Календарь событий

02 июня 2026

ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн иумыгъэщI

 

 ЛIы къулейсыз гуэр и фызым бгъэдэсу:

 - ЕтIанэгъэ жылэм Iэхъуэу танэ пщыкIутIкIэ сахуежьэнщ. Хыр хъууэ, хыр бзыуэ къайIысхынщи, танэбзхэр жэм хъунщ, танэхъухэр вы хъунщ, - щыжиIэм, фызыр къэпсалъэри:

- КхъыIэ, а выщIэхэм си дыщэм саригъэкIуэж! – жиIащ.

- Сыт жыпIэ делагъэр! ВыщIэ мыгъасэм гуэбэн ябгъэщIынуи?! – жиIэри лIыр фызым текIиящ.

 

ЗыкъысщыбгъэпщкIуми, мыбэ зэ укъекIуэлIэжынкъэ?

«Дадэ идэм» …

2025 гъэм «Издательско-полиграфический комплекс» Грозненский рабочий» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ усакIуэ, тхакIуэ, журналист, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и редактор ДЖЭРЫДЖЭ Арсен сабийхэм папщIэ итха усэхэр щызэхуихьэса «Дадэ идэм» тхылъыр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президент Къанокъуэ Арсен къыхилъхьа «Адыгэхэр - 2020. Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэхэр» Iуэхум хэту къыдэкIа тхылъыр абы ит усэ нэжэгужэхэм екIуу игъэщIэрэщIащ Алий Юрэ. «Дадэ идэм» тхылъыр сабиипсэм адыгэ дунейр зыхригъащIэу гъэпсащ.

ЩIэблэ зыгъасэр цIыху и уасэщ

И сабиигъуэм музыкантышхуэ къыхэкIыну траIуауэ щытами, Терекскэ къуажэм къыщалъхуа Семэн Астемыр актёр IэщIагъэр Iэпэгъу хуэхъуащ.

Лъэпкъ Iей щыIэкъым, щыIэр цIыху икIэщ

Евдокимов Николай хуэдэу адыгэ лъэпкъгъэкIуэдым зи цIэр IейкIэ къыхэщ куэд узэрыримыхьэлIэр тхыдэмкIэ щIэныгъэ гуэр зыбгъэдэлъым ещIэ нобэ. Апхуэдэ еплъыкIэ зиIэр адыгэхэм е Кавказым щыщхэм я закъуэкъым. И лъэпкъэгъухэми ягу зыщигъэкIащ а лейзехьэм.  

Мэкъумэш хъыбархэр

  Мелуани 7,4-м нэблагъэ

2026 гъэм и щIышылэм – мазаем къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм джэдыкIэу кърахащ мелуани 7,4-м нэблагъэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 7,3-кIэ нэхъыбэщ ар, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм, абыхэм я нэхъыбэр инкубаторхэм къыщагъэхъуащ.

Ухуэныгъэхэр

Къалэдэсхэм я тыншыпIэхэр

«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIитI мы махуэхэм зэIузэпэщ щащI. Абыхэм зэхэту метр зэбгъузэнатIэу метр мини 4-м нэблагъэ яубыд.

 Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ, ТекIуэныгъэм и уэрамым деж къыщыщIэдзауэ унэ №103-м деж нэсыху, «Строительнэ» жыг хадэ цIыкIумрэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм 2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм 2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетым хэплъауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм 2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетыр къэлъытэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым и УнафэщI       ЕГОРОВЭ Татьянэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм 2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ Крючков В.Г. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм 2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ ищIа отчетым хэплъауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Министерствэм щрагъэблагъэ

Мэкъумэш хъыбархэр

        

Тэрчыр лымкIэ япэщ

2026 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Тэрч щIыналъэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм лырэ джэдкъазылу къалэжьам (псэууэ шэчауэ) я куэдагъым хуэди 3,5-кIэ хагъэхъуащ е тонн мин 381,1-рэ хъуащ.

 Районым апхуэдэ бжыгъэхэр къезытар джэдкъазылырщ – тонн мин 332-м нэблагъэ (псэууэ шэчауэ).

Апхуэдэуи, ди республикэм лымкIэ хэхъуэ  къыщагъэлъэгъуащ Аруан (процент 15,4-рэ), Прохладнэ (процент 13,3-рэ), Бахъсэн (процент 12,4-рэ) щIыналъэхэм.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Урысей Федерацэм и сенатор - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ Ульбашев М.М. къита информацэм и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Урысей Федерацэм и сенатор - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и лIыкIуэ Ульбашев М. М. къита информацэр къэлъытэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым

и УнафэщI       ЕГОРОВЭ Татьянэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Чувашскэ Республикэм и Къэрал советымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэгурыIуэныгъэ зэщIылIэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Чувашскэ Республикэм и Къэрал советымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэщIылIэным арэзы техъуэн икIи абы Iэ щIидзыныр и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщIым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и хабзэубзыху лъабжьэм 2025 гъэм иIа щытыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и докладым и IуэхукIэ

1. Къэщтэн «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и хабзэубзыху лъабжьэм 2025 гъэм иIа щытыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и докладыр.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 2, гъубж

Къэуат зыщIэлъ ерыскъымрэ шхынкIэ емыгъэлеинымрэ я махуэщ

1928 гъэм Налшык тхылъ тедзапIэ къыщызэIуахащ.

1950 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист Хьэту Пётр.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 18 - 20, жэщым градуси 8 - 10 щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ: