Календарь событий

28 мая 2026

Нало Заур и дуней еплъыкIэу щытар

Адыгэ тхакIуэ, гупсысакIуэ, политикэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур и гъащIэм, и лэжьыгъэ купщIафIэхэм,

Фочауэм и хъыбар

Хэку зауэшхуэм хэтахэм ящыщщ Унэж Хьэждаут Мэрем и къуэр, КъБКъУ-м и профессор Унэж Кашиф и адэр. Ар I8-нэ десантыдзэм и хы лъэсыдзэм хэту Новороссийск деж щызэуащ. «Малая Земля» жыхуаIэ щIыгур километр зэбгъузэнатIэ 30 хъууэ аращ, ауэ мыхьэнэшхуэ иIэти, совет зауэлI мин 12-15-м махуэ 225-кIэ ар яIыгъащ, бийр кърамыгъэкIуалIэу. НэгъуэщIу хъунутэкъым: Таманымрэ Кърымымрэ хуит къащIыжын щхьэкIэ, Новороссийск яIыгъын хуейт.

Нарт Сосрыкъуэ къуентхъыр зэригуэшар

(Нарт тхыдэжь)

Нартхэ зекIуэ ежьэрти, Сосрыкъуэ гъусэ ящIакъым:

– Къыддэгуэшэнщи, къэтхьым я нэхъ щIагъуэм дыхигъэкIыжынщ, – жаIэри.

И анэр къегиящ Сосрыкъуэ:

– Нартхэ зекIуэ ежьащ, фIыгъуэ къахьрэ къэкIуэжмэ, Iыхьэншэ уащIынщ, – жери.

– Ар Iуэху, – жиIащ Сосрыкъуэ. – Сыгъашхэ закъуэ.

Сэтэней Iэнэ къигъэуващ, пIастэ бзыгъэ диярэ лы Iыхьэ диярэ къытрилъхьэри. Сосрыкъуэ пIастэ бзыгъэр ихузри, псыр къыщIихуащ, лы Iыхьэм мылыр кIэригъэщэщщ, шхэри тэджыжащ:

– Нэхъ IэфI сшхауэ сщIэжыркъым, – жиIэри.

ГъэщIэгъуэн ядыболъагъу

Гъудэ-бадзэхэм яхэтщ гъэщIэгъуэн куэд зыдэплъагъухэр. Абы къыщымынэу, абыхэм ятеухуа щIэныгъэм зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми зыщыбгъэгъуазэмэ, куэдым гу лъыптэнущ. Щхьэхуэу дытепсэлъыхьынщ бжьэхэмрэ хъумпIэцIэджхэмрэ. ТIури егъэлеяуэ лэжьакIуэшхуэхэщ, яхуумыгъэфэщэн къару яхэлъуи къыщIокI.

Телъыджэхэщ

Бжьэхэм телъыджэ куэд ядыболъагъу. Я зыщIыкIэм, я теплъэм теухуауэ гъэщIэгъуэныщэщ ахэр:

Дуней псор зыпэщIэт узыфэ

Иужьрей зэманым лышх узым зэрызиубгъуар щэхукъым. Языныкъуэхэм жаIэ а узыфэ шынагъуэр цIыхум и зыужьыныгъэм къыдэунэхуауэ, цIыхур щIыуэпсым пэжыжьэ зэрыхъуам, ерыскъы тэмэм зэримышхым, хьэуар зэрымыкъабзэм къыхэкIауэ.

Дахагъэм гъунэгъу зэхуищIу

Зэгуэр тхакIуэ цIэрыIуэ Достоевский Фёдор дунейр дахагъэм зэрихъумэнур жиIэгъат, ар щыIэныгъэм и мардэу, псэуныгъэм и гуащIэу, зэпэщыныгъэм и кIуэрабгъуу зэрыщытыр къигъэлъагъуэу. Дахагъэр зытеухуар нэр Iэпызых цIыху теплъэм и закъуэкъым, ар ехьэлIащ и гупсысэр къызэщIэзыгъэушэ, щIэщыгъуэ гуэрхэм хуэзыгъэпабгъэ, щыIэныгъэм и купщIэм къозыгъэлъыхъуэ и IэщIагъэхэми. КъищынэмыщIауэ, дахагъэм малъхъэдис къару хэлъщ, абы къыпкъригъэхьа гузэхэщIэмкIэ дунейр ем щыпхъумэну ухуейуэ укъызэщIиIэтэу, абы цIыхухэр къызыхуриджэ щыIэкIэ дахэр зыIэригъэхьэну лъыхъуакIуэ иригъажьэу.

НОБЭ

Накъыгъэм и 28, махуэку

Дыгъужь плъыжьым и дунейпсо махуэщ

УФ-м щагъэлъапIэ Гъунапкъэхъумэм и махуэр

1930 гъэм къалъхуащ Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм и гимныр зытха МэшбащIэ Исхьэкъ.