Мы махуэхэм Тэтэрстаным щокIуэкI «Урысей - Ислъам дуней: KazanForum» дуней-псо экономикэ зэхуэсыш-хуэр. Абы и лэжьыгъэм хэтщ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Республикэм и унафэщIыр Къэзан лъэтащ зэкъуэш щIыналъэхэм нэхъ пасэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ нэгъабэ яутIыпща рейс занщIэм тет кхъухьлъатэмкIэ.