|
|
Календарь событий
17 июля 2026
17 июля, 2026 - 16:56
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр Москва деж 1942 гъэм къыщрагъэкIуэтыжа иужь, нэрылъагъу хъуащ КъуэкIыпIэ фронтым и кIыхьагъкIэ зэрызыщрагъэужьын къару зэрамыIэжыр. Гъэсыныпхъэр къазэремэщIэкIыр къафIыхыхьэжри, вермахтым унафэ къищтащ ди Хэкум и ипщэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ тракъузэну. ЩIыдагъэм хуэкъулей Бакурэ Грознэрэ абыкIэт здэщыIэр…
Куэдым я плъапIэт
17 июля, 2026 - 16:10
Совет Союзым и экономикэ лъабжьэр къызэгъэпэщыным зи щIэныгъэкIи зи IуэхущIафэкIи хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхущ революционер цIэрыIуэу щыта Дзержинский Феликс. Къэралым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным абы къаруушхуэ тригъэкIуэдащ.
17 июля, 2026 - 15:59
ГъущIгъэткIу-гъуэщIгъавэхэм я махуэм гулъытэ хуащIу къыщаублар Хрущёв Никитэ Совет Союзым и Iэтащхьэу щыщытарщ. Ар щытета илъэсхэм ящыщу 1957 гъэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ, Металлургым и махуэр хагъэунэхукIащ. Абы лъандэрэ бадзэуэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэм ар щагъэлъапIэ къэралышхуэм хыхьэу щыта адрей хэгъэгухэм я нэхъыбэми.
17 июля, 2026 - 15:01
Сабийр къэзылъхуа и адэ-анэм сыт и лъэныкъуэкIи епхащ ар балигъыпIэ иувэху. Языныкъуэ адэ-анэхэм тынш дыдэу быным и жагъуэ ящIыф, и гур ираудыф, йопцIыжыф, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Сабийм иджыри дунейри гъащIэри ицIыхуркъым, ицIыхур къэзылъхуа, зыпI цIыхухэращи, ахэр яфIэдуней псощ. Мы тхыгъэр теухуащ зи дунейр къызытещэща сабийхэм я адэ-анэ цIэрыIуэхэм.
17 июля, 2026 - 14:58
«ГушыIэр тхьэм и щIасэщ», - жиIащ пасэрейм. Адыгэ IуэрыIуатэм къыхэнащ уридыхьэшх пэтми, узыгъэгупсэ гушыIэ хъыбархэр. Ахэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым тегъэпсыхьащ, зэрыхабзэуи, щIагъыбзэ ящIэлъщ. Унагъуэм, гуфIэгъуэ е гуауэ дауэдапщэхэм ехьэлIауэ КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжа гушыIэ хъыбархэм ящыщхэр щапхъэу къыдогъэлъагъуэ.
Гъуэт Синэ.
17 июля, 2026 - 14:30
Адыгэ Iуэхум гурэ псэкIэ хэтщ, анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI тхылъхэр къещэху, зэхуехьэс, щIеджыкI адыгэ щIалэ Сэхъу Мурат. Ар москва унагъуэу щопсэу, и IэщIагъэкIэ дзэ дохутырщ. Мурат тедгъэпсэлъыхьащ лъэкъ Iуэхум, сабиигъуэм, мурадхэмрэ хъуапсапIэмрэ, тхылъхэр фIыуэ зэрилъагъум.
- Мурат, укъыщалъхуа къуажэм, уи сабиигъуэм я гугъу уэзгъэщIынут.
17 июля, 2026 - 13:54
ХъупIэхэм хэс мэлхьэпIатIэхэр хуабжьу шынагъуэщ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэ куэд кърахьэкIри, я дзэкъапIэм цIыхур ицIэлэнкIэ хъунущ. Абыхэм ящыщщ кърым геморрагие техьэгъуэр (КГЛ).
17 июля, 2026 - 12:44
ПщафIэ, шеф-кондитер IэкIуэлъакIуэ Бэбыгуей Фаридэ и Iэзагъэм щыхигъэхъуащ икIи и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ Москва, Новосибирск, Казань, Италием, Франджым, Швейцарием, Испанием, Германием, нэгъуэщI щIыпIэхэм.
17 июля, 2026 - 12:26
Бадзэуэгъуэм и 17, мэрем
Уголовнэ щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм я хьэкумыр щIэным епха IэнатIэхэм я дунейпсо махуэщ
1942 гъэм къалъхуащ КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIу лэжьа, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Уэз Анатолэ.
1948 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Къардэн Мухьэдин.
Дунейм и щытыкIэнур
|