|
|
Календарь событий
23 мая 2026
23 мая, 2026 - 12:09
Ди газетым зэрытетащи, накъыгъэм и 20-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм теухуа «стIол хъурей». ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ илъэси 101-кIэ екIуэкIа Кавказ зауэм и Iэужьым, щэнхабзэмрэ бзэмрэ нобэ я Iуэху зытетым, Адыгэм и щыгъуэ махуэр зэрегъэкIуэкIын хуей жыпхъэм, лъэпкъым хуэщхьэпэн лэжьыгъэу ди щIэныгъэлIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я гуащIэ къихьым.
23 мая, 2026 - 11:18
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм хэтащ. Ар Мэзкуу щригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат.
ЗэIущIэр теухуат щIыналъэхэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр къызэрагъэщIэрэщIэжыпхъэ Iэмалхэм, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» проектымрэ «Ухуэныгъэ» къэрал программэмрэ хуаутIыпщ мылъкумрэ абыхэм хиубыдэу яухуа объектхэр зэраухуэмрэ. КъинэмыщIауэ, хьэку гъэплъыгъуэ пIалъэ иухам тепсэлъы-хьащ, къэблагъэ бжьыхьэ-щIымахуэм зэрызыхуагъэхьэзыр щIыкIэми я гугъу ящIащ.
23 мая, 2026 - 11:08
«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм къыщызэрагъэпэщынущ олимп, паралимп джэгухэм хыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэм, абыхэм бгы-лыжэ, сноуборд, фристайл, ски-альпинизм хуэдэхэри яхэту, ди спортсменхэм зыщыхуагъэсэну иджырей IуэхущIапIэхэр.
23 мая, 2026 - 10:10
Уэшхышхуэ къешхам и зэранкIэ, дыгъуасэ пщэдджыжьым Шэчэр псыр къыдэкIуейри, псыхъуэ нэпкъым къыщхьэдэуэхащ. Ар къыдэлъэдащ Уэзрэдж къуажэм и Октябрьскэ уэрэмым щыщ зы пакIэм.
ХэкIуэдаи лей къызытехьаи щыIэкъым, къуажэм и ухуэныгъэхэм и зэран екIакъым.
ЩIыпIэм щолажьэ къэхъукъащIэхэм кърикIуахэр пIэщIэгъуэкIэ зэзыгъэзэхуэж, гъуэгу, коммунальнэ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, район администрацэм и унафэщIхэр.
ЩытыкIэр унафэщIхэм я нэIэ щIэтщ.
23 мая, 2026 - 10:05
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Луганск лъэпкъ республикэм хыхьэ Старобельскэ районым къыщыхъуа гузэвэгъуэр зылъысахэм яхуэгузэващ.
23 мая, 2026 - 09:10
Накъыгъэм и 21-м цIыхухэр Налшык гъущI гъуэгу вокзалым деж къыщежьэри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым кърикIуащ, бзылъхугъэхэм гъыбзэхэр жаIэу, цIыхухъухэм уэрэдыжьхэр къыхадзэурэ.
|