|
|
Календарь событий
09 июня 2026
9 июня, 2026 - 18:19
Налшык къалэ и автомобиль гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ егъэфIэкIуэным, ахэр щыIэ мардэм хуэгъэкIуэным мыхьэнэшхуэ республикэм щрат. ЖыпIэнурамэ, 2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэмрэ щIыналъэм и гъуэгу фондым къыхэкIыну мылъкумрэ я фIыгъэкIэ япэм щымыIауэ лэжьыгъэшхуэхэр абыхэм щызэхаублэнущ.
9 июня, 2026 - 17:26
Дыгъэр къыкъуэкIыу, махуэ къэунэхуам ущыхэбакъуэкIэ, япэу узыIущIэ цIыхум ижь къызэрыпщIихум хуэдэкъэпсу, уэри уи нэгум иралъагъуэ гукъыдэжым елъытащ хьэблэм, къуажэм, къалэм уи фIыгъуэу лъэIэсынур. Мы гъащIэм къыбдыхэт дэтхэнэ зы цIыхуми уазэрыдекIуэкI Iэдэбырщ абыхэм яхуэпщIэфынум я нэхъ мащIэри, ауэ щыхъукIэ, мыхьэнэшхуэ нэхъ зиIэри. Армыраи «Уэ пхуэдэм ухуэгуфIэныр бегъымбар хьэлщ» щIыжаIэр?
9 июня, 2026 - 17:20
Дэтхэнэ зыми и щхьэм хуихьу, и гум щигъафIэу, и гъащIэм иригъэщхьу иIэщ хэхауэ уэрэд гуэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, апхуэдэ дзапэ уэрэдхэр лъэпкъым и мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ усакIуэ Гъубжокъуэ Лиуанрэ композитор Молэ Владимиррэ зэдатха «Бланэ щалъху мэкIуэж» уэрэдыр.
9 июня, 2026 - 16:25
Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ нэгъабэ екIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа, Шэджэм къалэм и «Къалэм уиутIыпщыркъым» пэхуэщIэр ягъэзэщIэн щIадзащ. Абы щхьэкIэ грант ахъшэу кърата сом мелуан 91-р трагъэкIуэдэнущ къалэдэсхэр зыщIэлъэIуа «Ипщэ» хьэблэщIэр зэIузэпэщ щIыным. Иджырей мардэм къитIасэ, цIыху зыгъэпсэхупIэ, нэгузыужьыпIэ цIыхухэм яхуэхъуну а щIыпIэм гектарищым щIигъу ирагъэубыдынущ.
9 июня, 2026 - 15:25
Инджылызым къыщыдэкI «Дыгъэ» газетыр топсэлъыхь США-м и тIасхъэщIэх IуэхущIапIэм (ФБР) президентым и унафэкIэ къигъэнэIуа дэфтэрхэм. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, хьэршым къилъэтыкIауэ I метррэ сантиметр 20-рэ зи лъагагъ псэущхьэ гуэрхэр ялъэгъуащ.
9 июня, 2026 - 14:33
Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ пэхуэщIэу 12 иджыпсту щагъэзащIэ. Абыхэм щхьэкIэ мы гъэм бюджет зэхуэмыдэхэм сом мелард 14,3-рэ къаутIыпщынущ, абы щыщу сом мелард 11,7-р къэрал бюджетым ейуэ.
9 июня, 2026 - 14:18
Адыгэхэр дуней псом къыщацIыху литературэм, макъамэм, къафэм, сурэтыщI гъуазджэм, IэпщIэлъапщIагъэм щаIэ зэфIэкIхэмрэ лъэпкъ щIэин къулей къазэрыдекIуэкIымкIэ. Хэхэс гъащIэми абы и щэнхабзэ дахэр щихъумащ.
9 июня, 2026 - 12:26
Анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным хуэлажьэу Москва щыIэ центрым къызэригъэпэщри, «Адыгэ щэнхабзэм и махуэ» зыфIаща зэхыхьэ ин къалащхьэм щекIуэкIащ. Абы ипкъ иткIэ зэхаша «стIол хъурейр» теухуауэ щытащ адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэным, адыгэ газетхэмрэ журналхэмрэ яIэ мыхьэнэмрэ иджырей зэманым къызэрыдекIуэкIымрэ.
9 июня, 2026 - 07:23
Мэкъуауэгъуэм и 9, гъубж
Архивхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и Промышленность псынщIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
1935 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум япэ дыдэу гупышхуэ дэкIащ.
1949 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Чым Агнессэ.
1964 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и член-корреспондент Блахъуэ Хьэзрэт.
|