|
|
Календарь событий
15 июня 2026
15 июня, 2026 - 17:06
Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыпIэ къудамэм и секретарь Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ зригъэлъэгъуащ Беслъэнеймрэ Шымэзокъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр. Абы дэщIыгъуащ псэуныгъэм ехьэлIа Iуэхухэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ и къуэдзэ Къардэн Назир.
Мамхэгъ Хьэчим яхуэзащ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIхэм икIи ягу къигъэкIыжащ, зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету, фIагъ лъагэ яIэу и пIалъэм ахэр зэфIагъэкIын зэрыхуейр.
15 июня, 2026 - 16:22
Зи лэжьыгъэхэр куэдым гурыхь ящыхъу адыгэ сурэтыщIщ Фияпщэ Анзор. Ар Тэрч щIыналъэм, Акъбаш Ищхъэрэ (Астэмрей) къуажэм щыщщ. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым щыхуеджащ инженер IэщIагъэм. ЩIалэм езым зыхуигъэсэжащ сурэт щIыным. Сурэт лIэужьыгъуэхэм хещIыкI, краскэхэр Iэрыхуэу къегъэсэбэп. ЗэрыцIыкIурэ сурэт щIынкIэ зытригъэуну фIэфIщ, щIыуэпсым дахагъхэ хелъагъуэ, ар плъыфэ зэхуэмыдэхэмкIи къегъэлъэгъуэж. ЩIалэм Iэмал иIэщ сурэтым философие хилъэгъуэну. Ари цIыхупсэм и къулеягъэм и зы нэщэнэщ. КъызэрилъытэмкIэ, сурэт гъуазджэр езыр философиещ.
15 июня, 2026 - 16:11
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ мы махуэхэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №5-м епхауэ лажьэ сабий сад №3-р. Метр зэбгъузэнатIэу 1100-рэ зыубыд ухуэныгъэр щаухауэ щытар I97I гъэрщ икIи абы лъандэрэ апхуэдиз лэжьыгъэ зэуэ япэу щызэхаублэу аращ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм пэшхэм лъэгужьхэр къратхъыж, блынджабэхэр къатхъунщI, Iэхуитлъэхуит ящI. Абыхэм иужькIэ, унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ. Пэш кIуэцIхэр къращIыкIа нэужь, унэ IуплъапIэри зыхуей хуагъэзэнущ.
15 июня, 2026 - 16:00
Тырку адыгэхэм яIуэтэж хъыбар
Хэкум, хъыджэбзыфIкIэ еджэу зы хъыджэбзрэ щIалэфIкIэ еджэу зы щIалэрэ исти, а щIалэфIыр хъыджэбзым пылът. ХъыджэбзыфIым жиIащ жи:
- Иджы, сымыфIми жылэм тхьэразэ къахухъу, фIыуэ сагъэIуащ, ауэ сэ уэ сыныбдэкIуэкIэ сэ си фIагъи уэ уи фIагъи абыкIэ зэхэгъэкIа хъунукъым. Уэ мор жыхуэпIэм сэ сыдэкIуэнщ, сэ мор жыхуэсIэри уэ къашэ…
- Хъунщ, - арэзы хъуащ щIалэр.
Уэрам дурэш-плIэрэшхэм щыжейуэ, адэ-модэхэм къыщикIухьу, делэIу-делафэу зы щIалэжь хэгъэгум исти:
- Мобы дэкIуэ уэ, - жиIащ жи щIалэм.
15 июня, 2026 - 15:44
«Зэман жыжьэкIэ узэIэбэкIыжмэ, дунейм къытехьа уэрэд, гъыбзэ, тхьэусыхафэхэр нобэ ди гъащIэм куэду хэтщ. Абыхэм къаIуатэ цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и нэгу щIэкIахэр, и хъуэпсапIэхэр. Ахэр, дауи, зыгуэрым и IэдакъэщIэкIщ. Утыку илъадэу «мыр ттхащ» жаIэу щымытами, зым адрейм хуиIуэтэжурэ цIыхубэм яхэIуа хъуащ а уэрэдхэр. Зэманыр кIуэуэрэ ахэр цIыхубэм яй хъуащ. ЩыIэщ илъэс бжыгъэ гуэр дэкIа иужь уэрэдыр зытхар наIуэ къыщыхъуи. Хэт ищIэрэ нобэ зи гугъу тщIы уэрэдми и къежьапIэр къэзыIуэтэжын къыкъуэкIынкIэ хъунщ, - жеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыныр езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ.
15 июня, 2026 - 15:22
И анэшхуэм и куэщIым ису, иджыри тэмэм дыдэу земыкIуауэ, ауэ и жьэр джатэм хуэдэщ, жыхуаIэм хуэдэу щыпсалъэм, сабий уэрэд цIыкIухэр жиIэрт абы. Апхуэдэуи ди щIыпIэ телевидением и «Макъамэ хъуэхъу» нэтыным къиту хъуар зэ фIэкIа зэхимыхами, асыхьэту игу ириубыдэнти, жиIэжынт. ЦIыхум зы зэчий гуэр зэрыхэлъыр иджыри щыцIыкIум щыдалъагъу къохъу, псом хуэмыдэу ар гъуазджэм епхамэ. Апхуэдэхэм ящыщу зи гугъу тщIыр Къэбэрдей-Балъкъэрми Адыгей Республикэми щIыхь зиIэ я артист, утыку къызэрихьэу цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа ДыщэкI Артурщ.
15 июня, 2026 - 13:58
КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и «Ухуэныгъэ» унэтIыныгъэм и 2-нэ курсым щIэс студентхэр хэтащ пэIудзауэ екIуэкIа «Мир олимпиады» урысейпсо зэпеуэм.
НыбжьыщIэхэр «Техникэ механикэ», «Сопротивление материалов» жыхуиIэ зэхьэзэхуэхэм, хабзэ зэрыхъуауэ, илъэс къэс хэтщ. Iуэхум и мурад нэхъыщхьэр щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр къэхутэнырщ, еджапIэр къэзыухахэр зэрагъэхьэзырым и фIагъым хэгъэхъуэнырщ, ухуэныгъэ IэщIагъэм зегъэужьынырщ.
15 июня, 2026 - 13:00
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым II Ипщэ щIыналъэ хэгъэгухэм я щIэнIуатэ иджыблагъэ щекIуэкIащ.
15 июня, 2026 - 13:00
Мэкъуауэгъуэм цIыхум игъуэт гъэмахуэ гукъыдэжым къыдэкIуэ зэпытщ щхьэж и тхыдэм Хэку зауэшуэр къызэрыхэIэбауэ щыта Iэ щIыIэм епха гукъэкIыжхэр. Зы унагъуи ис хъункъым ди республикэми къэралми 22-нэ махуэм къыдэуша гухэщIыр щызэхамыщIауэ.
15 июня, 2026 - 12:40
Мэкъуауэгъуэм и 15, блыщхьэ
Жьыбгъэм и дунейпсо махуэщ
Зи ныбжь хэкIуэтахэм кIэлъызэрахьэ бзаджагъэхэр хэIущIыIу щIыным и дунейпсо махуэщ
1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) Москва нэсащ.
1892 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бырс Анзор.
1929 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Туаршы Аслъэн.
1943 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Пщыгъуэш Юрэ.
Дунейм и щытыкIэнур
|