Календарь событий

01 июня 2026

ЩIыналъэм и щIыпIэ зэпэщхэр

Аруан районым щыщ Аруан къуажэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрам нэхъыщхьэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» КъБР-м и къэрал программэм и «Гъуэгу хозяйствэ» гуэдзэным ипкъ иткIэ. 

Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ

Мэкъуауэгъуэм и 1-р Адэ-анэхэм я дунейпсо махуэщ. А махуэшхуэр ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2012 гъэм игъэувауэ щытащ, икIи 2013 гъэ лъандэрэ илъэс къэс ягъэлъапIэ. МахуэшхуэмкIэ я мурадыр унагъуэмрэ адэ-анэхэмрэ сабийхэр гъэса хъунымкIэ я пщэм къыдэхуэ къалэныр ягу къагъэкIыжынырщ, унагъуэхэм защIэгъэкъуэным жылагъуэм гу лъегъэтэнырщ. Адыгэхэм махуэ хэха ямыIэми, нэхъыжьым, адэ-анэм пщIэ яхуэщIыныр я хабзэу къекIуэкIащ сыт щыгъуи. Абыхэм щыхьэт техъуэжхэри IуэрыIуатэм ихъумащ.

Уи цIэр фIыкIэ бгъэIуныр

Шэджэм ЕтIуанэм дэт мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэхэм гу щылъетэ муслъымэным хэлъыпхъэ хьэлхэм я нэхъыщхьэм. Ар цIыху пэжу ущытынырщ. Ауэ хэт апхуэдэу узэджэну къэзылэжьыр? А упщIэм жэуап щриткIэ, Iимамым щапхъэу къехь муслъымъэн тхыдэм хэта цIыхушхуэхэм ятеухуа хъыбархэр. 

Уджыр къыбогъажьэ

- Гухэлъ уэрэдхэм ди гъащIэм увыпIэшхуэ щаубыд. Нобэ дызытепсэлъыхьыну уэрэдыр зэраусрэ илъэс 60-м нэблэгъащ, - «Уджыр къыбогъажьэ» уэрэдым и къежьапIэм дыщегъэгъуазэ КIунтIыщ - ХьэпцIэ Аннэ. - Тхылъым зэритымкIэ, абы и псалъэхэр зейр Бещтокъуэ Хьэбасщ, макъамэр - Дыгъужь Хъусенщ (къуажэдэсхэр зэреджэр ФIыцIэщ). А уэрэдым и хъыбар зэхуэсхьэсыну яужь сыщихьэм, сэ зыхуэзгъэзащ композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил. «60 гъэхэм зэхэсхат «ФатIимэт» цIэр къыхэщу зы уэрэд. УзыIэпишэу уедаIуэрт, ауэ, и кIэм нэсу мытхауэ къысщыхъуащ, - жиIащ ХьэIупэм. - Уэрэдыр зейр наIуэтэкъым.

IэнатIэхэм я зэфIэкIхэр – бжыгъэхэмкIэ

2026 гъэм и щIышылэм - мазаем Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 108,4-рэ хъуащ.

ХьэщIагъэм пыщIа хуэIухуэщIэхэр

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хыхьэу хьэщIагъэ хуэIухуэщIэм пыщIа IуэхущIапIэу ди къэралым щатхам щыщу тху къэс зыр къуажэ щIыпIэхэм щыIэщ.
Псом хуэмыдэу абыхэм я Iуэхутхьэбзэхэм щIэупщIэ нэхъыбэ щаIэр бгылъэ щIыналъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, Алтайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм. 

Уи гум мамырыгъэ щыухуэ

КъБКъУ-м и «Альтаир» щIалэгъуалэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейр – ди зэхуэдэ унэщ» зыфIаща муслъымэн зэхуэс. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №147-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр: 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Ныкъуэдыкъуэхэм я IуэхухэмкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм шыщхьэуIум и 24-м къыдигъэкIа Указ №110-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 

Хабзэр жыпхъэкъым, нэхъыбэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал дамэ театрым и артист пажэ Хьэмырзэ Ахьмэд иджыблагъэ яIущIащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и еджакIуэхэм. ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым гупсэхуу щызэдэуэршэращ актёр цIэрыIуэмрэ лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм дихьэх щIалэгъуалэмрэ. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 1, блыщхьэ

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 
Адэ-анэм я дунейпсо махуэщ 
Шэм и дунейпсо махуэщ 
Къэжыхьыным и дунейпсо махуэщ 
1921 гъэм
«Красная Кабарда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ. 
1936 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Шортэн Тамарэ.