Календарь событий

13 июня 2026

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр йокIуэкI

 УФ-м и Президент Путин Владимир иджыблагъэ правительствэм хэтхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыхигъэщащ ­сабийхэм гъэмахуэм зыщагъэпсэхуну щIыпIэхэр нэхъыбэ щIын зэрыхуейр. 

Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр

Урысейм и махуэм и пэ къихуэу, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм щрагъэкIуэкIащ ныб­жьы­щIэхэр хэкупсэу гъэсэным, къэралым и тхы­дэмрэ дамыгъэхэмрэ ятеухуауэ ящIэм хэгъэхъуэ­ным ехьэлIа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр.

ПхъэщхьэмыщхьэкIэ дыкъызэрагъэпэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ Ми­нераль­ные Воды къалэм щекIуэкIа, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ мэра­кIуэхэкIхэмрэ гъэкIыным, ахэр хъумэнымрэ щэнымрэ хуэгъэпса щIэныпхъэхэр утыку къыщрахьа VIII дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм. Абы щыIащ республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и ми­нистерст­вэмрэ жыггъэкI IуэхущIапIэ па­жэхэмрэ я лIыкIуэхэри. Республикэм и унафэщIыр зэхуэсыр зэ­рекIуэкIам щытеп­сэ­лъыхьыжащ Максым щиIэ напэкIуэ­цIым:

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым. Нэри псэри зыгъатхъэ, щIымахуэми гъэмахуэми зи лъабжьэм уигу къыщызэрыгъуэтыж жыг уардэ щхьэ­пэлъагэхэм зэрызащыбгъэнщIу, япэу уи нэ къыфIэнэнухэм язщ «Таксим» шхапIэр.