Календарь событий

26 мая 2026

«Зэманым и гъуджэ»

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ТхакIуэхэм зэгухьэныгъэмрэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм 2022 гъэм бзищкIэ - адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ - зэхэгъэувауэ къыщыдагъэкIащ «Время слова» тхылъыр. Абы тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я усэхэр, рассказхэр, гъуэгуанэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэсащ.

 «Зэманым и гъджэ» тхылъыр цIыхухэм щIаджыкIащ, гурыхь ящыхъуахэр къыхагъэщащ, тхыгъэхэми я гугъу ящIащ. Тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъым теухуауэ ди тхакIуэхэм жаIауэ щытахэм ящыщхэр къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ.

Узыфэ щэху-бзаджэ

ЦIыху нэхъыбэ ныкъуэдыкъуэу къэзыгъанэ е зэрылIыкI узыфэхэм ящыщщ инсультыр. Ар къыщыплъэщIыхьэнур къызэрыпхуэщIэн зы Iэмали щыIэкъым, ауэ и чэзум «къыпхуэцIыхурэ», инсульт къызэуар сымаджэщым нэхъ псынщIэу нэбгъэсмэ, къелынри, бэIутIэIуншэу къикIынри хэлъщ. Къыхэгъэщыпхъэщ иужьрей зэманым инсультыр «щIалэ» зэрыхъуар, ныбжьым емылъытауэ, псоми зэрахуэлъэр икIи ар зэфыкIхэм я бжыгъэм процент 30-кIэ зэрыхэхъуар.

Осетин таурыхъ зыбжанэ

Сабийхэм уакъыхуеджэну щхьэпэщ ущииныгъэ зыхэлъ, фIым ухуэзыущий, пцIым лъакъуэ зэрыщIэмытыр къыбгурызыгъаIуэ таурыхъхэм. Апхуэдэщ, осетин таурыхъыу УЭРЭЗЕЙ Афлик адыгэбзэкIэ зэридзэкIахэр. «Хьэ екIуэлIапIэншэ» тхыгъэм уигу къегъэкI, «гъэмахуэм умыгъэтIылъар щIымахуэм бгъуэтыжынукъым», псалъэжьыр. Мыбы цIыкIухэр хуиущиинущ Iуэхур и чэзум зэрыщIапхъэм, ар Iэпэдэгъэлэл пщIымэ, узэрыщIегъуэжынум. «ЦIыхумрэ цыжьбанэмрэ»таурыхъым мыпхуэдэ гупсысэ щIэлъщ: цIыху ирехъу, псэущхьэ ирехъуи, щхьэж и щIыпIэм щыпсэун, зыщиужьын хуейщ.

Илъэси 100-м и Iэужь

ЩIэблитI къащIэхъуа иужькIэщ Тыркур псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм зэрымыкIуэдар я Хэкум кърагъэщIэну Iэмал щагъуэтар. Кавказым икIахэм абы щыгъуэм къызэрагъэпэщат Зэкъуэтыныгъэмрэ зэдэIэпыкъунымкIэ адыгэхэм я зэгухьэныгъэ, ауэ я щIыналъэ къэкIуэжын папщIэ, абыхэм иджыри щIэгъэкъуэн яIэтэкъым. ЩIыналъэ ирагъэбгынам здраха сыт хуэдэ хьэпшыпри хэхэсхэм дежкIэ дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэт.

НыбжьыщIэхэри экономикэм къыхохьэ

 Налшык къалэ дэт ЩIалэгъуалэм я унэм накъыгъэм и 23-м щекIуэкIащ «ЩIэныгъэхэр зи куэд Iуащхьэмахуэ» форум иныр. Абы щызэхуэсащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм, Урысейм и нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа ныбжьыщIэ 500-м щIигъу. 

Баязидрэ хьэмрэ

Iущыгъэрэ чэнджэщкIэ гъэнщIа хъыбарыжьхэм игъащIэкIи уигу къэмыкIыну гупсысэрэ кууагърэ ущрохьэлIэ. Апхуэдэхэм я щапхъэщ щIэныгъэлIышхуэ Бистамий Баязид теухуар. 

Псори зэкъуэзыгъэувэр зы мурадт

Совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыгъэ уахътыншэм теухуауэ «Дэ дощIэж» щэнхабзэ-хэкупсэ Iуэху къыщызэрагъэпэщат КъБКъУ-м. Зэхыхьэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыдащ Тыркуменистаным щыщ студентхэм я къэпсэлъэныгъэхэм. Абыхэм псоми я зэхуэдэ ТекIуэныгъэм уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа я адэшхуэхэм я гугъу ящIащ. Мыр щыхьэт тохъуэ Хэку зауэшхуэр щIэблэм зэIэпах, «псэ зыIут» фэеплъу зэрыщытым.

Нэхъ мащIэ хъуркъым

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм и япэ мазищым Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэу щалэжьащ сом мелард 22,3-рэ и уасэ е нагъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 103,9- кIэ хуэкIуэу (иджыпсту къекIуэкI уасэхэм ятещIыхьауэ).

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм Iуэхутхьэбзэу псори зэхэту щалэжьам и процент 69,2-р хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ я IуэхущIапIэхэм къалъос, адрей IуэхущIапIэхэм - процент 30,8-р.

СыткIи щапхъэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хъыжьрокъуэ Азэмэт и тхыгъэр теухуащ нэхъыжьыфI Гуэщокъуэ Абдул-Бакъи. Азэмэт и тхыгъэм къыщыхигъэщащ тхьэмадэр гъуэгугъэлъагъуи чэнджэщэгъуи, гъащIэм хуиIэ еплъыкIэр зэфIэувэнымкIи сэбэпышхуэ къызэрыхуэхъур.

Студентхэр зэпоуэ

КъБКъУ-м и спорт комплексым щекIуэкIащ студентхэм дзюдомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 80-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 17-25-рэ хъухэу. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтынут Урысейм и Кубокымрэ гъэмахуэ Универсиадэмрэ я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну, УФ-м и командэ къыхэхам зыхагъэхуэну. Абыхэм щхьэкIэ щIалэхэр щIэбэнащ медал комплекти 7-м, хъыджэбзхэр - 4-м. 

Фэеплъ лъагъуэхэм ирикIуэкIэрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым менеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтым щызэхэт «Бгырысхэр» щIалэгъуалэ хасэм и жэрдэмкIэ иджыблагъэ зекIуэ къызэрагъэпэщащ. Урыс географие зэгухьэныгъэм зы къудамэу хыхьэ ныбжьыщIэ гупым я гукъэкIыр I94I–I945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм совет цIыхубэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьар илъэс 82-рэ зэрырикъум теухуат.

НОБЭ

Накъыгъэм и 26, гъубж

Химикым и махуэщ

Урысей хьэрычэтыщIэм и махуэщ

Урысей шууейм и махуэщ

1985 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер (КъБКъМА-р) къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.

 1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щэрдан Iэбу.

Дунейм и щытыкIэнур