|
|
Календарь событий
27 мая 2026
27 мая, 2026 - 16:00
Накъыгъэм и 27-м ди къэралым щагъэлъапIэ Библиотекэм и урысейпсо махуэр. А IуэхущIапIэр игъащIэми къалъытэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я къигъэхъуапIэу. Пэжу, и чэзууэ узэджа тхылъым нэхъыфI щымыIэу жаIэ, сыту жыпIэмэ куэдрэ къохъу (е къэхъуу щытащ) абы цIыхум и гъащIэ гъуэгур хэт нэхъри нэхъыфIу щихъуэжыф. «Тхылъ емыджэ цIыхур зи нэр щыпхыкIам хуэдэщ. Абы зытет дунейр илъагъуркъым. Ар гъуджэм имыплъэ цIыхум ещхьщ, зилъагъужыркъым», - итхыгъащ Гамзатов Расул. А псалъэ Iущхэм япкърылъ купщIэр зэрыиным зэманыр мызэ-мытIэу щыхьэт техъуащ.
27 мая, 2026 - 15:30
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэ» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и ХьэтIохъущыкъуей къуажэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу 910-нэ лъагапIэм щыIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.
27 мая, 2026 - 15:07
Машинэхэр кхъуафэжьейм хуэдэу псыщхьэм тету, жыгхэм я лъэхъыцыр щIыгъуу къыхитхъауэ, лъэмыжхэр трилъэсыкIауэ, гъуэгухэм зэи асфальт темылъам хуэдэу зэтрикъутарэ ущыземыкIуэжыфу, цIыху щэ бжыгъэхэр хъыбарыншэу дэкIуэдауэ… Апхуэдэущ иджыпсту уэшх къызэрешхыр! Ди уэрамыщхьэхэмрэ пщIантIэхэмрэ зыри хъужынукъым, жыгхадэр ихьыжащ жытIэу дигу къеуэми, иужьрей зэманым къиин хъуа щIыуэпс насыпыншагъэр – псыдзэр – ди закъуэкъым зыхуэлъэр. Апхуэдэщ дуней псор.
27 мая, 2026 - 14:04
Бзэмрэ хабзэмрэ егъэщIэн жыпIэми, фэм елэжьынрами, бжьэгъэхъуну щытми ЦIыпIынэхэ я унагъуэр сыт щыгъуи лъэпкъ IэщIагъэхэм епхауэ къогъуэгурыкIуэ. IуэрыIуэтэдж цIэрыIуэу щыта ЦIыпIынэ Аслъэн IуэхуфI илэжьахэр нобэ Iэпэгъу хуэхъужауи жыпIэ хъунущ абы и къуэ, этнограф, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат ЦIыпIынэ Идар.
27 мая, 2026 - 12:26
Къармэ Мажмудин и щIыхькIэ
Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат клубым щекIуэкIащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къармэ Мажмудин и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Мы гъэм етхуанэу зэхаша а зэпеуэр махуэ зыбжанэкIэ зэхэтащ икIи абы щызэхуэзащ шахматым дихьэхыу цIыху 200-м нэблагъэ.
Накъыгъэм и 3-м блицымкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Богов Хетаг, етIуанэ хъуащ Мыкъуэжь Беслъэн, ещанэр ТекIуий Эмирщ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ.
27 мая, 2026 - 11:46
Европэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Болгарием и Самоков къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьыщIэ Дыкъынэ Руслан.
Килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ди щIалэщIэм зэIущIэм зэхьэзэхуэ зыбжанэ хъарзынэу щригъэкIуэкIащ. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ абы къыпэщIэтащ Украинэм и бэнакIуэ, ауэ бжыгъэр 9:0-у Руслан ар хигъэщIащ.
Дыкъынэм и тренерхэр Табыхъу Тимуррэ Жыкъуэ Залымхъанрэщ.
Зэпеуэм хэтахэр зи ныбжьыр илъэс 15-м щIимыгъуахэрщ.
Домбеякъыу тIу
27 мая, 2026 - 11:33
Кавказ Iэщэм теухуауэ ятха тхыгъэхэм уахэплъэмэ, псом япэ зэрищынум шэч хэлъкъым Аствацатурян Эммэ и «Кавказ лъэпкъхэм я Iэщэр» тхылъыр. ЩIэныгъэрылажьэ лъэрызехьэу щыта бзылъхугъэм ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм теухуауэ кърихьэлIа тхыдэр апхуэдизкIэ абрагъуэщи, и кIэм дынэплъысауэ ноби тхужыIэнукъым.
27 мая, 2026 - 10:00
Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, къэхутэным къару ин дыдэ ирихьэлIащ Шортэн Аскэрбий, абы и фIыгъэкIэ къыдэкIащ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, адыгэ IуэрыIуатэм и фIыпIэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. Абы зэфIигъэкIахэм, къехъулIахэм тетхыхьахэм ящыщщ усакIуэ, тхакIуэ, журналист, сценарист Жылэтеж Сэлэдин.
27 мая, 2026 - 09:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ къэрал мэкъумэш университетым къыщызэIуахащ «Фермерым и еджапIэ» къэрал пэхуэщIэм и 13-нэ гъэ еджэгъуэщIэр.
Мы гъэм абы щыхурагъэджэнущ жэм гъэшыфIэхэр къэгъэхъунымрэ жыг хадэ гъэкIынымрэ я щэхухэм. ПэхуэщIэр къыхэзылъхьар Урысеймэкъумэбанкырщ, УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэр къыдэIэпыкъуу.
27 мая, 2026 - 09:00
Накъыгъэм и 27, бэрэжьей
Библиотекэхэм я урысейпсо махуэщ
Санкт-Петербург къалэм и махуэщ
1951 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 22-рэ, жэщым градус 13 - 15 щыхъунущ.
|