|
|
Календарь событий
05 июня 2026
5 июня, 2026 - 18:43
ЩIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм куэд щIауэ гулъытэ хуэзыщIщ нобэ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн. Уеблэмэ Шыпшым къыхуагъэфэщауэ щытащ Урысей Федерацэм и Президентым щIалэгъуалэ зэчиифIэхэм ядэIэпыкъунымкIэ и саугъэтыр.
5 июня, 2026 - 17:26
«Адыгэ псалъэ» газетым и журналист Бекъан Чыланий псэужамэ, мэкъуауэгъуэм и 5-м и ныбжьыр илъэси 100 ирикъунут. Ди газетыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ ЖьэкIэмыхъу Маринэрэ къыдагъэкIа тхылъым ихуащ Чыланий и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ. Абы щыщ тхыгъэ тыдодзэ.
5 июня, 2026 - 16:51
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-ми РСФСР-ми я къэрал саугъэтхэм, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтым я лауреат, балъкъэр литературэм и классик Кулиев Къайсын дунейм щехыжа махуэм ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, Налшык къалэм усакIуэм и фэеплъу абы и цIэр зезыхьэ уэрамым тетым деж щызэхуэсахэм яхэтт КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм, республикэм и район администрацэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, лъэпкъ интеллигенцэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр.
5 июня, 2026 - 16:29
Урысыбзэм и махуэр Урысейм и мызакъуэу, дуней псом щыпсэу цIыху мелуан 260-м щIигъум илъэс 15 хъуауэ ягъэлъапIэ, ООН-м къищта бзихым (франджыбзэ, китаибзэ, инджылызыбзэ, испаныбзэ, урысыбзэ, хьэрыпыбзэ), дуней псом и бзэ нэхъыщхьи 5-м ящыщщи. Урысыбзэм и махуэм иджыри Пушкиным и махуэкIэ йоджэ, усакIуэ цIэрыIуэм и цIэр иджырей урыс литературэбзэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхам къыхэкIыу. БлэкIа илъэсхэми хуэдэу, Урысыбзэм и махуэр мэкъуауэгъуэм и 6-м къэралым щагъэлъэпIэнущ.
5 июня, 2026 - 15:21
Мэкъуауэгъуэм и 6-м ди къэралым щагъэлъапIэ Урысыбзэм и махуэр. Дунейм щыIэ къэрал куэдым мыхьэнэшхуэ щызыубыдщ, гъащIэм лъапIэныгъэ нэхъыщхьэу къыщалъытэхэм ящыщщ урысыбзэр. Урысхэм нэмыщI, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа цIыхухэми яхэтщ урысыбзэр анэбзэ, анэдэлъхубзэ етIуанэу къэзылъытэхэр. Пэжу, лъэкIыныгъэ ин зыбгъэдэлъ а бзэм увыпIэшхуэ щеубыд филологие щIэныгъэм. Урысыбзэм щыщ псалъэ куэд хэтщ кавказыбзэхэми, адыгэбзэри хиубыдэу. Абыхэм ятеухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъуфI УнэлIокъуэ Вячеслав и тхыгъэр.
5 июня, 2026 - 14:18
ХъэтI щIэщыгъуэ зиIэу щыта усакIуэхэм ящыщщ Къэжэр Хьэмид. ГъащIэм и Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм теухуа абы и IэдакъэщIэкIхэр литературэ щIэин хъуащ, сыт хуэдэ зэманми дэгъуэгурыкIуэфу. Къэжэр Хьэмид и усэхэм теухуауэ профессор Бакъ Зерэ и тхыгъэщ фызыщыдгъэгъуазэр.
ГЪУЭТ Синэ.
5 июня, 2026 - 14:00
«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым и пщIантIэм щагъэлъагъуэ «Нартский эпос. Сказки. Песни» зыфIаща лэжьыгъэхэр. Ар къызэIуахащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуауэ.
5 июня, 2026 - 13:16
«Экономист» цIэр зэрихьэу, США-м мэрем къэс журнал къыщыдокI, и теплъэкIэ газет жыпхъэм иту. Абы и лъабжьэр I843 гъэм Инджылызым щигъэтIылъауэ щытащ Уилсон Джеймс хьэрычэтыщIэм.
5 июня, 2026 - 12:20
Мэкъуауэгъуэм и 5, мэрем
Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и дунейпсо махуэщ
1926 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым мэкъумэшымкIэ и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта Бекъан Чыланий.
1930 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хъунэгу Нуриет.
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и мелиоратор Мамхэгъ Алексей.
5 июня, 2026 - 12:15
Илъэс куэдкIэ егъэджакIуэу лэжьа КIурашын Алий и Iуэтэжыр теухуащ унагъуэм и мыхьэнэм, псом хуэмыдэу сабийм и дежкIэ абы лъапIэныгъэу иIэм, зи адэмрэ анэмрэ къызыщхьэщыту къэхъум нэхъ насыпыфIэ зэрыщымыIэм.
|