнт а тепсэлъыхьхэм ящыщ зы дэри, зэман дэкIмэ, дыхъуну. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, гумызагъэ зиIа, адыгэбзэ къулей зыIурылъа тхакIуэ ахъырзэман, критик, публицист Iэзэ КъуэIуфэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр  къэрал телевиденэм нэгъабэ нэтын игъэхьэзырырт.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 24, мэрем

Уи щхьэр езым бгъэфIэжыным и дунейпсо махуэщ

Урысейм щагъэлъапIэ Кадастр инженерым и махуэр

1942 гъэм нэмыцэдзэхэм Дон Iус Ростов къалэр яубыдащ икIи Кавказыр къэзэуным яужь ихьащ.

1940 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн.