Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьар зэрыдгъэлъапIэм и щIыхькIэ, тхыдэдж, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ УФ-м и тхакIуэхэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Опрышкэ Олег ирагъэблэгъащ Кулиевым и уэрамым тет япэ модельнэ библиотекэм. Ар яIущIащ Промышленность псынщIэмкIэ колледжым и студентхэм.
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и унафэщI Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа президиумым и зэIущIэм видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.