Дэтхэнэ зы цIыхуми езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ, и дуней еплъыкIэ, и лэжьэкIэ иIэжщ. Ар тхакIуэмэ, журналистмэ, адрейхэм яхэмыгъуащэ хъэтI иIэж, цIыхухэм гунэс ящыхъу тхыгъэхэр и къалэмыпэм къыщIэкI хъуа нэужьщ а лэжьакIуэр и IэщIагъэм хуэIэзэу къэплъытэ щыхъунур. И анэдэлъхубзэр фIы дыдэу ищIэу, ар игъэшэрыуэу, зи гугъу тщIа хъэтI хэхам хуэдэкIэ итхахэр щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ махуэ къэс ирилъхьэфу къыддэлэжьащ Бекъан Чыланий Машэ и къуэр.