Календарь событий

11 мая 2026

ЩIэуахътыншэри аращ

Совет Союзыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зылI и быну зэщIэтаджэри, бий ерум пэщIэуващ. Ди хуитыныгъэм къы­щхьэщыжу, фашист зэрыпхъуакIуэхэм псэемыблэжу пэщIэувахэм яхыхьащ Бэраухэ Хьэжумар и къуэ Къэралбийрэ ХьэкIашэ и къуэ Аслъэнджэрийрэ.

ЗауитIми я лIыхъужь

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку ­зауэшхуэм совет къэралым Те­кIуэ­ныгъэ ин къызэрыщихьрэ илъэс ­80-м щIигъуащ. БлэкIа Iуэхугъуэхэм я щIэнгъуазэу щыт тхыдэм, гъащIэм къагъэлъагъуэ а зауэшхуэр а лIэщIы­гъуэм щыIа зэпэщIэувэныгъэхэм я ­нэхъ ин дыдэу зэрыщы­тар. Хэку зауэшхуэм и екIуэкIыкIэр зыхъуэжауэ къалъытэ советыдзэ­хэм 1943 гъэм Ста­линград и деж текIуэныгъэ къы­зэ­рымыкIуэ къы­зэ­рыщахьам.

115-нэ шуудзэм теухуауэ иджыри зэ

Тхыдэр къы­зыхэщыж фильм­хэмкIэ Хэку зауэшхуэм и гъуэгуа­нэм дроплъэж. Апхуэдэщ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуу­дзэм ­теухуауэ Ко­ло­мий­цев Владислав­рэ Пщыгъуэш Тимуррэ траха дэф­тэрхэр зи лъабжьэ фильмыр. 

Щапхъэ дахэ игъэлъагъуэрт

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм пщIэ, гулъытэ хэха яхуэфащэщи, къэралым абыхэм защIигъакъуэу къокIуэкI. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ а Iуэхум зи щхьэ хэ­зылъхьахэри. Абыхэм ящыщщ Жэм­тхьэлэ къуа­жэм щыщ Гъубжокъуэ Хьэз­рэталий. 

ЦIыху зэпIэзэрыт

Блий Станислав и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу